Пуэрто-Рикэ дэт университетым зэгъэпщэныгъэ литературэмкIэ и профессорщ Баральт Люси 1983 гъэм щегъэжьауэ морискхэм я тхыдэр джынымкIэ Тунисым щыIэ дунейпсо комитетым и вице-президенту мэлажьэ. Иджыблагъэ абы къыдигъэкIащ «Испанием щыпсэуа муслъымэнхэм я литературэ щэху» зыфIища тхылъыр.
«Альхамиядо» - апхуэдэцIэ зэрехьэ XVII лIэщIыгъуэм Испанием кърахуа морискхэм къагупсыса «щакIуэбзэм», нэгъуэщIу жыпIэмэ, тхэкIэ щэхум. Щыпсэу щIыпIэри, зэрыпсалъэ бзэри, зэрахьэ динри зыпаубыда, ар егъэзыгъэкIэ зрагъэхъуэжа, итIанэми, зытета псэукIэ хабзэм Iэмал бзыщIакIэ къытенэн папщIэ, бзэщIэ къэзыгупсыса лъэпкъщ профессорыр зытепсэлъыхьыр, езыри абыхэм къазэрыхэкIам итхар нэхъ гунэс пщищIу.
Баральт Люси испан литературэр куууэ зыджа щIэныгъэрылажьэщ. ХэкIуэдэжыпэным нэса макъхэм къару ящIэзылъхьэжа профессорым и тхылъыр щIэныгъэм и дунейм ехъулIэныгъэшхуэу къыщалъытэ. Андалузие щIыналъэ цIэрыIуэм къызэринэкIа напэкIуэцI гущIыхьэхэрщ ар зытепсэлъыхыр. «Мыр щIэныгъэ лэжьыгъэ къудейкъым, - хужаIэ абы и тхылъым. – Лъэпкъ узыфэм и джэрпэджэжщ икIи и гъуджэщ, щхьэхуимыту щыму псэуа, гукIэ фIэкIа ныкъуэкъуэну Iэмал зимыIа цIыхубэм я тхыдэщ». Мы лэжьыгъэм и мыхьэнэр къыбгурыIуэн папщIэ, тхакIуэм тхылъым и хуэгъэфэщэныгъэм тритхар урикъунщ: «ЗэрытекIуэдэнур ящIэу, мы литературэ щэхур къэзыгъэщIа цIыхухэм яхузогъэфащэ си лэжьыгъэр, ахэращ ипэжыпIэкIэ мы тхылъыр зытхар».
Европэм, Тыркум, хьэрып къэралхэм щыIэ библиотекэ нэхъ ин дыдэхэм щылажьэурэ, тхакIуэм пасэрей Iэрытххэр къигъуэтыжащ. Абы и къэхутэныгъэхэр испаныбзэкIэ, инджылызыбзэкIэ, франджыбзэкIэ зэрадзэкIащ. Андалузием и цивилизацэ абрагъуэ кIуэдыжам и дахагъымрэ и узымрэ къыхощ Баральт и лэжьыгъэхэм.
Гранадэм хуитыныгъэр щыфIэкIуэда 1492 гъэм щегъэжьауэ 1609 гъэ пщIондэ Андалузием иса муслъымэнхэр я хэкум кърахури, къэнахэм лъэщыгъэкIэ чыристан диныр кърагъэщтауэ щытащ. А къафIинахэрат «мориск» зыфIащар. Испан тетыгъуэм ахэр егъэлеяуэ гущIэгъуншэу дикъузэрт. Къэралым зэрихьэ лейм хабзафэ къытригъэуэн папщIэ, правительствэм цIыхухэр хуэтхьэусыхэ хуэдэу, морискхэм зэраныгъэшхуэ къабгъэдэкIыу зыгъэIу тхыгъэхэр ирагъэтхырт езыхэм я телъхьэхэм. Арати, хуэмурэ абыхэм я бзэри, я динри, я хабзэхэри зэрахьэныр щIэпхъаджагъэу зыгъэув унафэхэр къыдагъэкIащ. Сыту ещхь мыр Кавказ зауэм и зэманым «хъунщIакIуэрэ» «цIыхуукIрэ» псалъэхэм фIэкIа зыхуамыгъуэта бгырыс лъэпкъхэм иращIам. ЛъэпкъгъэкIуэдыр морискхэм щращIылIа I609 гъэм и пэ илъэс куэд итащ ахэр лъэбакъуэ зырызкIэ зытетым къытрашыным хуэунэтIауэ. Е дэ дэщхь фыхъу, е щIыналъэм фикI – аракъэ зэрыпхъуакIуэ псоми къарууншэхэм паубыдыр. Ауэ нобэ нэхъыбэу дызытепсэлъыхьыр морискхэм зэрызахъумэжа, «альхамиядо» зыфIаща бзэрщ. Ар къэунэхуным щхьэусыгъуэ хуэхъуар 1566 гъэм Испанием къыщащта хабзэщIэрщ: абдежым щегъэжьауэ хьэрыпыбзэр къэзыгъэщхьэпэр а Iуэхум текIуэдэну арат.
Зэрызахуэр зыщIэж цIыхум и псэр быдэщ. Морискхэм испаныбзэм и кастильскэ къудамэмрэ хьэрыпыбзэмрэ зэхэту, езыр хьэрып хьэрфхэмкIэ ятхыу, зэрымыщIэкIэ бзэ щэху къагъэщIауэ къыщIэкIащ, я гум илъыр кърыраIуатэу. Апхуэдэ щIыкIэущ къызэрыунэхуар «альхамиядо литературэр». Сыт абы къахуихьар жыпIэу, адыгэм уеупщIын хуейкъым. Дэ тхэкIэ дапщэ диIа хьэрып, латин алыфбейхэр е тырку хьэрфхэр я лъабжьэу? Мы дызытепсэлъыхь Испанием куэд дыдэкIэ къыщхьэщыкI къыщIэкIынтэкъым уи бзэкIэ упсэлъэну къыщыпхуамыдэ ипэрей Тырку къэралыгъуэри. ЖытIэм щыхьэт хуэпщIыфынущ Бемырзэ Мухьэдин «Тыркум щыпсэу адыгэм и тхьэусыхэр» зыфIища усэм щыщ сатырхэр. Ардыдэхэр мы дызытепсэлъыхь морискхэм яхуэпхьыфынущ:
Ар хъунут уи лъэпкъыцIэр зепхьэну ухуитамэ, Е уи бзэ къыбдалъхуамкIэ упсалъэу къыпхуадамэ. Дыкъыщхьэщыжмэ ди щхьэм, дэ къытфIащыжыр бий, Дэ дещхьщ яубэрэжьауэ ямыгъагъыж сабийм
Морискхэм къагъэунэхуа бзэщIэм и фIыгъэкIэ, абыхэм я щIэблэм езыхэм лъапIэу къалытэ гупсысэкIэр хапщэфащ. ГъэщIэгъуэнращи, мыбыхэм чыристан диныр кърагъэщтам и мызакъуэу, езыхэми чыристаныфэ зытрагъауэрт. АпщIондэху я тхыгъэ щэхухэмкIэ захъумэжыным хущIэкъухэрт. Блынхэм, унащхьэхэм, унэлъэгу лъабжьэхэм щахъумащ морискхэм я тхыгъэхэр, археолог щIытIхэр щрагъэкIуэкIым, ахэр къагъуэтыжащ. АпщIондэху яшэчын хуей хъуари наIуэ къэхъуащ.
Иджыри зы кавказ цIыху Iущ дигу къегъэкIыж дызытепсэлъыхь лъэпкъыр зыхэта бэлыхьым. Ар нэхъ пасэу зи гугъу тщIа шэшэн дин щIэныгъэлIышхуэ Кунтэ-Хьэжыщ. И лъэпкъыр зэман гугъум щыхуигъэхьэзырым, абы мыпхуэдэ уэсят къигъанэрт: «Зауэм дыкъызэрыхэмыкIым ди бжьыгъэр гужьеигъуэу хегъэщI. Пащтыхь унафэр ди щIыналъэм къиужьгъакIэщ. Сэ си фIэщ хъуркъым тырку сулътIаным ди хуитыныгъэр къыфIэIуэхуу е дыкъригъэлыну хуейуэ. Ар пэжкъым, тырку сулътIанри урыс пащтыхьым хуэдабзэу залымщ. Фи фIэщ фщIы, сэ си нэкIэ слъэгъуащ хьэрып къэралхэм шэрихьэтыр гъэпщкIупIэу къыщызыгъэсэбэп лейзехьэхэр. Алыхьым дызэуэныр афIэкIа фIэкъабылкъым. Аращи, члисэм фыщIыхьэ жаIэмэ, фыщIыхьэ, ар ухуэныгъэу аркъудейщ. Жор зыпщIэхэфлъхьэ жаIэмэ, зыпщIэхэфлъхьэ, ар гъущIыпэу аркъудейщ, апщIондэху фигурэ фи псэкIэ муслъымэну фыкъанэу. Ауэ фи цIыхубзхэм лей ирахмэ, фи бзэр, фи хабзэмрэ псэукIэмрэ фщагъэгъупщэну хуежьэхэмэ, фапэщIэуви, зы цIыху къэмынэжа папщIэ, фыкъимыкIуэт».
1501 гъэм унафэ ткIий къыдагъэкIащ: мыхэр е чыристан мэхъу, е хамэщIым мэIэпхъуэ. ИпэжыпIэкIэ мориск цIэр зыфIащари чыристан диным ихьа дыгъуасэрей муслъымэнхэрт. 1562 гъэм пащтыхь Филипп ЕтIуанэм унафэ къыдегъэкI хьэрыпыбзэм и испан къудамэмкIэ зыри псэлъэну хуимыту, хьэрып фащэ щыптIагъэ мыхъуну, уеблэмэ хьэмэмым укIуэну ямыдэу, сыту жыпIэмэ, «махуэ къэс зыптхьэщIыныр чыристан хьэлкъым». Иджырей сабынхэм нэхъ цIэрыIуэу яхэтыр «кастильскэ» лIэужьыгъуэрщ. Ар мы зи гугъу тщIы испан хьэрыпхэм ягъавэрти, чыристанхэми ящIу зрагъасэри, нобэми а цIэм къытенауэ тетщ, ауэ щыхъукIэ, и зэхэлъхьэкIэм езыгъэсар апхуэдэ щIыкIэу дакъуза муслъымэнхэрт.
Испан щэнхабзэр бгырысхэм ейм куэдрэ ирагъэщхь. А псом и щэхур зэманым къегъэнаIуэ. Гранадэ къалэм щыщт испан усакIуэ цIэрыIуэ Гарсиа Лоркэ Федерикэ. Абы шэч къытрихьэртэкъым и къалэм щыпсэу дэтхэнэ зыми и лъынтхуэм морискхэм ялъ зэрырижэм.