IУЩАГЪЫШХУЭ ЯХЭЛЪЩДа Винчи Леонардэ дуней псом и зэфIэкIыр къыщалъытэу, и пщIэр щылъагэу лIэщIыгъуэхэм къапхрыкIащ, дяпэкIи абы и вагъуэр зэрымыужьыхынур хьэкъщ. СурэтыщI цIэрыIуэм лъэныкъуэ куэдкIэ зэфIэкI бгъэдэлът. Абыхэм ящыщ зыщ абы Iущагъышхуэ зыхэлъ хъыбар кIэщIхэр тхыныр фIы дыдэу къехъулIэу зэрыщытар. Абыхэм ящыщ зыбжанэ зэридзэкIащ Хьэту Пётр. Псы Псым нэгузыужьу и гъащIэр щихьырт езым и псэм хуэдэу илъагъу хым: хуеймэ - къэукъубейуэ, хуеймэ - мамыр хъужу. Ауэ зэгуэр и щхьэм гупсысэ къизэрыхьащ, уафэм нэс зиIэтыну. МафIэм деж кIуэри къыдэIэпыкъуну елъэIуащ. МафIэм укъэзыс и бзиймкIэ псыр, хьэуам нэхърэ нэхъ псынщIэж хъуауэ, ткIуэпс цIыкIунитIэ дыдэурэ зэхэлъ бахъэ хуабэм хуигъэкIуащ. Асыхьэтуи бахъэр ищхьэмкIэ дэкIуеину хуеIащ, хьэуа нэхъ лъагэм икIи нэхъ щIыIэм хуэкIуэу. Пшэхэм адкIэжкIэ къыщыхута ткIуэпс цIыкIунитIэхэм, апхуэдизкIэ щIыIэм игъэдияти, я дзэр зэтехьэжыртэкъым. Зыгуэрурэ къэхуэбэжын щхьэкIэ, зызэракъузылIэурэ нэхъ гъунэгъу защIащ, арыххэу, хьэуам нэхърэ нэхъ хьэлъэ щыхъум, занщIэу щIым къещэщэхыу щIадзащ, къызэрыгуэкI уэшхыу. Псым, сымаджэ ирихъужауэ, щхьэщытхъугъэм зыдригъэшэхри, уафэм нэс зиIэтащ, ауэ ар абы псынщIэу кърахухыжащ. Псы хуэлIа щIым уэшхыр зы ткIуэпс цIыкIу къэмынэу зыщIифащ. Псым, къызыхэкIа хым къигъэзэжын щхьэкIэ, иджыри куэдрэ тезыр телъащ, щIыгулъым къыхэмыкIыу хэлъу. ЩIыIубнэф ЩIыIубнэфым фIэфIт и адэ-анэм, и анэшхуэ-адэшхуэхэм къатIу ягъэкъэбзэжа щIы щIагъ щIыIэтыIэ зекIуапIэхэм къыщикIухьыну. Ар ищхьэмкIэ дэкIуейрти къехыжырт, шхын гъэтIылъыгъэхэр бэгъуауэ зыщIэлъхэм щIыхьэурэ зыщигъэтхъэжырт. Езым бгъэдэлъ къулеигъэхэр къипщытэурэ, зэгуэр абы зы дэкIыпIэ-дэпщыпIэ мыцIыху гуэр къилъагъури, ар здэкIуэр къихутэну мурад ищIащ. «КъэувыIэ! – зэхихащ абы сакъыну къыхуезыджэ макъ. – А гъуэгур шынагъуэщ!» Ауэ псори зэзыгъэщIэну зыфIэфIыр ищхьэмкIэ дэкIуей гъуэгум текIакъым здынэсынум нэсыху. КъыпэщIэува щIы унащхьэ тIэкIури къыфIэмыIуэхуу зэбгритхъури… уафэ къащхъуабзэ щIэншэр илъэгъуащ. Ауэ аращ а тхьэмыщкIэм и гъащIэм иужь дыдэу илъагъужар. Дыгъэ бзий гуащIэр хуэнабгъэ хуэдэу щыт и нэ зэвитIым къыщIэпсэри нэф ищIащ. Мис апхуэдэу ПцIыри, и щтапIэ зыщиудыгъуауэ, къызыхуэтыншэу псэуфынущ. Ауэ дуней нэхум къызэрытехьэххэу и кIуэдыр къыхуокIуэ, Пэжым и нэр ирищIауэ. Шылэ хьэпIацIэ Шылэ хьэпIацIэр, тхьэмпэ цIыкIум зыкIэригъэпщIауэ, гъудэ-бадзэ куэдыкIейхэм игъэщIагъуэу якIэлъыплъырт: абыхэм зэпеуэу уэрэд жаIэрт, къапкIэ-напкIэрт, къажыхьырт, къалъэтыхьырт... ИхъуреягъкIэ дуней псор зэхэзекIуэ-зэхэзежэт. ТхьэмыщкIэм езым и закъуэт макъи зимыIэр, къэжыхьыкIи, къэлъэтыхьыкIи, нэгъуэщIи зымыщIэр. Ерагъмыгъуейуэ къипщыхьыф къудейуэ арат. Абы, зигъэзэгъуейуэ зы тхьэмпэм къытекIыу нэгъуэщI тхьэмпэм техьэху, дунейпсо къызэхикIухьауэ къыщыхъужырт. Ауэ шылэ хьэпIацIэм и щхьэ мыгъуагъэ хуихьыжыртэкъым икIи ар зыми ефыгъуэртэкъым: къыгурыIуэжырт щхьэж езым и Iуэху игъэзэщIэн зэрыхуейр. Мис, езыми, шылащхьэ-унэ быдэ цIыкIу иухуэн щхьэкIэ, шылэ Iуданэ псыгъуэхэр зэIуищэфу зигъэсэн хуейт. Шылэ хьэпIацIэр, гупсысэ кIыхьым хэмыту, и лэжьыгъэр егугъуу игъэзэщIэн щIидзащ икIи зыхуигъэувыжа пIалъэм фIигъэкIакъым: игъуэ дыдэу шылащхьэ-унэ хуабэм щызэгъэжащ. «АдэкIэ сыт?» – зэупщIыжащ шылэ хьэпIацIэр, и зыхъумэжыпIэм къыдэплъыпIэ имыIэу здыщIэсым. «Псоми чэзу иIэщ! – зыгуэрым къыжриIэу къыщыхъуащ абы. – ТIэкIу зышыIи, адэкIэ къэхъунури плъагъужынщ. Уешащи, зыгъэпсэху, жей». Чэзу жыхуаIар къэсри шылэ хьэпIацIэр къызэщыуащ. Ауэ ар иджы зыгъэзэгъуей шылэ хьэпIацIэжтэкъым – тыншу и шылащхьэ-унэ цIыкIум къикIри, игъэщIагъуэу гу лъитащ къуэлэнпщIэлэн дахэ дыдэу дамэ псынщIэ цIыкIухэр къызэрытекIам. Гухэхъуэшхуэ иIэрэ нэжэгужэу и дамэхэр иIэтщ, цы налъэ щабэу дэлъэтейри, гъуэз къащхъуэм хэгъуэщэжащ. Захуагъэ - Захуагъэ дунейм теткъым! – ужьэм и лъэбжьанэм телъыджэлажьэу къыIэщIэкIа дзыгъуэр къэтхьэусыхащ. - ПцIыр дапхуэдизрэ тшэчыну?! – къэгубжьауэ кIиящ ужьэр, ерагъыу джэдум къыIэщIэкIыу и жыг кугъуанэм илъэдэжар. - Залымыгъэм псэупIэ къыдитыркъым! – къэпщIэуащ джэдур, мывэ сэрей лъагэм дэжеяуэ, и лъабжьэм банэу щыт хьэм кIэзызу еплъурэ. - Зэ фызэтесабырэ, ныбжьэгъухэ! – жиIащ жьынду Iущым, мэкъумэшыщIэ пщIантIэм гъущI хъарым здисым. – Фэ фи тхьэусыхафэхэм пэж гуэрхэр хэлъщ. Ауэ захуагъэ жыхуаIэр фэ фщыщ языхэзым и закъуэу ейуэ пIэрэ? Ар жьындум щыжиIэм, дзыгъуэр и гъуэм къиплъащ, ужьэм и жыг кугъуанэм и пэр къригъэжащ, джэдур нэхъ тыншу сарейм щетIысэхащ, хьэр и кIэбз лъакъуэхэм тетIысхьэжащ. - Захуагъэр, – къыпищащ адэкIэ жьындум, – ар щIыуэпсым и хабзэ нэхъыщхьэщ. А хабзэмкIэ дунейм тет псэущхьэу хъуам я зэхуаку губзыгъагъэ зыхэлъ зэгурыIуэныгъэ къыдохъуэ. А хабзэ Iущым тету мэпсэу хьэкIэкхъуэкIэхэр, къуалэбзухэр, бдзэжьейхэр, уеблэмэ хьэпщхупщхэмрэ гъудэбадзэхэмрэ. Феплъыт, мо бжьэ къэпщIыр зэгурыIуэрэ зэдэIуэжу зэрыпсэур. Жьындур, пэжу, захуэт. Зэ мыхъуми зэ бжьэ матэм дэплъам ещIэ абы бжьэпщым и закъуэу, куэду зэхэт бжьэ унагъуэм щхьэж и къалэн иубзыхуу, акъылрэ захуагъэрэ хэлъу унафэ зэрыщищIыр. Языныкъуэхэм я къалэн нэхъыщхьэр удз гъэгъахэм фо (нектар) къапыхынырщ, языныкъуэхэр безхэм щолажьэ, языныкъуэхэм бжьэ матэр яхъумэ, тхьэщыхьэ хьэдзыгъуанэхэмрэ щIыбжьэхэмрэ Iуахуу, нэгъуэщIхэри езы бжьэ матэм и къабзагъэм кIэлъоплъ. Бжьэ яхэтщ бжьэпщым кIэлъыплъу – зы лъэбакъуэкIи къыбгъэдэкI мыхъуу, зыхуей-зыхуэфIхэмкIэ и нэIэ тригъэту. Езы бжьэпщыр, жьы хъуа нэужь, бжьэ нэхъ лъэрызехьэхэм плIэкIэ хуэсакъыу зэрахьэ, нэхъ хэзыщIыкIхэри йоIэзэ, хущхъуэ зэмылIэужьыгъуэхэр ирахьэлIэурэ. ИкIи зы бжьэ закъуэм и къалэныр имыгъэзащIэу зыщIригъэхмэ е хузэфIэмыкIмэ, абы фIэкIыпIэншэу тезыр гущIэгъуншэ къытохуэ. ЩIыуэпсым, щхьэж езым Iуэху щигъэзэщIэжу, псори губзыгъэу щызэхэухуэнащ, щыубзыхужащ икIи а Iущыгъэм гъащIэм и захуагъэ нэхъыщхьэр хэлъщ.
Поделиться:
Читать также:
18.03.2025 - 09:58 →
Адыгэ таурыхъхэм я дунейм
17.03.2025 - 16:00 →
Лъэхъэнэжьхэм я джэрпэджэж
14.03.2025 - 15:05 →
Куэд елэжьащ
13.03.2025 - 14:12 →
Къару зыщIэлъ усэхэр
07.03.2025 - 09:58 →
Псэр и закъуэ къыщынэм деж
|