Есэнокъуэхэ зэшищ хъурт: Уэзырмэс, Темыркъан, Уэзырмэдж. Хъыжьэхэт, lэщакlуэхэт, леймыгъэгъут. „Есэнокъуэхэ леймыгъэгъуищ“ зыхужаlэр а зэшищыращ. Чэфыщ зэшитlыр бий къахуэхъуащ Есэнокъуэхэ. Бий зэхуэхъуауэ, Чэфыщхэ къатехьэри, хэкур ябгынэн хуейуэ хасэм унафэ ящlащ.
Хэкур щlабгынэн хуей лажьэ яlэщlэщlатэкъым Чэфыщ зэшитlым, пцlы къатехьауэ арат, пцlы къазэрытехьар Есэнокъуэхэ ящlэрт, Есэнокъуэхэ щыхьэт хъумэ, Чэфыщхэ хейуэ хэкlынут. Чэфыщ зэшитlыр Есэнокъуэхэ кlуащ:
- Пцlы къызэрыттралъхьэр фощlэ, щыхьэт фыкъытхуэхъу, дывихьэщlэщ, - жаIэри.
Хьэщlэ яукl хабзэтэкъыми, Есэнокъуэхэ жаlащ:
- Тщlэр дыбзыщlынкъым, хасэр къыдэупщlмэ. Ди унэ фикlыжмэ, фыдибийщи, фхуэдгъэгъунукъым, фыкъытщымыгугъ.
Есэнокъуэхэ зэшищыр щыхьэт хъури, Чэфыщхэ хейуэ хэкlащ. Хейуэ хагъэкlами, ялъ ящlэжыху, Есэнокъуэ зэшищыр Чэфыщхэ я ужь къикlакъым. Есэнокъуэ зэшищым я лlыгъэм и хъыбар кlахэпщ гуэрым деж нэlусащ. Кlахэпщыр, Къуийцlыкlуокъуэ Дэгужь, вым хуэдэт, мэхъашэт.
- Есэнокъуэхэ я лlыгъэр згъэунэхунщ, - жери, Къуийцlыкlуокъуэ Дэгужь къэшэсащ, Есэнокъуэхэ ирихулlэри джащ.
Зэшищым я нэхъыщlэр, Уэзырмэдж, унэм икlащ:
- Еблагъэ, - жери.
- Хэт дэс? - къеупщlащ Къуийцlыкlуокъуэр, уанэгум здисым.
- Си закъуэщ, - жиlащ Уэзырмэдж.
Щlалэр къиукlащ Къуийцlыкlуокъуэм:
- Есэнокъуэхэ леймыгъэгъущи, ялъ зэращlэжым деплъынщ, - жиIэри.
Уэзырмэдж къиукlри, Къуийцlыкlуокъуэр ежьэжащ.
- Къуийцlыкlуокъуэ Дэгужь фlэкlа ар къыдэзыщlэфын щыlэкъым, - жиIэри, Уэзырмэс Къуийцlыкlуокъуэм кlэлъыкlуащ: - Сызыгъэлlыщlэн солъыхъуэ, - жиIэри.
- Сыт уи лlыгъэ? - къеупщlащ Къуийцlыкlуокъуэр.
- Шыбзыхъуэ сыпхуэхъунщ, шыгъашхэ сыпхуэхъунущ.
- Атlэ, - къыжриlащ Къуийцlыкlуокъуэм, - зекlуэ сежьэн мурад сиlэщи, си шыр гъуэгуанэм хуэгъэхьэзыр.
Пщым и шыр гъуэгум хуэгъэхьэзыращ Есэнокъуэ Уэзырмэс. Зекlуэ щежьэм, Къуийцlыкlуокъуэм и шыгъашхэри зыщlигъуащ. Гъуэгум щигъэбэлэрыгъри, Уэзырмэс Къуийцlыкlуокъуэр иукlащ. Есэнокъуэ зэшищым я уэрэдым иужьым жеIэ: «Къуийцlыкlуокъуэр щlэзгъафэри, Афэ псыгъуэр къыщысхщ, И тхыныхур зыхэлъым хыгъуэ, Си гум дэгъуар дэкlащ...».
Зэшищым мыпхуэдэ хъыбари къадокlуэкI. Есэнокъуэхэ я фызыжьым и къуэхэр щигъэшэскlэ яжриlэрт:
- Бийм фи щlыб хуэгъэзауэ фылlэмэ, фыщlэслъхьэжынкъым!
Ар дэнэ къэна, хьэдэгъуэшэр къатехуауэ я псэр щыхэкlкlи хуэмыхугъэ къакъуэщауэ цlыхум ирамыгъэлъагъункlэ тхьэ иригъаlуэрт и къуищым, шэсын хъумэ. Я анэм ирата псалъэр ягъэпэжащ зэшищым: нэхъыжьитlыр зауэм къыщаукlащ, нэхъыщlэр, и псэ пыт къудейуэ, шым къихьыжащ. Бжэщхьэlум къытехьауэ фызыжьым илъэгъуащ и къуэ нэхъыщlэр уанэгум къызэрихуар.
- И шынэхъыжьитlым илъ ищlэжа? - щlэупщlащ фызыжьыр, бжэщхьэlум здытетым.
- Ищlэжащ, - къыжраlащ.
- Я адэм хуэфащэт, - итlанэщ фызыжьым и къуищыр щигъеижар.
Хъыбархэр зытемыхуэми, адыгэм и гупсысэмрэ и дуней тетыкlэмрэ къагъэлъагъуэ.