Етхуанэ хъуахэми загъэхьэзыр

Кавказ Ищхъэрэм дзюдомкIэ пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэ Грознэ къалэм щекIуэкIащ. Абы щызэпеуащ бэнакIуэ, щIалэхэри хъыджэбзхэри зэхэту, 200-м нэхъыбэ, я ныбжькIэ илъэс 21-м щIимыгъуауэ.

Къэбэрдей-Балъкъэрым и щIыхьыр яIэту зэхьэзэхуэм хэтащ спортсмен 42-рэ икIи абыхэм ящыщу Къущхьэ Темырлан, Мамий Астемыр, Къуэдзокъуэ Иланэ сымэ дыщэ медалхэр къахьащ, Абдулаев Сэлим и хьэлъагъ елъытауэ зыхэта гупым я деж етIуанэ щыхъуащ. Зэхьэзэхуэм и домбеякъ медалхэр къахьащ Бэч Анзор, Дер Айдэмир, Беслъэней Дамир, Машэжь Данэ сымэ.

Етхуанэ увыпIэхэм къыщыувыIащ Шыкълъашэ Елдар, Къашыргъэ Мухьэмэд, Гаджиев Сергей сымэ, ауэ абы щхьэкIэ къэмынэу ахэри хэтынущ УФ-м пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIауэ мы гъэм щэкIуэгъуэм Краснодар къалэм щекIуэкIыну зэхьэзэхуэм.

Ди командэр зэIущIэм хуагъэхьэзыращ Емкъужхэ Мухьэмэдрэ Рустамрэ, Иванов Дмитрий, Апхудэ Анзор, Махуэ Олег, Джэданэ Залым, Дзухэ Беслъэнрэ Залымрэ, Сэралъп Олег, Ким Руслан сымэ.

КЪУЭЖЕЙ Iэмин.
Поделиться: