Мейкъуапэдэсхэм зыхагъэгъуазэУФ-м и СурэтыщIхэм я зэгухьэныгъэм хэт, КъБР-м и цIыхубэ сурэтыщI, КъБР-м ЩэнхабзэмкIэ и министерствэм къегъэщIылIауэ лажьэ ЦIыхубэ творчествэмкIэ щэнхабзэ центрым и унафэщI Жылэ Анатолэ и лэжьыгъэхэр КъуэкIыпIэ лъэпкъхэм гъуазджэмкIэ я къэрал музейуэ Москва дэтым Мейкъуапэ къалэм щиIэ и къудамэм щагъэлъэгъуащ. «Жылэ Анатолэ. Живопись. Графикэ» фIащащ а гъэлъэгъуэныгъэм. ИлъэситIкIэ узэIэбэкIыжмэ, КъБР-м и Лъэпкъ музейм Жылэ Анатолэ и лэжьыгъэхэр утыку къыщыщрихьам, КъБР-м и СурэтыщIхэм я зэгухьэныгъэм и правленэм и унафэщI Къаныкъуэ Жаннэ сурэтхэр Мейкъуапэ и музейми щигъэлъэгъуэну чэнджэщ къызэрыритарщ мы Iуэхум щIэдзапIэ хуэхъуар. Гъэлъэгъуэныгъэр къыщызэIуахым къэпсэлъащ Адыгэ Республикэм щэнхабзэмкIэ и министр Аулъэ Юрэ, музейм и унафэщI ЩауэпцIэ Iэминат. Бзылъхугъэр къахуеджащ РАХ-м и академик СэвкIуий Хьэмид, КъБР-м и СурэтыщIхэм я зэгухьэныгъэм хэтхэм къабгъэдэкIыу ягъэхьа хъуэхъу тхыгъэхэм. ЗэIущIэм къыщыпсэлъащ УФ-м щIыхь зиIэ и сурэтыщI, КъБР-м и цIыхубэ художник, ХудожествэхэмкIэ Урысей Академием хэт, Анатолэ и ныбжьэгъу икIи и лэжьэгъу ГъукIэ Замудин, Адыгэ Республикэм и цIыхубэ художник, АР-м и Художникхэм я зэгухьэныгъэм и правленэм и унафэщI Абакумовэ Еленэ, УФ-м щIыхь зиIэ и сурэтыщI Берсыр Абдулыхь сымэ, нэгъуэщIхэри. Абы зрагъэхьэлIащ КъБР-м и Лъэпкъ музейм и гъэлъэгъуэныгъэ пэшым и унафэщI, Анатолэ ипхъу Жылэ Марьянэрэ театр художник, Анатолэ и къуэ Жылэ Къантемыррэ. - Илъэс зэхуэмыдэхэм сщIа живопись лэжьыгъэу 25-рэ, графикэу - 55-рэ къызэщIеубыдэ мыбы. 2024 гъэр тезухуащ графикэ лэжьыгъэхэм. Апхуэдэщ Данте и «Божественная комедия» тхыгъэм хуэсщIа сурэтхэр. Абы къыхэщ лIыхъужьхэм адыгэ фэилъхьэгъуэхэр «ящыстIэгъащ». Ахэр етIанэгъэ згъэлъэгъуэну си мурадщ. Абы ящыщу 12-р мы выставкэм хэдгъэхьащ. Лохвицкэм и тхыгъэхэм («Громовый гул», «Поиски богов») сурэтибл, Бещтокъуэм и усэхэм 30 тезухуащ, - жеIэ Жылэ Анатолэ. – Лэжьыгъэхэр зытеухуа и лъэныкъуэкIи зэхэзэгъауэ къызолъытэ. Абыхэм ящыщу Къэбэрдей-Балъкъэрым щыпсэухэм ялъэгъуащ «Белое безмолвие», «Одиночество», «Малая Кабарда», «Исход», «Пляска беса» сурэтхэр, «Знаки земли» серием хыхьэхэр. Анатолэ и лэжьыгъэхэм Мейкъуапэ щеплъахэм Iэмал яIащ зэрыцIыкIурэ езым зыщIиша, адыгэ лъэпкъым къыдекIуэкI хабзэ дахэхэмрэ щэнхабзэмрэ къыщигъэлъэгъуа и сурэтхэм зыщагъэгъуэзэну. Ар зыщIапIыкIа адыгэ дунейр, лъэпкъ гупсысэр лIэщIыгъуэкIэрэ мыкIуэдыжу къызэтенэн папщIэ гъуазджэм зэрыхиухуэнэным хущIэкъуащ. Илъэс зыбжанэ хъуауэ ар станковэ, монументальнэ живопись, тхылъ графикэ жанрхэм йолэжь, театр теплъэгъуэхэмрэ телевизионнэ нэтынхэмрэ я декорацэхэр егъэхьэзыр. «Кабардинка» къэрал къэфакIуэ ансамблым художник-постановщикыу дэлэжьащ. Илъэс 20-м щIигъукIэ Жылэ Анатолэ иригъэджащ езым къызэригъэпэща сабий студием екIуалIэхэр, сурэтыщI гъуазджэмкIэ лекцэхэм адыгэбзэкIи урысыбзэкIи къахуеджащ. ШыщхьэуIум и 26-м Мейкъуапэ и музейм ирагъэблэгъащ Жылэ Анатолэ. ХьэщIэхэм Iэмал яIащ сурэтыщIым епсэлъэну, и гъащIэмрэ лэжьыгъэ гъэщIэгъуэнхэмрэ, и IэщIагъэм и щэхухэм зыщагъэгъуэзэну. Зэхыхьэм хэтахэм къыхагъэщащ Анатолэ и IэдакъэщIэкIхэр нэгъуэщIхэм зэремыщхьыр, абыхэм лъэпкъ плъыфэхэр зэрахилъхьар, Iэмал щIэщыгъуэхэр къызэригъэсэбэпыр. Псом хуэмыдэу ягу дыхьахэм ящыщщ 2021 гъэм ищIа, дуней псом щыцIэрыIуэ Хьэгъундокъуэ Елмэсхъан и сурэтыр, «Къамыл зэхуэзыхьэсхэр», «Iуащхьэмахуэ и теплъэхэр» зыфIища и лэжьыгъэхэр. Жылэ Анатолэ зэрысурэтыщI IэпщIэлъапщIэм къыдэкIуэуи, жэуаплыныгъэ ин зыхэлъ цIыху гуапэщ. Дэтхэнэ зы адыгэри ирогушхуэ Анатолэ лъэпкъым и гъуазджэм, щэнхабзэм хэлъхьэныгъэфI зэрыхуищIым, зэрызригъэужьым.
Поделиться:
Читать также:
05.06.2026 - 17:26 →
Чыланий и гъащIэмрэ лэжьыгъэмрэ
04.06.2026 - 14:05 →
СурэтыщI адыгэгу, адыгэпсэ
04.06.2026 - 12:26 →
ЩIэныгъэлIыр зэрагъэукIытар
01.06.2026 - 17:22 →
Уи цIэр фIыкIэ бгъэIуныр
01.06.2026 - 16:13 →
Уджыр къыбогъажьэ
| ||




