Адыгэ литературэ гушыIэмрэ ауанымрэМы фIэщыгъэм щIэту 2013 гъэм тхылъ къыдигъэкIауэ щытащ филологие щIэныгъэхэмкIэ доктор БакIуу Хъанджэрий. Совет лъэхъэнэм иужь илъэсхэм (1991 - 2012 гъэхэм) адыгэ литературэм зэхъуэкIыныгъэ зыбжанэ игъуэтащ. Ахэр къэзышар езы псэукIэм, жылагъуэ зэхэтыкIэм къыщыхъуа Iуэхугъуэхэрщ. Дэ зи гугъу тщIынур литературэ псоракъым, атIэ абы и жанр щхьэхуэхэу дунейпсо критикэм «юмор», «сатирэ» жиIэу хыхьахэрщ. Ахэр псори зэпкърыхауэ еджакIуэм и пащхьэ ирелъхьэ щIэныгъэлIым. - Зи гугъу тщIыну лъэхъэнэм и гъунапкъэм дикIын хуейуэ къызолъытэ щхьэусыгъуитIкIэ: япэрейр, совет нэужь зэманым гушыIэмрэ ауанымрэ теухуа тхыгъэхэр куэд дыдэ хъуркъым; етIуанэр (ар нэхъыщхьэщ), мы жанрым теухуа къэхутэныгъэ щIагъуэ щыIэкъым. ЩIэныгъэлIхэр кIэлъыплъакъым ди литературэ блэкIа жыжьэми совет зэманми гушыIэмрэ ауанымрэ хуэгъэзауэ адыгэ тхакIуэхэм, усакIуэхэм, драматургхэм я гуащIэ зыхалъхьа тхыгъэхэм. Пэжщ, комедие жанрыр нэхъ джа хъуащ, ауэ усыгъэми прозэми ехьэлIа къэхутэныгъэхэр мащIэ дыдэщ. Литературэдж щIэныгъэм къытена «щIыхуэр» пшыныжын мурадкIэ, блэкIа лъэхъэнэхэми дыхэплъэжын къалэныр игъуэу къыщIэкIынущ. КъыщIэддзэнщ теорием ехьэлIа гупсысэхэмкIэ. Псом япэу жыIэпхъэщ мы жанрхэр ди литературэ щIэныгъэми критикэми арэзы укъищIын хуэдэу джа зэрымыхъуар. Уеблэмэ, а жанритIым я гъунапкъэри зэхэгъэкIыгъуейщ. Литературэм и теорием дыкIэлъыплъын ипэ къихуэу къэтхьынщ гушыIэмрэ (юмор) ауанымрэ (сатирэ) IутIыж Борис зэрызэхигъэкIа усэу тха сатыриплI: «ГушыIэр - цIыхум и гъуэгу гъуэмылапхъэщ. Ауаныр - ар гъащIэм и пщIантIэ жыхапхъэщ. ГушыIэм къыредз ди гъуэгуанэм пкIэлъей. Ауаным епхъэнкI, егъэкъабзэ дунейр». Сыт хуэдэ лъэпкъми и гъащIэм убгъуауэ хэтщ гушыIэр. Адыгэхэм ижь-ижьыж лъандэрэ къадогъуэгурыкIуэ «гушыIэр тхьэм и щIасэщ» псалъэжьыр. ГушыIэрэ ауанкIэ гъэнщIащ дунейпсо литературэр. ГушыIэр шыгъум ебгъапщэ хъунущ - ар хэмылъмэ, сыт хуэдэ шхынри гурымыхь мэхъу. Шыгъу папщIэу гушыIэр хэпхъащ тхыгъэ куэд дыдэм, ауэ ар зи темэ нэхъыщхьэхэри мащIэкъым. Апхуэдэхэм я къупхъэу, я жанр щхьэхуэу теорием хыхьащ юморымрэ (гушыIэ) сатирэмрэ (ауан), - жеIэ щIэныгъэлIым. Юморымрэ сатирэмрэ жанр щхьэхуэу къэзылъытэ теоретикхэр мащIэщ, литературэм ехьэлIа терминхэр зэрыт псалъалъэхэу курыт еджапIэм щхьэкIэ къыдэкIахэм «юмор», «сатирэ» терминхэр щхьэхуэу иткъым, ахэр «комическое» зыфIаща гурыIуэгъуэм хэухуэнапхъэщ абы и пкъыгъуэхэу. Сатирэм пэуву къэбгъэсэбэп хъунущ «ауан» псалъэр, ауэ сатирэм къикI мыхьэнэ псори къиIуэтэфыну къыщIэкIынукъым абы. «Юмор» псалъэр фIыуэ нэхъ щIалэщ «сатирэм» нэхърэ. Сатирэр «античнэ» зыфIаща литературэ пасэрей дыдэм хэтащ драматургием и зы жанру. ГушыIэр (юморыр) гъащIэми литературэми куэдкIэ щынэхъыбэщ, ауаным (сатирэм) елъытауэ. ЩIэныгъэлI Ю. Борев зэритхымкIэ, гушыIэмрэ ауанымрэ «комизмым» и лъэныкъуэ зырызщ. ГушыIэр цIыхум и ныкъусаныгъэ щхьэхуэ гуэрым е IуэхущIафэ щхьэхуэм, щыуагъэм тещIыхьащ икIи хэкъузауэ иубыркъым, гуапагъэ гуэри хэлъу щодыхьэшхыр. Ауаным нэхъ хэкъузауэ къегъэлъагъуэ мыхъумыщIагъэ гъэкIуэдын хуейр, напэмрэ цIыхугъэмрэ къемызэгъхэр. Адыгэ псалъэжь щыIэщ «ауаныр сыт щыгъуи гушыIэм и щIыбым къыдэтщ» жиIэу. Мыри щыхьэт тохъуэ ауаныр нэхъ «ткIыбжьу» зэрыщытым. ГушыIэмрэ ауанымрэ зи лъабжьэ басняри, эпиграммэри, пародиери литературэм мащIэ щыхъуащ. ЩымыIэххэу къэплъытэ хъунущ памфлетыр. Фельетонымрэ памфлетымрэ къэзыгъэсэбэп хабзэр публицистикэрщ. Публицистикэр литературэми журналистикэми зэдай жанру къэплъытэ хъунущ. Адыгэ публицистикэм гъуэгуанэшхуэ къикIуащ ХIХ лIэщIыгъуэм псэуа тхакIуэ-узэщIакIуэхэм я деж къыщыщIэдзауэ ди зэманым къэскIэ. ГушыIэр, гуэхыпIэ имыIэу, лъэпкъ къэс и гъащIэм, и псэукIэм, дуней еплъыкIэм епхащ. Абы лъэпкъым и нэпкъыжьэ, и дамыгъэ телъщ. Ди жагъуэ зэрыхъунщи, «национальное» жыхуэтIэу лъэпкъым и дамыгъэ къызэрыкI гурыIуэгъуэр IэщIыб ящI литературэр къэзыхутэ щIэныгъэлIхэм. Дунейм лъэпкъыу тетым я псэукIэм, гупсысэкIэм, унэ ухуэкIэм, зыхуэпэкIэм, зыIыгъыкIэм гъэщIэгъуэнагъ куэд хъэлъщ. Апхуэдэщ лъэпкъ къэс я гушыIэкIэри, гушыIэр къазэрыгурыIуэри. Франджыхэм а зэманым я тепщэу щыта пащтыхьыр къэзухъуреихьхэм гушыIэкIэ къагъэщIащ, ар литературэм хыхьащ «каламбур» франджы фIэщыгъэцIэр иIэу. Каламбурыр миниатюрэ цIыкIуу е жыIэгъуэ щхьэхуэу къокIуэ. ГушыIэр зытещIыхьар, абы лъабжьэ хуэхъур омоним псалъэхэрщ – я жыIэкIэкIэ зэтехуэу, ауэ мыхьэнэкIэ зэщхьэщыкIхэрщ. Мыбы и щапхъэкIэ аргуэру зыхуэдгъэзэнщ адыгэ литературэм куэд дыдэрэ хуэлэжьа IутIыж Борис и творчествэм. Борис шарж сурэт ищIыгъащ: иджырей цIыхубз зыкъизых, зи напэр косметикэм щIихъума, зи кIэр кIэщI гуэр. Абы уезыгъэплъ Iэпхъуамбэ шия и бгъумкIэ тещIыхьарэ и лъабжьэм щIэтхауэ: «Ар зэджэр зыщ – журнал «Модэ», зылъагъухэми жаIэр «Модэ». Мыбдеж каламбур Iэмалыр хъарзынэу къыщигъэсэбэпащ усакIуэм. Лъэпкъ нэпкъыжьэ гушыIэмрэ ауанымрэ зэрытелъым и щыхьэтщ «инджылыз гушыIэкIэ» («английский юмор») жаIэу дунейпсо литературэм хыхьар. - Адыгэ лъэпкъым и дежкIэ IуэрыIуатэр литературэ псом и псынащхьэщ. Ауанымрэ гушыIэмрэ зыщиужьащ IуэрыIуатэм, ар яхъумащ джэгуакIуэхэм. «ДжэгуакIуэ» псалъэм езым къеIуатэ гушыIэ зэрыкIуэцIылъыр. Адыгэбзэм джэгумрэ гушыIэмрэ синониму къыщыкIуэр гъунэжщ. Аращ «джэгуи гушыIи хэмылъу» щIыжаIэ хабзэри. ДжэгуакIуэм и репертуарым гушыIэ хэухуэнауэ къекIуэкIыу щытами, абы хухэха жанр щыIауэ къыщIэкIынукъым. ДжэгуакIуэр IэщIагъэ зыбжанэм хуэIэижьу щытащ. Ахэр хъарзынэу Нало Заур къыщихутащ 2011 гъэм къыдигъэкIа тхылъым, - гу лъетэ тхылъыр зи Iэдакъэ къыщIэкIам. . Адыгэхэм гушыIэр убгъуауэ къыщагъэсэбэпырт джэгухэм, щIопщакIуэм, ажэгъафэ джэгухэм, хъуэхъухэм. Ди лъэпкъ IуэрыIуатэм ихъумахэм ящыщщ лирикэ жанрым тету зэхалъхьа гушыIэ уэрэдхэр. Мыхэр я тематикэ елъытауэ зэхуэдэкъым: языныкъуэхэр лъагъуныгъэм теухуащ, адрейхэр адыгэ хабзэм ебэкъуахэм, лIыгъэншагъэ къызылъыкъуэкIахэм, ещанэрейхэр къуажэ зэгъунэгъухэр щызэхъурджауэщ. Адыгэ (къэбэрдей-шэрджэс) литературэр къэзыхутэ щIэныгъэм гушыIэмрэ ауанымрэ гулъытэ нэс щыхуэщIауэ, ар нэгъэсауэ яджауэ, кIэлъыплъауэ, анализ ящIауэ пхужыIэнукъым, - жеIэ БакIуум. Фырэ Анфисэ.
Поделиться:
Читать также:
16.01.2025 - 18:39 →
Iуэтэж кIэщIхэр
16.01.2025 - 16:20 →
Сабий джэгукIэ зыбжанэ
16.01.2025 - 13:52 →
Лъагъуныгъэ
16.01.2025 - 10:01 →
Адыгэлъ зэрыщIэтыр игъэгъуэщакъым
15.01.2025 - 19:22 →
Iуащхьэмахуэ къыщыщыща хакIуэ
|