КIуэтэху нэхъ хьэлъэ хъу гукъэкIыж

 Урысейм и прокурор нэхъыщхьэ Краснов Игорь илъэс блэкIам утыку къихьауэ щытащ Хэку зауэшхуэм и зэманым нэмыцэ зэрыпхъуакIуэхэм Совет Союзым ис лъэпкъхэм ираха лейр «лъэпкъгъэкIуэду» («геноциду») къэлъытапхъэу икIи куэд дэмыкIыу ар хабзэкIэ даIыгъащ. 
Ди республикэм нэмыцэхэм щызэрахьа лейр абы и зы Iыхьэти, КъБР-м и прокуратурэм ахэри лъэпкъгъэкIуэду къалъытэн лъэIу тхылъыр судым игъэхьа нэужь, лей зытехьа цIыхухэм я Iыхьлы-благъэхэр хейщIапIэм ирашалIэурэ, ящIэжыр кърагъэIуэтащ. Ди редакцэм къытхуеблэгъаУэлджыр Зое и адэм теухуауэ къагъэпсэлъащ.  Хьэжбарэ щагъэтIысам, Зое иджыри дунейм къытехьатэкъым. Ауэ и сабиигъуэм щегъэжьауэ и гъащIэ псом здыкIуэцIриха гукъэкIыжхэр зытеухуар езым и унагъуэрщи, и нэкIэ илъэгъуам хуэдэу топсэлъыхьыж. АпщIондэху и гум щызэрегъэзахуэ сурэткIэ фIэкIа имыцIыху и адэр илъагъуну Iэмал къезымыта щхьэусыгъуэхэр. 
    - Сэ а псом сызэрыщыгъуазэр си анэм, си адэ къуэшым, къуажэгъухэм жаIэжа хъыбархэмкIэт, ауэ куэдрэ зэрызэхэсхара къыщIэкIынщ, си нэгум щIэтым хуэдэщ. Нэмыцэхэр ди къуажэм къыщыдыхьар бжьыхьэут, жэпуэгъуэ мазэм. Си анэмрэ абы и нысэгъуищымрэ нартыху ятхъыу, самэм и хъуреягъкIэ къетIысэкIауэ щыст, нэмыцэ офицерыр къыщыкIуам. «Хьэжбарэ дэнэ щыIэ?» - жиIэри, ди анэм урысыбзэкIэ къеупщIат. Аркъудейм къигъэлъагъуэртэкъэ бзэгу зэрахьари зыгуэрым чэнджэщ къазэрыритари. «Тэрч ираджащ», - жриIащ ди анэм. Пэж дыдэу, Тэрч райкомым ираджауэ щыIэт, и къуэшищыр фронтым дашакIэт. Езыр къуажэ советым и унафэщIу лажьэрти, «мыбы нэхърэ нэхъ цIыху щабэрэ цIыхуфIрэ къыдэпшынукъыми, мыр дэIэпыкъуэгъуу къэдгъэнэнщ» жаIэри, райкомым и унафэкIэ «подпольщик» жыхуаIэм хуэдэу къащтауэ, тIасхъэщIэх щэхуу, партизанхэм япыщIауэ, унафэ щхьэхуэхэр къыхуащIу апхуэдэт. Нэмыцэр гъунэгъу къызэрыхъуар зэрызэхихыу, Iэщышхуэр яхуэхъумэнутэкъыми, колхоз мэлыр зырыз-тIурытIурэ унагъуэхэм ятригуэшащ, зритар итхащ. Мыр колхоз мылъкущи, нэмыцэр дэкIыжмэ, колхозым ивотыж яжриIэурэ, бжьэ матэхэмрэ мэлымрэ игуэшат. Ар зэрыт тхылъымпIэр сельсоветым и блыным хаяуэ къыхахыжри, абыкIэ псори зэхуахьэсыжауэ щытащ зауэ нэужьым. АпхуэдизкIэ и къалэным фIэлIыкIырти, сельсовет мыхъурыр и жыпым илъу кърихьэкIырт. Тэрч дэс си адэ шыпхъум деж дыхьат махуэ гуэрым. «Мы уи жыпыр къыгуэзышым утраукIэнущ», - къыжриIэри, езым бжьыныху хисэу арати, хьэсэпэм деж щыщIригъэтIауэ щытащ мыхъурыр, иужькIэ къыщIахыжащ. 
     АдэкIэ Зое и хъыбарыр 1942 гъэм мэIэпхъуэ. 
   - Арати, нэмыцэр къэсри ди адэр дашащ. Тамбовскэм деж щхьэлыжь гуэр бгынэжауэ щыIэти, ар гестапэм тутнакъэщ ищIри, абы щаIыгъащ ягъэтIысахэр, жэщкIэ къыщIашурэ я мащэхэр кърагъэтIыжу. Ди анэм зэрыжиIэжамкIэ, ди адэр ягъэтIыса нэужь, зыгуэр щэхуу къакIуэри, жэщым бжэм къытеуIуащ. «Умышынэ, Хьэжбарэ сыкъигъэкIуауэ аращ, сыныщIэгъэхьэ, - къыжриIащ, цIыхухэм гу къылъамытэн хуэдэу. - Нэху здэщым, уи быныр зэщIэкъуи, уи дыщ кIуэж, къыбжиIэжащ». ХьэпцIей щыщт ди анэр, Борий Катеринэ Машэ ипхъу. СабииплI, я нэхъыщIэ дыдэр илъэсих фIэкIа мыхъуауэ иIэт, сэ ныбэм силът. Арыкъ гъуэгумкIэ шэкъэуэж (минэ) щIэлъти, ухыхьэ хъуххэнутэкъым. Сытми, и псэр и дыщ нихьэсащ. ЯукIынухэм я спискэм дэри дызэритыр къэзыщIа ди адэм апхуэдэу и фызри, и быниплIри, колхоз мылъкури къригъэлауэ щытащ, езыр хэкIуадэри. 
     Уэлджыр Зое и адэм и гъащIэ гъуэгур нэхъ нэгъэсауэ къыщыхьащ я лъэпкъым и тхыдэр зэрыт тхылъым. Хьэжбарэ I905 гъэм дунейм къытехьащ. И ныбжьыр илъэс 14 фIэкIа мыхъуу, ар 1919 гъэм хыхьащ Деникиным пэщIэта Малокабардинский полк дзэ зэгухьэныгъэм. Дзыхь зыхуащI щIалэр ВКП(б)-м 1924 гъэм хагъэхьэри, Налшык дэт Лениным и цIэр зезыхьэ еджапIэ къалэ цIыкIум щIагъэтIысхьащ. Ар къиуха нэужь, Хьэжбарэ зыхэт партым и къудамэм и унафэщIу къыщалъхуа къуажэм ягъэкIуэжащ, жэпуэгъуэ революцэм къыпэщIэувахэм 1928 гъэм езэуахэм яхэтащ. 1930 гъэм Уэлджыр Хьэжбарэ щIотIысхьэ Ростов дэт парт школым. Ар къиухыу къигъэзэжа нэужь, Тэрч район судым и еплIанэ участкэм и унафэщIу ягъэув. 1937-1942 гъэхэм Хьэжбарэ Акъбащ Ипщэм щыIэ парт къудамэм и секретару икIи къуажэ советым и унафэщIу лэжьащ, а къулыкъуитIыр зэдихьу Хэку зауэшхуэм IущIащ. Адрейхэр Зое къыджиIэжащ. Зауэр иуха нэужь, Уэлджыр Хьэжбарэ «И хахуагъым папщIэ» медаль (дунейм ехыжауэ) къыхуагъэфэщауэ щытащ. 
    И къуэр зэрагъэтIысар зэрызэхихыу, Хьэжбарэ и анэм къуажэр къызэхикIухьауэ жаIэж, абы щIэбгъэкъуэншэн лажьэ зэрыкIэрымылъым и щыхьэтхэр зэхуихьэсу. Ахэр иIыгъыу гестапэм щыкIуэм, нэмыцэхэр къыщыдыхьэшхащ, «уи къуэр Сыбырым яшащ» къыжраIэу. Хьэжбарэ абы щыгъуэ яукIри щIалъхьэжакIэт. 
     Зое и гукъэкIыжхэм къыхохуэ и адэм хуагъэува фэеплъым теухуа хъыбархэри. Ауэрэ псалъэмакъыр Хьэжбарэ и гъусахэм я деж нос. КъызэрыщIэкIымкIэ, Зое и закъуэщ абыхэм я щIэблэм щыщу къэнар:
    - Къэрэшей Хьэжумар и цIэр псоми ящIэ, революционер цIэрыIуэу щытащ. Абы и щхьэгъусэ Лулрэ си адэмрэ зы мащэм кърахыжауэ щытащ. Тэмэн Хьэутий фызкъэмышэт, илъэс 27-рэ хъууэ арат. Горчхановыр ингушу къыщIэкIащ, абы и къуэм сыщыхуэзауэ щытащ мы тхьэмыщкIэхэр яхэту цIыху 38-м, Мэртэзейрэ Къаншыуейрэ я зэхуакум, зы километр хуэдизкIэ ди къуажэм пэIэщIэу, щыхуагъэува фэеплъым деж, Дубки хъужыр арат. 
   Уэлджыр Хьэжбарэ и хъыбарым ещхь куэд ехъумэ щIы фIыцIэм. Зи цIэр ямыщIэххэу, апхуэдэ дыдэу лей зытехьа дапщэ хэкIуэда зауэ гущIэгъуншэм. Дэтхэнэ зыми и ахърэтыр нэху Алыхьым ищIи, хейуэ зэрыкIуэдам и ныбжьыр къащIэна щIэблэм къэрэгъулу ящхьэщигъэт.  

ЧЭРИМ Марианнэ.
Поделиться:

Читать также: