Дыщэм нэхърэ нэхъ лъапIэр

 Къурмэн махуэр зи цIэм епха Ибрэхьим Бегъымбарым Алыхьталэм къыфIища цIэ лейхэм язщ «Хъэлил»-р, и мыхьэнэкIэ: «ныбжьэгъу». Ар зэхаха нэужь, мелыIычхэр щIэупщIащ: «Уа Ди Тхьэ! Уэ Ибрэхьим ныбжьэгъу пхуэхъуну? Ар зэи хущIыхьэркъым, абы щхьэгъусэ, бын, мылъку иIэщ, и щхьэ Iуэхур къэгъэнауэ. 
 - Сэ си пщылIым и теплъэми и мылъкуми сеплъыркъым. Си ныбжьэгъум Сэ Схуэдэу зыри фIыуэ зэримылъагъур СощIэ. Фи фIэщ мыхъумэ, вгъэунэху, - къажриIащ. 
 Алыхьым и нэфIыр зыщыхуа Ибрэхьим хьэ 12 иIэт щакIуэ здишэу, мэлхэр щигъэхъукIэ ящхьэщигъэту. Хьэ къэс дыщэ пщэхъу илът. Ибрэхьим абыкIэ къигъэлъэгъуэну зыхуейр дунеягъэр къызэрыфIэмыIуэхурт. 
 Махуэ гуэрым ДжэбрэIил мелыIычыр Ибрэхьим деж цIыху сурэтым иту къэкIуащ. 
- Хэт мы мэлхэр зейр? - жеIэри къоупщI. 
- Алыхьым ейщ, ауэ иджыпстукIэ сэ сакIэлъоплъ. 
- Языхэз къызэщэ. 
- Алыхьым и цIэр къиIуи, хъушэм и Iыхьэ щанэр ууейщ. 
- Суббухьун, къуддусун, рэббуль мэлаIикэти уэррухь. 
 Ибрэхьим мэлхэм я Iыхьэ щанэр абы иритри, жриIащ: 
 - Иджыри зэ Алыхьым и цIэр къиIуи, етIуанэ Iыхьэ щанэри къащтэ! 
 - Суббухьун, къуддусун, рэббуль мэлаIикэти уэррухь.
 ЕтIуанэ Iыхьэ щанэри ирита нэужь, Ибрэхьим жеIэ: 
 - Иджыри зэ Алыхьталэм и цIэр къиIуи, мэл псори, мэлыхъуэхэри, ахэр зыхъумэ хьэхэри ууейщ. 
- Суббухьун, къуддусун, рэббуль мэлаIикэти уэ ррухь, - жиIащ аргуэру цIыху сурэтым ит ДжэбрэIил-мелыIычым. 
- ЕплIанэу Алыхьталэм и цIэр къиIуэжи, уи пщылI сыхъунщ! – увыIэркъым Ибрэхьим лъапIэри. 
Абдежым Алыхьталэр ДжэбрэIил къеупщIащ: 
- Уа ДжэбраIил! Дауэ къыпщыхъуа Си ныбжьэгъур? 
- Уа ди Тхьэ! Уи ныбжьэгъур пщылIыфI дыдэщ!
 АпщIондэху Ибрэхьим мэлыхъуэхэм яжреIэ: 
- Мэлхэр иджы фызейм и ужьым иту ефхужьэ. 
 - Сэ зыуи сщIынукъым ахэр! – жиIэщ ДжэбрэIили, Ибрэхьим зыкъригъэцIыхуащ. АрщхьэкIэ мыдрейм: 
 - Сэ Алыхьым сриныбжьэгъущи, зыгуэрым естар къеIысхыжыркъым, - къыжриIащ. 
 Абдежым Алыхьталэм Ибрэхьим уэхьий къыхуигъэкIуащ: 
 - Мэлхэр щэ, ахъшэ къыщIэкIамкIэ щIырэ унэрэ къэщэхуи, щIэин псапэу ты. 
 Ибрэхьим мэлхэр ищэри, къыпэкIуа мылъкур псапэу итащ. Иджы Ибрэхьим лъапIэм и кхъащхьэм екIуалIэхэм ирагъэшх псори а мэлхэм къыщIэкIа ахъшэм къыхахауэ аращ. 

Мэз бжэным и фIэщхъуныгъэр

 Щихъыр къумым иту псы хуэлIати, кIапсэрэ пэгунрэ къищтэри, псыкъуийм бгъэдыхьащ, псы къригъэхъуэну. Пэгуныр щридзых дыдэм, кIапсэр зэпычри, пэгуныр псыкъуийм ихуащ. Щихъым тIэкIурэ зиIэжьэри, Алыхьым зыхуигъэзащ: «Уа ди Тхьэ! Уи лъэщагъым срищыхьэтщ! Е мы пэгуныр сигу пыгъэкIи сыIугъэкIыж, е ар къысIэрыгъэхьэж». 
 Абдеж дыдэм псыкъуийм деж мэз бжэн къыIухьащ. Ар псыкъуийм бгъэдыхьэу зэриплъэу, абы ит псым зыкъиIэтри, щихъым и пэгуныр къыдрихьеижащ. Щихъым и пэгуныр къищтэжауэ магъ: «Уа ди Тхьэ! Сэ мы мэз бжэным елъытауэ сымызыриу ара? Абы хуэпщI пщIэр къэзлэжьатэкъэ?»
 «Уа тхьэмыщкIэжь! – къыжраIащ абы. – Уэ пэгунрэ кIапсэрэ къапщтэри укъэкIуащ. Мэз бжэныр Дэ фIэкIа зыми щымыгугъыу, фIы зэрыхуэдгъэзэнум шэч къытримыхьэу къэкIуати, зыхуейр къигъуэтащ». 

 

ЧЭРИМ Марианнэ.
Поделиться: