Хъыбар куэд зи IэдакъэщIэкI

Теймур Мухьэмэд и новеллэхэм я нэхъыбапIэм тхылъеджэм и гупсысэр хуагъэуш мылъкумрэ къулыкъумрэ, мыхъумыщIагъэмрэ Iеягъымрэ къазэрыпкърымыкIыр, атIэ цIыху Iейхэм, бзаджэхэм мылъкури къулыкъури езыхэм яй зэращIым. Апхуэдэ гупсысэхэр и нэщэнэу щытащ ХХ лIэщIыгъуэм и пэщIэдзэм щыIа уэркъ-демократ Iуэху еплъыкIэм.

Теймур Мухьэмэд узэщIакIуэ-идеалистт. Социальнэ мыгъуагъэу щыIэ псори зэрыбгъэкIуэд хъуну зы хэкIыпIэ закъуэт абы къилъытэр - ар цIыхум и зэхэщIыкIым зегъэужьын, щIэныгъэм зегъэубгъун, зылъэкIхэр зылъэмыкIхэм ядэгъэIэпыкъун. Апхуэдэ щIыкIэкIэ тхакIуэм хуэщIауэ псэухэр къыхуриджэрт я мылъкумкIэ къулейсызхэм зыщIагъэкъуэну, ядэгуэшэну.

«ЩIыхьымрэ медалымрэ ятхьэкъуа» хъыбарым Мухьэмэд Теймур щIалэщIэ бейм нехьэкI-къехьэкI хэмылъу жреIэ:

«Уэ уи хэкур, ныбжьэгъу, хуэныкъуэщ уи хъугъуэфIыгъуэм щыщ. Хуейщ ар тхъэжыгъуэм къыхуигъэсэбэпыну. Уэ къыпщогугъ тхьэмыщкIэхэр, пщIэ зыщIамыт еджапIэ зиIэну хуейхэр; къыпщо­гугъ жьыкIэфэкIэ хъуахэр, узым, къулейсызыгъэм, жьыгъэм зэщIиIулIахэр. Уэ къонэцI сабий унэншэхэр. Уэрмырамэ, хэт къахузэIуихын абыхэм сымаджэщхэр, уэрмырамэ, хэт хулъэкIын ар? А зы гъуэгурщ уэ нэхъ пхуэфащэу щыIэр».

Теймур Мухьэмэд уэркъ-либерал гупхэм я Iуэху еплъыкIэр хэIущIыIу ещI. Апхуэдэ гупсысэр абыхэм я дежкIэ гъащIэм и зыужьыкIэм къилъхуа гъуазэт, абы къигъэщIа хабзэт.

«Нэхэм ялъагъу псор» тхылъым ит дэтхэнэ новеллэри къащти, Iэмал имыIэу абы ущрохьэлIэ жылагъуэм хэлъ мыгъуагъэхэм щыщ зыгуэр.

Теймур Мухьэмэд хуабжьу егъэгуейщей мызахуагъэхэм: зылъэкIхэм зыхулъэмыкIхэр зэрагъэпщылIыр, тхьэмыщкIэм и лъэр бейм зэрыщIиудыр. Абы и тхыгъэхэм куэдрэ ущрохьэлIэ зэныкъуэкъу-зэпэщIэувэныгъэхэм.

ТхакIуэ набдзэгубдзаплъэр кIыфIыгъэмрэ нэхугъэмрэ зэхэгъэщхьэхукIауэ къэгъэлъэгъуэным хуэIэижьт икIи ар зи телъхьэ лъэныкъуэр сыт щыгъуи IупщIт: ягъэикIэхэмрэ ягъэпудхэмрэт. Теймурыр и бийт икIи екIурабгъу имыIэу ебэнырт цIыху Iейхэм, напэншэхэм.

Хъыбархэм ящыщ зыбжанэ дунейм къытехьэным щхьэусыгъуэ хуэхъуащ езы тхакIуэм и гулъытэ жаныр гъащIэм и къэхъугъэ куэдым зэрыпыщIар. Щапхъэу къэтщтэнщ «Кофем хэт шэрэ сабэм хэт шэрэ» хъыбарыр. КIэщI дыдэу къэпIуэтэжмэ, мыращ Мухьэмэд и нэ къыфIэна Iуэхугъуэр.

А пщэдджыжьым езы тхакIуэр и ныбэ изу пщэдджыжьышхэ ищIри IуэхукIэ ежьащ Александрие кIуэну. Вокзалым деж ар щрихьэлIащ куэдым езыгъэгупсыса Iуэху: зы лIы гуэрым, зэрыпIащIэм къыхэкIкIэ IэщIэхури, шэ зэрыт и кхъуэщыныр къутащ, ауэ шэр Iисраф хъууэ кIуэдакъым - фейцейуэ хуэпа щIалэжь цIыкIухэу пэмыжыжьэ дыдэу щытхэр къажэри, сабэм хэлъэда шэр джэдум хуэдэу бзэгукIэ къабзеижу щIадзащ. ТхакIуэм а теплъэгъуэм игу къигъэкIыжащ пщэдджыжьышхэм кофе иримыфыфу абы хикIэн хуея шэр джэдум зэрыритыжар.

Хъыбарыр еух мыпхуэдэ псалъэхэмкIэ: «О, Азалыхьталэ, нышэдибэ кофем хэскIэн хуея шэм дауэ селъэстэуэнкIэ хъуа, мыбдежым мы тхьэмыщкIитIым сабэм хэт шэр анэ быдзышэм хуэдэу ирафу?!»

Апхуэдэ кIэуххэр хьэл зыхуэхъуа новеллэхэрщ Теймур Мухьэмэд и IэдакъэщIэкIхэр. Абы тхылъеджэр къыхуриджэ хуэдэщ езым щIыгъуу дэгупсысэну: захуэу пIэрэ цIыху лажьэншэр яубыду лъэхъуэщым ирадзэныр, лIыукIхэр, дыгъуэгъуакIуэхэр щхьэхуиту дунейм зэрытетыр («Дыгъумрэ дыгъумрэ»), цIыхум и пщIэр мылъку бгъэдэлъымкIэ къызэралъытэр («Махуэшхуэ хьэндрэфий»)?

«ХьэгъуэлIыгъуэрэ дыуэщIрэ» хъыбарым хэт цIыхуитIым я гъащIэхэмкIэ къэгъэлъэгъуа мэхъу дунеитI зэпэщIэувар. ГущхьэIыгъым и къуэр малIэри телъщ, а зэман дыдэм пэщэм и къуэм фыз къригъэшауэ хьэгъуэлIыгъуэшхуэ хуещI. Пэщэм ауи идэркъым хьэдэ щIэзылъхьэ къулейсызым зыгуэркIэ зыщIигъэкъуэну. Ар дунеитIым, гъащIитIым я плъыфэ, я щытыкIэ зырызщи, ахэр зэрызэпэщIэтым и щапхъэ нэрылъагъущ. Мылъку зиIэмрэ зимыIэмрэ щызэбгъэдэс, зым и пщIэнтIэпс адрейм щишх псэукIэм зэныкъуэкъум нэхъ зыкъыщеIэт.

«ХьэгъуэлIыгъуэмрэ дыуэщIымрэ» щекIуэкI зэныкъуэкъум уигу къегъэкIыж Чехов Антон и «ХэплъапIэ» тхыгъэр.

ЩIэныгъэм цIыхум и дунейр нэхъ нэху, къабзэ зэрищIыр хьэкъыу зыпхыкIа тхакIуэм и тхыгъэхэри хуигъэпсырт а Iуэхум. Абы и лъэныкъуэкIэ щапхъэфIщ «МафIэгум» хъыбарыр. Мы тхыгъэм купщIэ нэхъыщхьэ хуэхъуар мэкъумэшыщIэм къыщхьэщыжынырщ, абы цIыхугъэ къабзэ кIэлъызехьэнырщ. А хъыбарым Теймур Мухьэмэд щыдегъэлъагъу адыгэ лIыжь угъурлыр, жылэм я тхьэмадэу хахар. А образыр езы тхакIуэм фIы дыдэу зэрилъагъур белджылы ещI хуэсакъыу, плъыфэхэр икъукIэ Iэзэу къызэригъэсэбэпымкIэ.

«Купем къыщIыхьащ илъэс 60 зи ныбжьын тхьэмадэ. Абы и нэхэр дахэщ, езыр нэкIущхьэплъу зэрыщытым къегъэлъагъуэ ар адыгэ лъэпкъым къызэрыхэкIар. И пащIэ кIапитIыр тхьэкIумэ лъэдакъэхэм нэсрэ хужыпIэну йокIуэкI. Ар къэтIысащ си гупэкIэ, гъуэгуанэ техьа псоми я нэгур щIиджыкI пэлъытэу зэпиплъыхьу», - етх Мухьэмэд Теймур.

«Мыбдежи абдежи», «Мысырым щыпсэухэр гъащIэм къыщIыкIэрыху щэхухэм ящыщ зы», «Унэ угъурлы», «Уэрам... унэ №22», «ЩIыхьымрэ медалымрэ ятхьэкъуа» хъыбархэм къыщыIэтащ щIэныгъэ зэгъэгъуэтынымрэ гуманистическэ Iуэху еплъыкIэ и лъэныкъуэкIэ тхакIуэм и псэр нэхъ зезыхуэмрэ... Гъэсэныгъэр, къулейхэм я бын сэхъуар, къулыкъущIэкъухэр лъабжьэ хуохъу ахэр зыхэтэджыкI щхьэусыгъуэхэм.

Илъэс 29-рэщ Теймур Мухьэмэд къигъэщIар. Абы щыщу литературэ лэжьыгъэм лъос илъэсипщI иримыкъу. Сыт хуэдэ къэхъугъэхэмкIэ гъащIэр къэмыукъубеями, адыгэ мамлюкхэм къащIэхъуа тхакIуэм и цIэм игъащIэкIэ пыщIауэ щытынущ мысыр новеллэмрэ лъэпкъ театрымрэ. ТхакIуэм и къалэмыпэ къыщIэкIа псори зэхуахьэсыжри, томищ хъууэ Каир къыщыдагъэкIащ 1922 гъэм.

Къэбарт Мирэ.

Поделиться:

Читать также: