МыдаIуэм насып иIэкъым

Щыпсэуащ ди жылэ зы лIыфI гуэр. А лIыфIым егъэлеяуэ былым, мылъку и куэдт. ГуфIэгъуэ къуажэм къыдэхъуамэ, яхыхьэфырт икIи екIуу къахэкIыжыфырт. ЦIыхум нэщхъеягъуэ иIэми хэныртэкъым, хуэкъулейсызмэ, дэIэпыкъунут, хуэкъулейуэ щытми, ядэгузэвэнут. Жылэ зыдэсым цIыхущ, и мылъкури хуэфащэщ хужаIэу псэурт. КIэщIу жыпIэмэ, зы адыгэлIкIэ къыхуэт щымыIэу лIыфIт. 
А лIыфIым зы къуэ бзаджэ иIэт. И адэм къуэр фIым хуиущиинкIи, хуигъэIущынкIи лъэкI къигъанэртэкъым. Ауэ ижь зыхуищIми, сэмэгу зыхуищIми хъуртэкъым, адэм жиIэр и зы тхьэкIумэмкIэ ихьэрти адреймкIэ икIыжырт, и адэм жриIэр бадзэ дым макъыуи къыщыхъуртэкъым. 
Адэм и щхьэ хуигъэфащэртэкъым си къуэр мэкъуейщIей, е къызэдаIуэркъым жиIэну, и къуэ закъуэр хуэмыгъэсауэ цIыхухэм хигъэIуэну и дзэр шырт. Быныр IэфIкъэ, и ныбжь нэхъ хэкIуатэм и щхьэм акъыл къихьэнщ, жиIэрти, фIым щыгугъырт. 
Шы-уанэ зэтелъ иритрэ хьэгъуэлIыгъуэ игъэкIуамэ, шыр ищэрт уанэри зэрытелъуи, и ныбжьэгъу езым хуэдэ жыIэмыдаIуэхэр иригъафэрт. «Уэтэрым кIуэи Iэщхэр зэрыщытым еплъ, си щIалэ», – жиIэрэ игъэкIуамэ, былым щэ ныкъуэ хъун къыпихурти ищэрт. ИкIи абыхэм къыщIэкIар ифын имыухауэ къыдыхьэжыртэкъым. Адэм щIалэ закъуэрат иIэри, щыцIыкIум тIэкIуи имыгъэфIауэ къэнакъым. КъыщIелъэIуа пиубыдакъым, зэхъуэпса къыхуимыщэхуу къигъэнакъым, игу къыпылъадэ ирамыгъэшхыу ягъэтэджыжакъым. Арати, щIалэр кIуэдащ: зыкъыфIэщIыжащ, адрейхэм нэхърэ езыр нэхъыфIу, нэхъ Iущу, нэхъ бланэу, хуэмыщIэнрэ хузэфIэмыкIынрэ щымыIэу къыщыхъужащ. Илъэс тIощIым щынэсым, и адэм пэпсэлъэж хъуащ. 
Адэм фIыуэ къыгурыIуащ мылъкур иIэу и къуэр Iущ зэрымыхъунур. ЩIалэм и ныбжьэгъухэм фIэкIа Iуэху иIэжтэкъым, абыхэм япищIыни щыIэтэкъым, ахъшэ ямыгъэкIуэду иригъафэрт, фызышэ ефэ кIуамэ, ахъшэ яхуитырт. Ныбжьэгъухэми шхапIэ щIагъуэ къагъуэтати, Хьэжмурат и псэ жаIэрт, къыхуэзамэ, IэплIэешэкI зыкъыхуащIырти, делэри хьэлэлри зыщ жыхуаIэу, си Хьэжмуратыр ягъэделэрт, хывым дахьэха танэм ещхьу. 
Зы махуэ гуэрым гузэвэгъуэм ирихулIэри, адэм къигупсысащ и къуэр а и ныбжьэгъу мыфэмыцхэм къазэрыкIэришын: хъушэм нэхъ пшэр дыдэу зы мэл къыхишри яукIащ, дахэу зэпкърихри и фэм кIуэцIилъхьэжащ. ПщэфIапIэм щIилъхьэри щIакIуэр кIыхьу трипIэжащ. Пшапэр зэхэуэри, щIалэр къыдыхьэжащ. «Иджы, си щIалэ, си жьыщхьэ щIэщхъу сIэщIэщIащ, цIыху сIэщIэукIащ. Уи ныбжьэгъухэр щIалэфI защIэу жоIэр, фIыуэ укъэзылъагъу, дзыхь зыхуэпщIхэм къеджи хьэдэр лъэныкъуэ едвгъэгъэз ныжэбэ. Сэ зыми сыкъилъэгъуакъым ар щызукIам, езыр къысщыхьэри залымыгъэкIэ зызигъэукIащ. Аращи, айдэ маржэ, уи ныбжьэгъухэм къеджэ псынщIэу». 
Хьэжмурат сыт хуэдизкIэ мыпсынщIэми, и адэм къыщыщIа щIэщхъур и жагъуэ хъуащ. ИкIи псынщIэу и ныбжьэгъухэм я деж жащ. 
- Си адэм щIэщхъу IэщIэщIащи, маржэ хъун, нобэ хуэдэ зы махуэщ ныбжьэгъу щIыжаIэр, лъэныкъуэ едвгъэгъэз, – елъэIуащ Хьэжмурат махуэ къэс иригъафэ, иригъашхэ и ныбжьэгъухэм. 
Ауэ, зыри къыхуэгузэвакъым, къыщыдыхьэшха фIэкIа, «уи адэр делэрэ лIы иукIамэ, дэ лIо ди Iуэхуу хэлъыр, шыгъу зышхар псы ирефэж», – къыжраIащ. 
Хьэжмурат сыт ищIэнт, и щхьэр фIэлэлу къэкIуэжащ.
- ЛIо, щIалэ, къакIуэрэ уи ныбжьэгъу пэжхэр, мылъкуу диIэр изыфахэр?
- КъэкIуэн дэнэ къэна, ауан сыкъащIам, уэлэхьи. Уи адэм шыгъу ишхамэ, псы ирефэж ирикъуху, жаIэри къысщыдыхьэшхащ. 
- АтIэ, сыт мыгъуэр сщIэн, сэ си ныбжьэгъухэм я деж сыкIуэнщ.
Адэр зыдыхьэ ныбжьэгъур, «еууей, дауэ ухъут?» – жаIэм, баш къащтэху фIэкIа замыIэжьэу къыдэкIыурэ и ныбжьэгъу лIыжьхэр псори къызэхуэсащ. 
- ФыкъакIуэ мыдэ, хьэдэр зыщIэлъыр пщэфIапIэращ, – жиIэри и ныбжьэгъухэр, и къуэри яхэту, пщэфIапIэм щIишащ. ЩIакIуэм и кIапэр иубыдри, ар къытрихым, уэсым хуэдэу хужьу мэл укIар къыщIэщащ. ЛIыжьхэр зэуэ Iэнкун къэхъуащ, ауэ гузэвэгъуэ зэрыщымыIэр хуабжьу я гуапэ хъуащ. СыткIэ мыхъунрэт, хьэдэм и пIэкIэ мэл пшэрыр утыкум илът. 
- Хуабжьу дыбгъэгузэващ, мыр къызыхэпхар сыт? – къеупщIащ лIыжьхэр. 
- Си къуэр иризгъэIущыну арат, – къитащ жэуап адэм. – Си щIалэм и ныбжьэгъухэм я деж згъэкIуати, зы цIыху къыхуэкIуакъым, ауан къащIри къаутIыпщыжащ и щхьэр фIэлэлу. Аращи, мэлыр тшхынщ, алыхьым жиIэм. Зы чей из махъсымэ гъэIэфIауэ диIэщи – дефэнщ, нэху щыху дыщысынщ, зыдгъэтхъэжынщ. 
Адэм сыт хуэдэ Iэмал къимыгупсысами, и къуэр абы щхьэкIэ нэхъыфI хъуакъым. Адэм и мылъкур и къуэм IэщIэкIуэдэну хьисэп щищIым, и мылъкур тIу ирищIыкIащ, езым къылъысыр ищэри, зы матэ из дыщэ ахъшэ къыщIэкIащ. Унэ бгыкъур кърибзыкIщ, ахъшэр ирикIутэри, езым щыщ пхъэбгъу триукIэжащ, и лъащIэ пIащIэм тхьэгъу хиукIащ, тхьэгъур къыIупчым ахъшэр къилъэлъын хуэдэу. 
Ауэрэ куэд дэкIа, мащIэ дэкIа, и адэр зыгъэлIэну узыр къеуэлIащ. И къуэр зыбгъэдигъэтIысхьэри жриIащ: «Иджы, си щIалэ, сэ мы узым сыкъелынукъым, ауэ псалъитI-щы бжесIэжыну арат укъыщIезджар. Балигъ узэрыхъурэ икIи сыбгъэтыншакъым, икIи укъызэдэIуакъым. ИтIани си гур мэуз уэр щхьэкIэ. Сэ сызэрылIэр згъейркъым, уэращ згъейр, иджыри уи щхьэм акъыл къихьакъым, делэм и гъуэмылэр пэшхщ, жиIащ пасэрейм. Абы урещхьщ уэ. Сэ бжесIэну сызыхуейр мырат: мылъкуи, былыми уимыIэжу, уи ныбжьэгъухэми укъызэрамыпэсыжу, гузэвэгъуэр къыщыплъысам деж, месс мо тхьэгъур плъагъурэ? Мис абы кIапсэ быдэ ищIэ, уи пщэм щыгъэлъади зытхьэлэж. И адэр иIэжтэкъыми псэуфакъым хуэмыхур, къыпхужаIэу дунейм ущIытетын щыIэкъым». 
ЩIалэр и адэм жиIэм едэIуащ, икIи дыхьэшхащ: «Еууей, си адэм и акъылыр фIэкIуэдащ». Абы нэхъ хэмылъу щIалэр унэм къыщIэкIыжри, и шакIуу-макIуухэм яхыхьэжащ. 
И адэр зы тхьэмахуэ нэхъ мысымаджэу лIащ. И адэм къыщIэна мылъкур куэдрэ ирикъунт, хэщI фIэкIа зыри къыхэхъуэртэкъым. Зы илъэс, илъэситIым зы шкIэ, е зы щынэ къэмынэу ирифри, щыгъын джафэ щымыгъыу уэрамым щIалэр къыдэнэжащ. 
ХьэгъуэлIыгъуэ гуэр щыIэу и ныбжьэгъухэр кIуэмэ, къефийрт, «Уи жыпым зыгуэр илъым, къакIуэ, Хьэжмурат», – жаIэрти ауан къащIырт. 
Апхуэдэу ауан къэзыщIхэр Хьэжмурат и адэм мылъкуу иIар зышха къомырат. 
Зы махуэ гуэрым жылэм хьэIусыпэ зрату хъуар зэхуэсауэ тхьэлъэкIушхуэ гуэр щыIэт. Хьэжмурат и ныбжьэгъухэри мыкIуэу къэнакъым абы. Хэти щынэ ихьащ, хэти мэл ишащ. Хьэжмурат зигъэшу бжэIупэм Iуст. Я хьэблэ щIалэ гуэр блэкIрэ пэт, Хьэжмурат и Iуэхур зэрымыщIагъуэм гу лъитащ. 
- ЛIо, Хьэжмурат, сыту хуабжьу ибгъапщхьэрэ и пщэ кукъур, дэнэ щыIэ уи ныбжьэгъуфIхэр? – ЩIалэр Хьэжмурат тIэкIу къехъурджауэм фIэфIу псалъитI-щы къыкъуидзащ. 
- НакIуэ тхьэлъэIум, жылэм цIыху къыдэнэркъым. Жьэгу пащхьэ джэдууэ уIусыну бжэIупэм? ТхьэлъэIум куэд, мащIэ иIэкъым, накIуэ зыгуэр уиIэмэ. 
- Гъуэгу махуэ, уэлэхьи, сэ сыздэкIуэнум сыкIуам. А си ныбжьэгъуу жыхуэпIэу мылъкуу диIэр изыфахэр къэфийри блэкIахэщ. Сэ сыт иджы: сыахъшэкъым, сыбохъшэкъым, сыти сащIыжын абыхэм? 
- ЩIагъуэкъым уи Iуэхур, – гущIэгъу хэлъу жиIащ гъунэгъу щIалэм. – Мэ, мы сомыращ сэ схузэфIэкIынур, – къыхуишиящ абы дыжьын сом, – мыбы къыщIэкI къэщэхуи, накIуэ, ехъуэхъу нэгъуэщI мыхъуми. 
Ар жиIэри гъунэгъу щIалэр IукIыжащ. Хьэжмурат гупсысэщ-гупсысэри, гуфIэгъуэм пхьы хъунуа сомым къыщIэкIын къыхуэгупсысакъым. Ауэ дыжьын сомым зы тхьэмбыл зэкIэрыщIа къыщIэкIырт. Ар махуитI-щыкIэ Хьэжмурат ирикъунут. ЛыкIэ сондэджэр гуэрым и деж кIуэри, тхьэмбыл зэкIэрыщIа пшэр къищэхуащ. Ар иIыгъыу щIалэр унэм кIуэжыну ежьащ. «Насып уимыIэм махъшэм утесми хьэ къодзакъэ», – жыхуаIэращ, къыздэкIуэжым щIалэм и гуэншэрыкъ лъэпсыр тIэтащ. Тхьэмбыл зэкIэрыщIар бжыхьым фIидзэри, лъэпсыр ипхэжыну зригъэзыхащ. Абдеж ирихьэлIэу, имыщIэу, зы бгъэ ин къеухри Хьэжмурат и тхьэмбыл зэкIэрыщIар ипхъуатэри уэгум ихьэжащ. Хьэж¬мурат игу фIы щыщIэнт? 
- Си адэжь тхьэмыщкIэм къызжиIам сыхуэзащ, – жиIащ абы, – сэ сишх телъыжу къыщIэкIынукъым мы дунейм, апхуэдэу щыщыткIэ, сыщIытетыжыни щыIэкъым.
Хьэжмурат псынщIэу къэкIуэжри и адэм жыхуиIа тхьэгъум фэ кIапсэ быдэ ирищIащ, шэнтым теуващ, и пщэм кIапсэр щигъэлъадэри, шэнтым елъэпауэри щIиудащ. Хьэжмуратыр къыкIэрылэлу къыщынэм, тхьэгъу кIапсэр зэрыщIар къыхичри, щIалэр ныкъуэ тхьэлэ хъуауэ унэ лъэгум къихуащ, дыщэ ахъшэ къомыр къытещащэу. Апхуэдиз ахъшэр щилъагъум, щIалэр гущIыхьэу къэгъащ, и адэр игу къэкIыжри.
- Еууей, еууей, си адэжь тхьэмыщкIэ, хьэдрыхэ убампIэу узгъэкIуащ, – фIеудыж Хьэжмурат и щхьэр. – Щхьэи сыномыдэIуарэт, сыту пэж куэд къызжепIат! Къысхуэгъэгъу, къысхуэгъэгъу, си адэ! Хьэдрыхэ хабзэ щыIэм, сынолъэIу къысхуэбгъэгъуну, сыкъуэншащ, сыкъуэншащ, си адэ.
Уэлбанэ блэкIам щIакIуэ кIэлъызыщтам хуэдэт Хьэжмурат и Iуэхур. Ауэ къуажэдэсхэм ягъэщIагъуэу а махуэм къыщыщIэдзауэ Хьэж-мурат и гъащIэм зихъуэжащ: ар бэзэрым кIуэри витIрэ жэмитIрэ къи-щэхуащ, зы шы дэгъуэ и гъусэжу, хьэкъущыкъу, тепIэнщIэлъын куэду зэригъэпэщащ, куэд дэмыкIыу щхьэгъуси зригъэгъуэтри и адэ и къуэщ жригъэIэу псэууэ тIысащ.
ЖыIэмыдаIуэм насып иIэкъым. Ар иджыт быдэу къыщыгурыIуар Хьэжмурат. Сыт щыгъуэ зэмани нэхъыжьым и чэнджэщ Iущым цIыхур хуэныкъуэщ.
АЛО ЛIутIэ зэхуихьэсыжа таурыхъхэм ящыщщ.
Поделиться: