3-нэ Iыхьэ
- Уэлэхьи, дэслъхьам-тIэ! Уи фIэщ мыхъумэ, еплъ, - зыгъэгусэ нэIу хъужауэ, щIалэщIэ къопсалъэ.
- Къеблагъэ! ИджыпстукIэ зэIутхакъым, къысхуэгъэгъу, шхын хьэзыр щыIэкъым, ауэ, ухуеймэ, псы, шей, кофе щыIэщ! – инджылызыбзэкIэ зыкъысхуегъазэ, унафэщIу фэ зэсплъа лIыкум. И теплъэкIэ илъэс плIыщIым щIигъуа хъунт. Щхьэпэлъагэу, зэщIэкъуауэ, Iэпкълъэпкъ быдэ зиIэ лIы бжьыфIэт, гуакIуэт. И щхьэц фIыцIэм мащIэу хидза тхъугъэри екIупст.
- Уи благъэр куэд ухъу. ИкъукIэ си гуапэщ адыгэ сызэрыхуэзар. Си гугъэр хэсхыжат, - жызоIэ адыгэбзэкIэ, си гуфIэгъуэр схуэмыубыду, сыпыгуфIыкIыурэ.
- Адыгэ пщащэ ди хьэщIэщ, псынщIэу Iэнэр къэвузэд! – лэжьакIуэхэм захуегъазэ, си Iэр еубыдри, сэлам гуапэ къызех лIым. – Уэлэхьи, сэри си гуапэм апхуэдэ хьэщIэ лъапIэ сызэриIэр! Ди хэкужьым укъикIа хъунщ уэ дахэр, уи псэлъэкIэмкIэ къыбощIэ, – жеIэ лIым, си нэгум гуапэу къиплъэурэ. КъапщIэу и гур къызыфIэзэрыхьат, и нэхэри псыф къэхъуат.
- НтIэ, Къэбэрдейм сыкъикIащ. Иорданым дэс адыгэхэр зэзгъэлъагъунщ, зэзгъэцIыхунщ, жысIэри сыкъэкIуат. Си кIуэжыгъуэри къэсащ, зыри сымыгъуэтурэ. Си фIэщ хъужтэкъым, нетIэ адыгэбзэкIэ ущыпсэлъам, - сыхуогуфIэ сэри. Си гур нэхъ псынщIэу къоуэ, согузавэ, хамэ къэрал щыпсэу адыгэм мыхъумыщIагъэ гуэр къыздилъагъумэ, жызоIэри.
- Дауэ фыщыт ди къуэш, ди шыпхъухэр? – жеIэ лIым.
- Хъарзынэ дыдэщ. Тхьэм и фIыщIэкIэ, гукъеуэ щыIэкъым.
- Моуэ, нэгъуэщI пэш дыкIуэнщ, дяпэкIэ цIыху къекIуалIэу щIадзэнущи, дагъэпсэлъэнукъым. Къысхуэгъэгъу, дызэрыцIыхуакъым. Сэ си цIэр Къазбэчщ, лъэпкъкIэ сыбжьэдыгъущ. Мы шхапIэр сысейщ. Уэ-щэ?
- Си цIэр Тамарэщ, лъэпкъкIэ сыбеслъэнейщ.
- Уеджэ хъунщ уэ цIыкIур, дауи, - пэш щIыIэтыIэ хуитым сыщIешэри, сегъэтIыс. Шхын зэмылIэужьыгъуэ гуэрхэри псынщIэу къыщIахьэ. Пэжыр жысIэнщи, фIыуэ сымэжалIэт, пщэдджыжьым сымышхэу сыкъыдэкIат, ауэ сыукIытэри, къыщIахьа къомым щыщу, зы тепщэч зэ сыхэIэбауэ аращ. Шей тIэкIу, жысIэри, къысхущIахьащ.
- НтIэ, соджэ.
- Дэ ди щIалэгъуалэр мыхьэулеин папщIэ, къафэти, спортти, жытIэурэ, зыгуэрхэм дыдогъэхьэх. Уэ сыт еджэным нэмыщI удэзыхьэхыр? – нэIус- лъэIусу къыщIэкIат си псэлъэгъур.
- Сэ сыуэрэджыIакIуэщ, усакIуэщ. Зэман къыщысхудэхуэм ди лъэпкъым и тхыдэмрэ адыгэбзэм и диалектхэмрэ содж, - жызоIэ, си напIэр едзыхауэ. Ар си псэлъэгъум и гуапэ хъуащ, апхуэдэ зэфIэкIхэр сызэриIэр.
- Тхьэм уригъэфIакIуэ, дахэ, уэлэхьи, гуапэм. Псом щыщи ди Тхьэм къыббгъэдилъхьащ, ар уасэншэщ. Хэт емыдэIуэнрэт уи уэрэдхэм!
- Си гуапэу мыр тыгъэ пхузощI, - жызоIэри, илъэс ипэкIэ къыдэзгъэкIа кассетэ изот. Си псэм ищIа хуэдэ, къыздэсщтат кассетитху.
- Тхьэразэ къыпхухъу, Тамарэ! Тхьэм уигъэпсэу! – и гуапэ дыдэ хъуат, фэрыщIагъ хэмылъу. - КхъыIэ, тIэкIу едзакъэ, си ерыскъым уемылъэпауэ!
- Упсэу, Къазбэч, сыкъыщыщIэкIым фIы дыдэу сышхащ. Уи ерыскъыр убагъуэ!
- Си гуапэщ укъызэрытхуеблэгъар. Ди адэжьхэр щыпсэуа щIыпIэм къикIыр ди нэщ, ди псэщ. ДыкIуэжыну ди нэ къокI. «Лъахэ» псалъэр яIурылъу, сыт хуэдиз ди цIыху дунейм ехыжрэ?! Мис, уэ мыбы укъызэрыкIуам хуэдэу, туристу дынакIуэурэ тлъагъуу аращ Кавказыр. Ди сабийхэр еджакIуэ ныдогъакIуэри, ари хъарзынэщ. АрщхьэкIэ, плъагъурэ, хабзэхэр ткIиищэщи, дынэIэпхъуэжыпэным Iуэху гугъу куэд дыдэ пыщIащ. Ауэ ди бын еджапIэ нэдгъакIуэхэр фIыуэ ныфхозагъэри, абы дыщогуфIыкI. Ныбжьэгъухэр я куэду къокIуэж, зэрызэрыIыгъынми хэтщ.
- Къазбэч, уэри уи лэжьэгъуэ махуэм щIедзэ, укъыпэрысшынкъым. Сэ пщыхьэщхьэ къэзгъэзэжынщи, дызэпсэлъэнщ.
- Уей, тэмэмым жыпIэр, дахэ. НтIэ, пщыхьэщхьэ, сыхьэтиблым къыIухьэж. Ди деж усшэнщ, си щхьэгъусэм уезгъэцIыхунщ. Ари беслъэнейщ, икъукIэ и гуапэ хъунущ.
- ФIыкIэ! – зыкъызоIэтыж.
Къазбэч деж сыкъыщIокIыжри, иджыри нэгъуэщI шхапIэхэм сокIуэ, Умар сылъыхъуэу. Абыхэм сыщIыщылъыхъуэр, Къэбэрдейм щыщыIам шхапIэ нэхъ къулей дыдэу дэтхэм уэрэд щыжиIэрти, Иорданми апхуэдэу щищI си гугъэу арат. Иорданым ар зымыцIыху щымыIэу, къыщызжаIэрт, ауэ къыщызгъуэтыфынур, щыпсэур ящIэртэкъым. ФIыуэ сешауэ, си лъакъуитIыр пыхуу, пщыхьэщхьэхуегъэзэкIыу, хьэщIэщым сыкIуэжащ, хьэщIапIэ сыздэкIуэнум зыхуэзгъэхьэзырыну. ХьэщIэщым сыщIыхьэри, си IункIыбзэр къеIысхыжыну сыщыIухьэм, зэпсалъэу щыт щIалитIым гу ялъыстащ. ТIури къызэплъурэ, зыгуэрхэр жаIэрт. Зэрызэпсалъэр хьэрыпыбзэт. Зы щIалэр зыщIыпIэ щыслъэгъуауэ къысщыхъуащ. Ар къысхупыгуфIыкIри, и щхьэр къысхуищIащ. Сэри мащIэу хуэсщIыжри, си напIэр занщIэу ездзыхыжащ. Абы и ужькIэ а щIалэр хьэщIэщым щыслъэгъужакъым. Сэ ар щыслъэгъуар къысхуэмыщIэжу, и бэлыхьым сиукIащ. ЗызгъэпскIыху, зызгъэхьэзырыху, ауэрэ сыхьэтиблыр къэсащ. Зызмыгъэпсэхуауэ, си фэри мыщIэгъуащэу, Къазбэч и шхапIэм сыIухьащ. ГуфIэжу къыспежьэри, сыщIишащ. Зы сыхьэт хуэдизкIэ дыщысыжа нэужь, шхапIэр зэхуищIыжщ, машинэ фIыцIабзэ дахэ гуэрым сригъэтIысхьэри, я унэм дыкIуащ. Мывэ хужьым къыхэщIыкIа унэшхуэ гуэрым деж къыщигъэувыIащ. АпхуэдизкIэ унэшхуэт, дахэти, лэжьапIэ гуэрым IуэхукIэ Iухьа си гугъащ. А дакъикъэм унэм цIыхубзыкурэ зы хъыджэбз цIыкIурэ къыщIэжахэщ, гуфIэжу. Бжэ блыпкъым къыщыувыIауэ, зы щIалэшхуи щытт. «Бжэ блыпкъым къыдэкI, фIыкъым удэтыну», си гум къэкIащ, нанэ мыгъуэм и псалъэхэр.
- Къеблагъэ, Тамарэ! Сыту фIыт укъызэрыкIуар, икъукIэ си гуапэщ. НакIуэ, ныщIыхьэ, - жеIэ, гуапэу IэплIэ къысхуищIурэ, фызым.
Фызыр нэ къуэлэн, щхьэцыгъуэ, IэмащIэлъэмащIэ цIыкIут, и нэкIу дахэми зэлъаигъэ мащIэ телът.
- Къеблагъэ, си шыпхъу! Сэ си цIэр Сэтэнейщ. Мыр си анэщ, и цIэр Дыгъэщ, мор си дэлъхущ, и цIэр Бланэщ, - и Iэпэр бжэ блыпкъым дэт щIалэмкIэ еший илъэс пщыкIух зи ныбжьын хъыджэбз тхьэIухудым.
- ИкъукIэ си гуапэщ! ФIым сыхуиблагъэ. Дауэ фыщыт? – сэри сахуогуфIэ си къакIуэр апхуэдизу зи гуапэ хъуахэм.
Бланэ зи цIэ щIалэ кIыхь зэIэщIэлъыр унэм къыщIокIри къызбгъэдохьэ.
- Welcome, - сызэримыпэс - сызэримыпэсу, инджылызыбзэкIэ къызопсалъэ щIалэр. И щхьэр Iэтарэ и напIэхэр пагэу ехьэхауэ, лъэныкъуэкIэ еплъэкIыу къоувыж, и Iэхэр и щIыбымкIэ ехьэкIауэ.
- Thank you! Nice to meet you! – жызоIэ сэри, пагагъ гуэр зэрысхэлъыр къезгъащIэу, семыплъыххэу. Къазбэч мащIэу къыпыгуфIыкIри, и Iэр унэмкIэ ишиящ, ныщIыхьэ, жыхуиIэу.
- НакIуэ, кхъыIэ, ныщIыхьэ! – си Iэблэхэр лъэныкъуэ зырызымкIэ щаубыдри зэанэзэпхъум срашажьэ. Iэнэ кIыхьышхуэ щытт, темылъ щымыIэу. Къызэжьэу къыщIэкIащ унагъуэр.
- Мыбы укъызэрыкIуэрэ адыгэ шхын пшха хъункъым, ар дгъэтэрэзыжынщ, дахэ, - къысхуогуфIэ Дыгъэ.
- Тхьэ, пэжым, Дыгъэ. Упсэу! – сыхуогуфIэж сэри.
Зы тэлайкIэ дыпсэлъэжри, Iэнэм дыпэрытIысхьащ. Джэд лыбжьэ, пIастэ, лэкъум - арат адыгэ шхыныгъуэхэм щыщу Iэнэм телъыр. Адрейхэр сшхын дэнэ къэна, зэи слъагъуххатэкъым.
- Мыр IэфI дыдэщ, къеплъыт! – хъурей гуэрхэр илъу, тепщэч къысхуеший Сэтэней.
- Сыт мыр зыIысыр? – си гурыIупсыр къэжауэ, соплъ.
- Мыр «киббе маглия» жыхуаIэращ, лым къыхэщIыкIащ, и кIуэцIым бжьын иралъхьэщ, хъурей ящIри ягъэжьэжауэ аращ, - жи Дыгъэ.
Iэнэм дыпэрысыху, шхыным дытепсэлъыхьауэ аращ. А пщыхьэщхьэм Иорданым я шхын зэмылIэужьыгъуэ куэд сIухуащ. Схуэшхыжыртэкъым, ауэ езыхэр фIы дыдэу, зыри кърамынэу шхэти, сэри задэзмыщIу хъуакъым.
«Фаттайер», «хуммус», «баба гануш», адрейхэм я цIэхэр си гум изубыдэфакъым, ауэ мыхэр нэхъ сфIэIэфIати, зэзгъэщIат. Псом нэхърэ нэхъ сигу ирихьар «фаттайер» жыхуиIэрат, хьэлывэ, лырэ кхъуейрэ дэлъу.
Адыгэ шхынхэми, Iэмал имыIэу, сахэIэбат, ауэ си анэм ипщэфIхэм жыжьэрэ гъунэгъуу бгъэдыхьэртэкъым.
Шхэныр, икIэм-икIэжым, зэфIэкIри, хьэщIэщымкIэ сыщIашащ, езыхэри къысIурыплъыхьу къетIысэкIащ. Ауэ Бланэ иджыри зэрыпагэт, Iэнэм дыпэрысыхуи зы псалъэ къыжьэдэкIатэкъым. Къазбэч зыгуэр жиIэну и жьэр щызэтрихым, и жып телефоныр къэзууащ.
- Къысхуэвгъэгъу, зы дакъикъэкIэ, - жиIэри, нэгъуэщI пэш кIуащ. Куэд дэмыкIыу, къакIуэт мыдэ, жиIэри, и щхьэгъусэри щIишащ.
Сэтэней, Бланэ, сэ дыкъыщIэнащ хьэщIэщым. Гу зэрылъыстамкIэ, Сэтэней адыгэбзэм хуэшэрыуэтэкъым, ауэ сытми, псалъэ нэхъ тынш гуэрхэр
зэпигъэувэу арат. КъыпхуэгуфIэмэ, Iэджи къыбжиIауэ къыпщыхъут, апхуэдизкIэ нэгуфIэти. «КIыфIыгъэм хэсыр» Бланэт.
- Уи цIэр сыту хьэлэмэтыщэ, Бланэ. Бгъэпэжрэ? – сыпыгуфIыкIыурэ, соупщI.
- I do not speek circassia!* - гъущэ дыдэу и нэ фIыцIитIыр къыстреубыдэ. ТеплъэкIэ и адэм ещхьыркъэпст Бланэ, нэхъ пIащэщ, нэхъ Iэчлъэчщ, жумыIэмэ.
- Умыпсалъэми, къыбгуроIуэ! – и нэхэр ихузурэ, и дэлъхум йоплъ Сэтэней.