Мэкъуауэгъуэм и 6-хэм хуозэ мыгъэрей Къурмэн Хьид махуэ лъапIэр, Хьиджрэ махуэгъэпсымкIэ зуль хьиджджэ мазэм и I0-р. Абы и пэ къихуэ жэщипщIым я лъапIагъыр КъурIэным Алыхьталэм и тхьэрыIуэкIэ «Фэджр» сурэм къыщыхэгъэщхьэхукIащ: «ЖэщипщIымкIэ соIуэ» (89:2).
Махуэхэм я гугъу тщIымэ, Къурмэн Хьидым и пэ къихуэ ебгъуанэмрэ (Арафат ) еянэмрэ (Тэруие) нэхъ къыхагъэщ. Арафат махуэм и псапэм нэщIыныр куэдым хабзэ яхуэхъуащ, ауэ Тэруием теухуауэ тщIэр нэхъ мащIэщ. Фызэрыщыгъуазэщи, мы махуипщIым къриубыдэу Мэккэ, Мадинэ къалэ лъапIэхэм екIуэлIахэм хьэж ящI. Еянэ махуэм хьэжыщIхэр Минэ щIыпIэм макIуэ. ТхыдэкIэ а махуэм сыт къэхъуар жытIэмэ, Ибрэхьим лъапIэм и къуэр къурмэн ищIу пщIыхьэпIэ щилъэгъуар абы и пэ къихуэ жэщрати, ар Алыхьталэм къыбгъэдэкIрэ шейтIаным къигъапцIэрэ зэхигъэкIын папщIэ, а махуэм гупсысащ. «Тэруие» жиIэмэ, къикIыр «гупсысэгъуэщ». КъыкIэлъыкIуэ жэщым «унафэр гъэзащIэ» псалъэхэр зэхиха нэужь, пщIыхьыр Алыхьталэм къызэрыбгъэдэкIым шэч къытрихьэжакъым. «Арафат» е нэхъ пэжу «Хьэрэфэ» псалъэм къикIыр «щIэнщ» е «щIэныгъэщ».
Гъэ къэс зэхуэтхьэсыж зэман лъапIэм епха хьэдисхэм иджы Тэруием теухуа зыбжани къахэдгъэхуэнщ:
«Тэруие махуэм гуэныхь зыпылъ псалъэ къыжьэдэмыкIыу нэщI зыIыгъа муслъымэныр Жэнэтым ихьэнущ».
«Тэруие махуэм нэщI зыIыгъам пщылI I000 зыутIыпщыжам, махъшэ 2000 къурмэн зыщIам, Алыхьым и гъуэгуанэм шы 3000 хуэзыутIыпщам и псапэр къыIэрыхьэнущ».
«И гуэныхьыр къыхуагъэгъуэнущ Арафат махуэм и тхьэкIумэм, и нэм, и бзэгум я унафэ хуэзыщIыжыфым» (Хьэрэмым щIэдэIуным, еплъыным, жиIэным щызыхъумэр, жыхуиIэщ).
Къурмэн махуэр зи цIэм епха Ибрэхьим Бегъымбарым Алыхьталэм къыфIища цIэ лейхэм язщ «Хъэлил»-р, и мыхьэнэкIэ: «ныбжьэгъу». Ар зэхаха нэужь, мелыIычхэр щIэупщIащ: «Уа Ди Тхьэ! Уэ Ибрэхьим ныбжьэгъу пхуэхъуну? Ар зэи хущIыхьэркъым, абы щхьэгъусэ, бын, мылъку иIэщ, и щхьэ Iуэхур къэгъэнауэ.
- Сэ си пщылIым и теплъэми и мылъкуми сеплъыркъым. Си ныбжьэгъум Сэ Схуэдэу зыри фIыуэ зэримылъагъур СощIэ. Фи фIэщ мыхъумэ, вгъэунэху, - къажриIащ.
Алыхьым и нэфIыр зыщыхуа Ибрэхьим хьэ I2 иIэт щакIуэ здишэу, мэлхэр щигъэхъукIэ ящхьэщигъэту. Хьэ къэс дыщэ пщэхъу илът. Ибрэхьим абыкIэ къигъэлъэгъуэну зыхуейр дунеягъэр къызэрыфIэмыIуэхурт.
Махуэ гуэрым ДжэбрэIил мелыIычыр Ибрэхьим деж цIыху сурэтым иту къэкIуащ.
- Хэт мы мэлхэр зейр? – жеIэри къоупщI.
- Алыхьым ейщ, ауэ иджыпстукIэ сэ сакIэлъоплъ.
- Языхэз къызэщэ.
- Алыхьым и цIэр къиIуи, хъушэм и Iыхьэ щанэр ууейщ.
- Суббухьун, къуддусун, рэббуль мэлаIикэти уэррухь.
Ибрэхьим мэлхэм я Iыхьэ щанэр абы иритри, жриIащ:
- Иджыри зэ Алыхьым и цIэр къиIуи, етIуанэ Iыхьэ щанэри къащтэ!
- Суббухьун, къуддусун, рэббуль мэлаIикэти уэррухь.
ЕтIуанэ Iыхьэ щанэри ирита нэужь, Ибрэхьим жеIэ:
- Иджыри зэ Алыхьталэм и цIэр къиIуи, мэл псори, мэлыхъуэхэри, ахэр зыхъумэ хьэхэри ууейщ.
- Суббухьун, къуддусун, рэббуль мэлаIикэти уэ ррухь, - жиIащ аргуэру цIыху сурэтым ит ДжэбрэIил-мелыIычым.
- ЕплIанэу Алыхьталэм и цIэр къиIуэжи, уи пщылI сыхъунщ! – увыIэркъым Ибрэхьим лъапIэри.
Абдежым Алыхьталэр ДжэбрэIил къеупщIащ:
- Уа ДжэбраIил! Дауэ къыпщыхъуа Си ныбжьэгъур?
- Уа ди Тхьэ! Уи ныбжьэгъур пщылIыфI дыдэщ!
АпщIондэху Ибрэхьим мэлыхъуэхэм яжреIэ:
- Мэлхэр иджы фызейм и ужьым иту ефхужьэ.
- Сэ зыуи сщIынукъым ахэр! – жиIэщ ДжэбрэIили, Ибрэхьим зыкъригъэцIыхуащ. АрщхьэкIэ мыдрейм:
- Сэ Алыхьым сриныбжьэгъущи, зыгуэрым естар къеIысхыжыркъым, - къыжриIащ.
Абдежым Алыхьталэм Ибрэхьим уэхьий къыхуигъэкIуащ:
- Мэлхэр щэ, ахъшэ къыщIэкIамкIэ щIырэ унэрэ къэщэхуи, щIэин псапэу ты.
Ибрэхьим мэлхэр ищэри, къыпэкIуа мылъкур псапэу итащ. Иджы Ибрэхьим лъапIэм и кхъащхьэм екIуалIэхэм ирагъэшх псори а мэлхэм къыщIэкIа ахъшэм къыхахауэ аращ.