Псапэр кIуэдынукъым

 Алыхьым гу къабзэкIэ бгъэдэт цIыхуфI гуэрым блэшхуэ къепщылIэри къыжриIащ: «Алыхьым фIыгъуэр къыпхуищIэ! КхъыIэ, си бийр си ужьым итщи, сыгъэпщкIу». ЛIым и кIагуэ кIыхьыр зэIуихащ, блэр и гуфIакIэм дэпщхьэфын хуэдэу. АрщхьэкIэ блэм жиIащ: 
 - Абдежым сыкъыщалъагъунущ, уи жьэр зэтехи, уи кIуэцIым сигъапщхьэ. 
 ЛIым жеIэ: 
 - СыбукIынкIэ согузавэ. 
 - Алыхьым и цIэкIэ соIуэ, щIыми уафэми тетхэр си щыхьэтщ, сэ ар уэзмыщIэн! 
 ЛIым и жьэр зэтрихри, блэр жьэдэпщхьащ. Зэман дэкIри, ар къезыхужьа цIыхур къыIухьащ. 
 - МыбыкIэ блэ гуэр къэпщащ, и лъэужьыр къэсхуу. Умылъэгъуауэ пIэрэ? 
 ЛIым илъэгъуауэ зыкъригъэщIакъым. 
 Блэм и шынэр щхьэщыкIа нэужь, лIым къыжреIэ: 
 - Уа делэжь! Хэдэ иджы, уи гура хьэмэ уи тхьэмщIыгъура сызэуэнур? Иджыпсту узукIынущ! 
 - Уи тхьэрыIуэр-щэ? Уи зэран къызумыгъэкIыну псалъэ къызэптатэкъэ?
 - Уэ нэхърэ нэхъ делэ иджыри къэс сыхуэзакъым! Сэрэ уэ укъызытехъукIа цIыху псоми я адэ Iэдэмрэ дызэрызэбийр щхьэ пщыгъупщэжа? ФIы къысхуэпщIэ зэрымыхъунур пщIэртэкъэ? 
 - Мо бгым сынэсыху пIалъэ къызэти, жэуап уэстынщ. 
 ЛIыр бгым нэса нэужь, андез ищтэщ, нэмэз ищIри, Алыхьым елъэIуащ: 
 - Уа си Тхьэ! Мы блэм сыкъегъэл! 
 Абы и духьэр къипсэлъын иухатэкъым мэ дахэ къызыкIэрих цIыху гуэр къыбгъэдыхьэу тхьэмпэ удзыфэ къыщыхуишиям, ар игъэныщкIуну къыжриIэу. 
 ЛIым тхьэмпэр игъэныщкIуа нэужь, куэд дэмыкIыу блэр Iыхьэ-Iыхьэурэ къыдэхыжын щIидзащ. Апхуэдэу Алыхьталэм фIыуэ илъэгъуа цIыхур къригъэлащ. 
 - Ухэт уэ? – еупщIащ цIыху къабзэр тхьэмпэр къэзыхьа щIалэм. 
 - Сэ сыпсапэщ, еплIанэ уафэм сыкъикIауэ, - къыжриIащ. – Алыхьым лъэIукIэ зыщыхуэбгъазэм, ебланэ уафэм тес мелыIычхэр зэщIэвууащ: «Уа ди Тхьэ! Уи пщылIыр къегъэл!» Алыхьым и унафэкIэ сэ Жэнэтым псынщIэу сынэсщ, Тубэ жыгым и зы тхьэмпэ къыпысчри къыпхуэсхьащ. ДяпэкIи фIы пщIэн щумыгъэт. Ар зыхуэпщIам щыгъупщэжми, фIыщIэншагъэ дэплъагъуми, псапэ пщIар Алыхьталэм деж щыкIуэдынукъым. 
 Мы хъыбарым «ФIы щIэи, псым хэдзэ» адыгэ псалъэжьыр уигу къегъэкIыж. Ауэ куэдым ящIэркъым а псалъэжьыр зэрынэхъ кIыхьыр, ар иджыри тыркубзэм хэтщ, зымащIэкIэ адыгэбзэм къыщхьэщыкIыу: «ФIы щIэи, хым хэдзэ: бдзэжьейм къыгурымыIуэми, Алыхьым къыгурыIуэнщ». 

ЧЭРИМ Марианнэ.
Поделиться: