Лъэпкъ IэщIагъэр зыхъумэхэр

КъБР-м и Лъэпкъ музейм щагъэлъагъуэ дэнлъэч пасэрей IэщIагъэ дахэм дихьэххэм я лэжьыгъэхэр. Ар къызэригъэпэщащ ХьэцIыкIу Рае зи унафэщI, адыгэбзэр, адыгэ хабзэр, щэнхабзэр хъумэным телажьэ «Адыгэ дуней» лъэпкъ фондым. 
Гъэлъэгъуэныгъэм хузэхуахьэсат дыщэидэкIэ щIа бзылъхугъэ пхъуантэ цIыкIухэр, хьэлэмэту зэIуща цIуугъэнэхэр, жьыхухэр, пэшхэр зэрагъэдахэ, шууейхэм къагъэсэбэп хьэпшыпхэр, нэгъуэщIхэри. Лъэпкъ IэщIагъэр зи лъабжьэ а дахагъэм уимытхьэкъункIэ Iэмал иIэкъым.
КъыжыIапхъэщ: Налшык щылажьэ «Дэнлъэч» студием илъэс зыбжанэ хъуауэ ныбжьыщIэхэр йокIуалIэ. Лъэпкъым къыдекIуэкI хъугъуэфIыгъуэхэр хъумэжынырщ, щIэблэр пасэрей IэщIагъэ дахэм хэгъэгъуэзэнырщ гупжьейр зыгъэлажьэхэм я къалэн нэхъыщхьэр. 
КъБР-м и Лъэпкъ музейм и унафэщI Накуэ Феликс зэIущIэм къыщыщыпсалъэм къыхигъэщащ дыщэидэм и фIагъымрэ дахагъымрэ тхыдэшхуэ зэриIэр, гъуаплъэ зэманым щыщIэдзауэ мыпхуэдэ IэщIагъэхэр адыгэм къазэрыдекIуэкIыр, ди лъэпкъэгъу IэпэIэсэхэм я IэдакъэщIэкIхэр зыхуагъадэ щымыIэу, щIэупщIэ яIэу зэрыщытар. Пасэрей IэщIагъэ дахэр зымыгъэкIуэдыжхэм, абы зезыгъэужьхэм я IэдакъэщIэкIхэу Iэщэм, фащэм, шы-уанэ зэтелъым ирахьэлIэу щытахэр зэрыгъэщIэгъуэныщэр жиIащ абы. Псалъэм аппщIэ, фэилъхьэгъуэхэмрэ хьэпшыпхэмрэ ирагъэдахэ къудей мыхъуу, тхыпхъэм гупсысэ куу, мыхьэнэшхуэ иIэу зэрыщытам къытеувыIащ Феликс, икIи пасэрей IэщIагъэм и гъащIэм къыпызыщэхэм, лэжьыгъэхэр зи IэрыкIхэм абы фIыщIэ яхуищIащ лъэпкъ хъугъуэфIыгъуэхэм щIэблэр зэрыдрагъэхьэхым папщIэ.
- Адыгэм ди тхыдэр тщIэн, дджын, дригушхуэн, тхуэхъумэн, тхуэгъэкIуэтэн хуейщ. Абыхэм язщ ди хабзэ дахэхэри, - жиIащ «Адыгэ дуней» лъэпкъ фондым и унафэщI ХьэцIыкIу Рае. – Ди фондым пщэрылъ зыщищIыжахэм ящыщщ щIэблэр дахагъэм дихьэхыу гъэсэныр. Нобэрей гъэлъэгъуэныгъэри абы щыщ зы Iуэхугъуэщ. ДыщIохъуэпс «Дэнлъэч» гъэлъэгъуэныгъэр адыгэ IэщIагъэ дахэм и санэхуафэ хъуну, адэкIи кIуэтэну, зиужьыну. Нобэ мыбы къекIуэлIахэм ар хагъэIуэну, щIалэгъуалэм нэхъыбэу а дахагъэм зратыну дыщогугъ. 
Сабийхэм ядэлажьэ Дзыгъур (Тэрчокъуэ) Марьянэ къытеувыIащ сабийхэр хуабжьу жып телефонхэм, планшетхэм, Интернетым зэрыдахьэхым абы я акъылым, щытыкIэм, хабзэм, я хьэл-щэным зэрызригъэхъуэжым икIи а псор къалъытэу, щIэблэм сэбэп зэрахуэхъуфынум зэрегупсысам. Абы къыхигъэщащ сабийхэм заужьын папщIэ IэпэкIэ лэжьэн зэрыхуейр. Абы и лъэныкъуэкIэ лъэпкъ IэщIагъэхэр псом хуэмыдэжу сэбэпщ. IэщIагъэ дахэр лъэпкъым къытхуэзыхьыжа Шыкъ Талихь гурыIуэщ, интернеткIэ, телевиденэкIэ хъыбар зэбграгъэкIри, мы Iуэху щхьэпэр ирагьэжьауэ щытащ. Талихь зыгъэсар IэпэIэсэ цIэрыIуэу щыта и анэ Пщыгъуэтыж-Шыкъ Шэхьризэтщ. IэщIагъэ дыдэ яхуэмыхъуми, я IэкIэ ягьэхьэзыр дахагъэхэм хъыджэбз цIыкIухэм я хьэл-щэным фIыкIэ зрегъэхъуэж, Марьянэ зэрыжиIамкIэ.
Тыркум къыщыхъуа, адэжь Хэкум къэзыгъэзэжа Шыкъ Талихь тепсэлъыхьащ мы IэщIагъэ дахэр сыт щыгъуи я унагъуэ илъу къызэрекIуэкIам, и анэм хэкужьым икIа бзылъхугъэхэр, езыри яхэту абы зэрыщIипIыкIам, Истамбыл щыIэ Хасэм лъэпкъ IэщIагъэм щыхуагъасэ и гупжьейми екIуалIэхэр игъасэу зэрыщытам, иджы хуэсакъыу, и анэм и фэеплъу а IэщIагъэр зэрихъумэм, нэгъуэщIхэми. Талихь и анэр къыщалъхуа махуэм ирихьэлIэу гъэлъэгъуэныгъэр къызэрагъэпэщащ.
Республикэм щыпсэухэмрэ абы и хьэщIэхэмрэ Iэмал фиIэщ IэпэIэсэхэм я IэрыкI дахэхэм феплъыну бадзэуэгъуэм и 12 пщIондэ. 
ТЕКIУЖЬ Заретэ.
Поделиться: