«КъардэнгъущI Зырамыку игъэзащIэу щыта адыгэ лъэпкъ уэрэдхэр» («Сборник адыгских народных песен из репертуара Зарамука Кардангушева») къыдэкIащ КъБР-м, КъШР-м, Адыгейм я илъэси 100-м ирихьэлIэу. Зырамыку жиIэу щытауэ уэрэд 46-рэ итщ абы. Тхылъыр къыдэгъэкIыныр жэрдэм ищIауэ щытащ республикэм щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Ащхъуэт Людмилэ. Уэрэдэхэм елэжьащ, зэхуихьэсащ, къыдэкIыным хуигъэхьэзыращ КъБР-м и цIыхубэ артист, Ингуш Республикэм щIыхь зиIэ и артист, Урысейм ис лъэпкъхэм я Артиадэм и лауреат, Бахъсэн къалэм ЩэнхабзэмкIэ и уардэунэм и унафэщIым и къуэдзэ Зеущэ 1эуес. Тхылъыр Iыхьэ–Iыхьэурэ зэпыудащ: «Нартыжь пшыналъэхэр», «ЛIыхъужь фэеплъ уэрэдхэр», «ЦIыхухъу тхьэусыхэ уэрэдхэр», «ЦIыхухъу гъыбзэхэр», «ЦIыхубз гъыбзэхэр», «Лъагъуныгъэ уэрэдхэр», «ГушыIэ, ауаныщI уэрэдхэр». Тхылъыр игъэщIэрэщIащ сурэтыщI Зеущэ Арсен. Абы «Бэдынокъуэ и пшыналъэ», «Ашэмэз и пшыналъэ», «Нартыжь уэрэд», «Хьэтхым и къуэ кIасэ», «Быф Зулъкъарней и уэрэд», «Адыгэ пащтыхьхэм я тхьэусыхэ», «Iэдииху», «Гуащэгъагъ и гъыбзэ», «Щауэ Нэкурэ», «Адыгэ джэгуакIуэм и теплъэ» - уэрэдипщIым сурэт яхуищIри, тхылъым хагъэхьащ. Зеущэ 1эуес тхылъым зэрелэжьам, абы зыхуиша гупсысэхэм, КъардэнгъущI Зырамыку и уэрэдыжь дунейм телъыджэу хэлъым теухуауэ депсэлъащи, къыджиIам ди гуапэу фыщыдогъэгъуазэ.
- 1эуес, тхылъым узэрелэжьам утезгъэпсэлъыхьынут.
- Мы тхылъым селэжьыну сытезыгъэгушхуауэ щытар КъБР-м щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Ащхъуэт Людмилэщ (ахърэт нэху Тхьэм кърит). Зыкъысхуигъэзат КъардэнгъущI Зырамыку игъэзащIэу щыта уэрэдыжьхэр тхылъу згъэхьэзырыну къысщыгугъыу, зыкъысхуигъэзат «уэ абы узэрыпэлъэщынур сощIэ», - жиIэри. Лъэпкъ гъуазджэм апхуэдиз хэлъхьэныгъэ хуэзыщIа нэхъыжь щэджащэм къигъэна лъэужьым селэжьыну къыщысхуигъэфащэм, дауэ згъэщIэхъунт!
Макъамэм набдзэгубдзаплъэу селэжьыну хуит сыкъэзыщI щIэныгъэ щызиIэкIэ, а щIэныгъэр згъэпэжын щыхуейкIэ, мыр зыщызгъэунэхужын IуэхуфIтэкъэ! Къапщтэмэ, ари си щIэныгъэм и зы лъэныкъуэщ – макъамэм, уэрэдым я хабзэхэр куууэ зэпкърыхыныр. Гушхуауэ иужь сихьащ лъэпкъ тхыдэми, гъуазджэми, щэнхабзэми ехьэлIа Iуэхум. Тхылъыпхъэр хьэзыру, гупсысэ гуэрхэр хэлъхьэжыным фIэкIа къыхуэмытыжу, езы Люди ар илъэгъуауэ дунейм ехыжащ. Аращ тхылъым абы и фэеплъ мыхьэнэри щIиIэр.
Нэхъ иужькIэ, тхылъыпхъэм сыхэлэжьыхьыжащ хъарзынэу: уэрэду нэхъыбэ къызэщIезгъэубыдащ, дгъэщIэрэщIащ, и теплъэм си гур хуэзэгъэху.
ИлъэсийкIэ сызэлэжьа тхылъыр 2022 гъэм, Къэбэрдей – Балъкъэрыр, къуэш республикэхэр илъэси 100 щрикъум ирихьэлIэу, къыдэзгъэкIащ. Тхылъым и мыхьэнэр нэхъри куу ищIауэ си гугъэщ абы и теплъэм. Япэ напэкIуэцIым итщ ди къэралым и Президент Путин Владимир макъамэ гъуазджэм теухуа и псалъэхэр, республикищым я Iэтащхьэхэу КIуэкIуэ Казбек, Темрезов Рашид, КIумпIыл Мурат сымэ жаIахэр.
Тхылъыр дунейм къытехьэн папщIэ егъэлеяуэ сэбэп къысхуэхъуащ Бахъсэн щыщ щIалэ хъарзынэ, политик цIэрыIуэ, Урысей Федерацэм и Къэрал Думэм и депутат Быф Анатолэ. Абы и мылъку къыхилъхьащ тхылъыр екIуу, гъэщIэрэщIауэ, тхылъымпIэфIкIи тедзауэ къыдэкIыным.
Мыбы къыщыхьа сурэтхэр ищIащ ди щIалэ нэхъыжьым. Арсен сурэтыщIщ, скульпторщ, гъуазджэм и пIалъэр ещIэ. И лэжьыгъэхэм ящыщ ущеплъыфынущ щэнхабзэмкIэ «Акрополь» центрым. АтIэ мы тхылъым ит уэрэдхэм ящыщу пщIы къыхихщ, едаIуэри, абыхэм ящIэлъ гупсысэр къищу сурэтхэр яхуищIащ.
- 2014 гъэм къыщIэбдзэри, 2022 гъэ пщIондэ тхылъым уелэжьащ. КъардэнгъущI Зырамыку и макъамэ дунейм сыт гъэщIэгъуэну хэплъэгъуа?
- Тхьэм уигъэпсэу абы узэрыщIэупщIам щхьэкIэ! Пэжщ, гъуазджэ дунейм ущыхэтым деж куэдым гу зылъамытэхэр къыболъагъуф, псэкIэ дахагъэм улъоIэсыф. Сэри мы уэрэдыжьхэм къыхэзубыдыкIащ гупсысэ куэд, сыщыпсэуащ а дунейм. Зырамыку и уэрэд жыIэкIэр сигу дыхьэрт сыт щыгъуи. Ауэ, мы тхылъым семылэжьатэмэ, апхуэдизу куууэ абы и макъым сегупсысыну, зэпкърысхыну къыщIэкIынтэкъым. КъардэнгъущIым и макъ дэшеикIэ-ешэхыкIэр зыми хэгъуэщэнукъым. Абы уэрэдым теухуауэ щIэныгъэ иIакъым, хабзэм тету иутIыпщыртэкъым и макъыр, гурыгъуазэкIэ жиIэрт уэрэдыр. УщедаIуэкIэ уи псэр мэтынш - ухохьэ макъамэм. Фондым къыхэнащ КъардэнгъущIым игъэзащIэу щыта уэрэди 100-м нэс. Нэхъыщхьэращи, мы уэрэдыжьхэр лъэпкъым ди макъамэ тхыдэ хъугъуэфIыгъуэщ.
- Тхылъыр вгуэшауэ аращ…
- Абыи сытепсэлъыхьыну сыхуейт. Тхылъ щыIэщ пщэ мыхъуну. Мыр абыхэм ящыщщ. Тхылъым итщ цIыхубэм фIыуэ ялъэгъуа, куэдым дзапэ уэрэду кърахьэкIхэр. Уэрэдхэм я купщIэр зэрыкуум нэмыщI, гущIэм зыкъыдэзыгъазэ гъащIэ хъыбархэр яхэлъщ. Мыхэр зыгуэрым и гуауэщ, и нэпсщ, и щхьэегъэзыпIэщ – губампIэ дэхщ. Къапщтэмэ, дунейпсо гъуазджэм и лэжьыгъэ нэхъ цIэрыIуэ дыдэхэр гуауэрщ къызыхэкIар. Гуауэм цIыхум и гур къыщрегъэуд.
- Тхылъым теухуа пшыхьхэр республикэм щекIуэкIащ…
-Тхылъыр къыдэкIри, Бахъсэн щIыналъэм и администрацэм и унафэщI Балъкъыз Артур и гукъэкIкIэ, ХьэтIохъущыкъуей (Бахъсэн ГЭС) къуажэм абы щыхуэтщIащ пшыхь.
Налшык дэт Къэрал концерт гъэлъэгъуапIэми щекIуэкIащ тхылъым теухуа пшыхь дахэ. Пэшышхуэм щIэзу щIэсащ цIыхур. КъекIуэлIахэм псалъэ дахэ куэд зэхызагъэхащ. Iуэхум хэтащ адыгэ уэрэдыжьхэр зыгъэзащIэ гупхэр: Блашэ Владимир зи унафэщI «Шэджэм псыкъелъэхэр», Хьэмдэхъу Эльвирэ зи унафэщI «ДжэгуакIуэр», Жылау Арсен зи унафэщI «Кавказыр». Абыхэм жаIащ КъардэнгъущI Зырамыку игъэзащIэу щыта уэрэдыжьхэм ящыщхэр. Пшыхьыр ягъэдэхащ уэрэджыIакIуэхэу ТхьэкIумащIэ Аслъэн, ШыкIэбахъуэ Ислъам сымэ. Ислъам «Бэчмырзэ и тхьэусыхэ» уэрэдыр нэхъыжьыфIым и пщIэм хуэфащэу зэригъэзэщIам ди гур хигъэхъуащ.
Къыхэзгъэщыну сыхуейщ пшыхьым щIалэгъуалэр жыджэру зэрыхэтар. Абыхэм уэрэдыжьхэр, макъамэ тхыдэр зэрафIэгъэщIэгъуэныр куэд и уасэщ. Я цIэ къисIуэнущ уэрэдыжьхэр фIыуэ зылъагъу Тхьэгъэлэдж Тамерлан, шыкIэпшынауэ Къуныжь Хьэмид сымэ. Нэхущхэ Андзоррэ Маринэрэ зи унафэщI «Бахъсэн ауз» щIалэгъуалэ къэфакIуэ гупми ди Iуэхур къыддиIыгъащ.
Пшыхьыр зэхуэсщIыжащ Къуэныкъуей Замиррэ Бейтыгъуэн 1эуесрэ зэдатха «Адыгэ нып» усэм и псалъэхэмкIэ стха уэрэдымкIэ. Абыи зы щIагъыбзэ щIэслъхьащ: КъардэнгъущIым игъэзащIэу щыта уэрэдхэм яхэтщ ныпым я гур къыщIиIэтэу е ар я губампIэдэхыу яусахэри.
«КПРФ»-м КъБР-м и Парламентым щиIэ къудамэм и унафэщI Пащты Борис пшыхьым къыщызитащ «300 лет Ломоносову» медалыр. КПРФ-м иубзыхуа тыгъэ лъапIэр къысхуагъэфэщащ лъэпкъ гъуазджэм щIэблэр зэрыдезгъэхьэхым и щIыхькIэ. Ар сэркIэ лъапIэщ.
ФIыщIэ ин яхузощI пшыхьыр едгъэкIуэкIын папщIэ къыддэIэпыкъуа къэрал IуэхущIапIэхэм.