Нэхъыжь нэмыс, нэхъыщIэ насып

Пасэ зэманым адыгэхэм яхэлъу щыта хабзэхэм пщIэ лей хуащIу, зэрахуэфащэу ахэр ягъэзащIэу, хабзэщIэкъухэм унафэ яхуэхъуу, фIэкIыпIэ зимыIэу къалъытэу щытащ.

Адыгэ хабзэм быдэу пы­щIат лIыгъэр, цIыхугъэр, нэмысыр, нэгъуэщI хьэл-щэ­ныфI­хэри. Ижь-ижьыж зэманым псэуа адыгэхэм лIы нэсу ялъытэу, пщIэ зыхуащIу щы­тар и щхьэ Iуэху дахэу дэ­зы­гъэкIыр, и унагъуэр зэ­пэ­щу зыгъэпсэур аратэ­къым, атIэ хэкум, лъахэм, къуа­жэм, хьэблэм, бла­гъэм, ныбжьэ­гъу­хэм я сэбэп зы­лэ­жьырт, лей къызыте­хьэм къы­­щхьэ­щы­жырт, зи Iуэху хуэ­мы­кIуэм дэIэпы­къурт, ху­­ты­къуам щIэгъэ­къуэн хуэ­хъурт.

Адыгэ лъэпкъ уардэм ижь-ижьыж лъандэрэ хабзэ дахэм къыдэкIуэу пщIэшхуэ хуащIырт лIыхъужьыгъэ ин, цIыхугъэ лъагэ, нэмысышхуэ, Iэдэбагъ, пэжагъ зыхэлъ цIыхум. Мы Iуэхугъуэхэм, нэгъуэщI хуэIухуэщIэ зыбжанэми щыхьэт техъуэ адыгэ псалъэжь куэдыкIей щыIэщ. Абыхэм ящыщщ хэкум, щIыналъэм (Хэкум емыкIу къы­лъысмэ, псэемыблэжу къыщыж. Хамэ Хэку сыщытхъэ нэхърэ си Хэкужь сыщылIэ. Хэкужьыхьэ лъэщщ. Хэку зимыIэм псори щIыIэ къыщохъу. Хэти езым и Хэкур фIыуэ елъагъуж. Хэкум игъэ­гушхуэр хахуэ мэхъу), лIыгъэм, цIыхугъэм (ЛIы­гъэм хуэлъащэм батэр егъэш. ЛIыгъэм Iэщэр хуэжыIэщIэщ. ЛIым и лIыгъэр зауэм къыщацIыху. ЛIыхъужь и джатэ бзэщхъуркъым. ЛIыгъэ зиIэм Iэщэр ейщ. ЦIыхугъэр пщэи къэпщэхуи хъуркъым. ЦIыху­гъэ зиIэм напэ иIэщ), къуэшыгъэм, ныбжьэгъугъэм, гъунэгъугъэм (Къуэш егъу нэхърэ – ныбжьэгъуфI. ­Къуэш лей щыIэкъым. Ныбжьэгъуншэр зеиншэ пэлъытэщ. Ныбжьэгъугъэр ща­гъэунэхур махуаещ. Гъунэ­гъурэ гъуэншэджрэ. Гъунэгъурэ унэгъурэ), хабзэм, нэмысым (Адыгэ хабзэр адэ щIэиныжьщ. Хабзэр фIымэ, бзыпхъэфIи трах. Нэмыс здэщымыIэм насып щыIэ­къым. Нэхъыжь нэмыс, нэхъыщIэ насып. Нэмысыншэр насыпыншэщ. Нэмысым насып къыдокIуэ), за­уэм, мамырыгъэм, лъахэм (Джатэ и щIагъ нанэ щыIэ­къым. Зауэ езыгъажьэ и щхьэ лажьэ хохуэж. Зауэм и кIэр хьэдагъэщ. Хамэ ущие тхьэмахуэщ, хабзэ хьэху ма­хуищщ. Хэку бгынэнрэ фыз бгынэнрэ зэхуэдэщ. Хьэрэ пэт и къуажэр ибгынэр­къым. Iэщэ зыгъэдалъэм илъ япэ мажэ. Ди унэжь пхъэжь мафIэ. Дунейр къэкIухьи, уи унэ ихьэж. Дыщэ унэ нэхърэ ди унэжь) теухуахэр.

Дызэрыщыгъуазэщи, пасэ зэманым щегъэжьауэ адыгэхэм пщIэ хуащIу, ягъэлъапIэу щытащ гъунэгъумрэ ныб­жьэгъумрэ. Ноби адыгэхэм а хьэлыфIыр яхэлъщ икIи зэпэщу ягъэзащIэ, яхъу­мэ. Абы и лъэныкъуэкIэ куп­щIафIэщ «Гъунэгъурэ гъуэ­н­шэджрэ», «Гъунэгъур унэ­гъущ» жы­хуиIэ псалъэжьхэр.

Куэдрэ дрохьэлIэ цIыху щхьэхуэхэм «Гъунэгъурэ гъуэн­шэджрэ» псалъэжьыр жаIэу, ауэ абы къикIыр, и лъапсэр тэмэму къагурымыIуэу икIи къыбжамыIэфыну. Ар, дауи, бэянщ. Сэ къызэрызгурыIуэмкIэ, мы псалъэжьым къикIыр мыращ: дэтхэнэ зы цIыхури – зихуэпэн хуей щыхъум – псом япэ дыдэ зэпхъуэр гъуэншэ­джыр аращ. Абы хуэдэу, япэ дыдэ зэджэри, цIыхум япэ къигъуэтри гъунэ­гъурщ. Мис аращ пасэрей адыгэм гъуэншэджымрэ гъунэгъумрэ щIызэригъэп­щар, щIызэригъэщхьар.

Апхуэдэ дыдэу «Гъунэ­гъур унэгъущ» жаIэрти, унэгъуу къалъытэрт. Гъунэгъуу ­ябжыр гъунэгъум къигъунэ­гъужыр арат. Пса­лъэжьыр зэрыпэжым щы­хьэт тохъуэ гъунэгъум Iэщ (мэл е бжэн) яукIыу ялъэ­гъуамэ, адрейхэм пIастэ ящIу зэрыщытар. Пэж дыдэу пIас­тэр «гъунэгъу Iыхьэм» дашхырт. Хабзэ дахэу къекIуэ­кIырт яукIа Iэщым щыщ ­гъунэгъуитI-щым хуа­хьыныр.

Гъунэгъум хуэдэ дыдэу ныбжьэгъури ягъэлъапIэу икIи ягъэпэжу щытащ. Ныбжьэ­гъум пщIэшхуэ хуащIу зэрыщытам щыхьэт техъуэ ­адыгэ псалъэжь куэд лъэпкъым къыдогъуэгурыкIуэ. Абы­хэм ящыщщ «Ныбжьэ­гъуншэр зеиншэ пэлъытэщ», «Къуэш егъу нэхърэ ныбжьэ­гъуфI» жыхуи­Iэхэр. Апхуэдэ псалъэжь шэрыуэхэр куэд мэхъу.

Мэкъумэшым елэжьыным, пхъэщхьэмыщхьэ зэмы­лIэу­жьыгъуэхэр къызыпыкIэ жыг­хэр гъэкIыным, Iэщ гъэ­хъуным, хадэхэкI къэгъэкIыным къыдэкIуэу, куэдым бжьэ ягъэхъуу щытащ. А псоми сэджытрэ бытыррэ хатыкIырт. Бжьэ матэхэм фор къыщIаша нэужь, я бла­гъэхэм, Iыхьлыхэм, я ныб­жьэгъухэм яхуэупсэрт, я гъунэгъу зытIущым, зыщыплIым фом щыщ «гъунэгъу Iыхьэ» хуащIырт. Ар, дауи, хьэл-щэ­ныфIщ, цIыхугъэ лъагэщ.

КЪУЭШЫ Аслъэн.
Поделиться: