Пшынауэ Iэзэм и гупсысэхэр

 КъБР-м щIыхь зиIэ и артист, КъБР-м и цIыхубэ артист Къуэдз Абубэчыр (Михаил) и сабиигъуэм щегъэжьауэ пшынэр и Iэпэгъущ, езыми куэд хуигъэсащ абы. Къуэдзым и деж пшынэ еуэн щыщIэзыдзахэм къахэкIащ республикэм и гулъытэ зыхуагъэфэщахэр. Ноби ар IэнатIэм гурэ псэкIэ пэрытщ, сабийхэр пшынэм хуэгъэсэнымкIэ УФ-м и «Макъамэ» ансамблым и художественнэ унафэщIщ. Пшынэ еуэну къызэрыщIидзамкIэ, езым и гъэсэнхэм я ехъулIэныгъэхэмкIэ, гъуазджэм теухуа и гупсысэхэмкIэ къыддэгуэшащ Михаил.

- Къуэдз Абубэчыр зэрыжаIэм нэхърэ нэхъыбэрэ Къуэдз Михаил зэхыдох. ТIумкIи къыщIоджэм и щхьэусыгъуэр сыт?  

- 1965 гъэм «Кабардинка» ансамблым лэжьэн щыщIэздзащ япэ дыдэу. 1968 гъэм ди радиом срагъэблэгъащ, си къафэхэр ятхыну. Сэ абы егъэлеяуэ сыщыгуфIыкIат, сыту жыпIэмэ япэхэм ПщыхьэщIэ Мухьэжыр, Къашыргъэ КIурацэ сымэ радиом къатырейти, сехъуапсэрт. Сэкрэк Хьэсэн абы щыгъуэ макъамэмкIэ редакторт.  Къафищ ятхауэ щытащ: лирическэ макъамэ, Къуэдзым и къафэр, нэгъуэщI зы къафэжь. Лирическэм нэмыщI, мыдрей макъамитIыр сэ къэзгупсысащ. Макъамэхэр ятха нэужь, Хьэсэн къызэупщIащ къызэрызэджэмкIэ. Сэ радиом сызэрыщыIэм, си къафэхэр зэратхым апхуэдизкIэ пIейтей сищIати, си цIэр жысIэн хуейуи семыгупсысу, «Уэрей сымыщIэ, Мышэ цIыкIу жаIэ» жесIащ. Езыми «хъунщ» жери сыкъыщIигъэкIыжащ. Пщэдджыжыьм радиом къет: «Къуэдз Михаил игъэзащIу къафэ федаIуэ». Арати, радиом Къуэдз Михаилу сыкъит хъуащ. Нэхъапэхэм «Кабардинкэм» гонорар къыщызатхэм деж, си паспортым ит цIэмрэ зыфIэсщыжамрэ щызэхэзэрыхь щыIэти, абы нэхъ гугъу сригъэхьырт. Ауэ куэд дэмыкIыу пощтымкIэ сыкъащIэри, абыи и ягъэ къызэкIакъым. ИтIанэ зыгуэрым жиIэу зэхэсхащ, псевдоним сиIэну сыхуиту.

Сэ зыкъомрэ Бахъсэн сыкъикIыурэ сылэжьащ. Ди благъэ гуэрым и деж сыщыIэт. Махуэ гуэрым маршруткэ сызэрысым зы бзылъхугъэ къитIысхьат, фэкIэ сыкъицIыхуу. «Къуэдз Михаил уи къуэ? Уэр фIэкIа умыщIэу пшынэ еуэу зыгуэр щыIэщ», - жиIащ. «НтIэ, ари пшынэ еуэу езгъэсащ», - жысIащ кIыхь зезмыгъэщIын щхьэкIэ. Апхуэдэу куэдрэ сригушыIащ си цIэ лейм, абы теухуа хъыбархэр зыкъом мэхъу.

- «Макъамэ» пшынауэ гупым и зэфIэкIым утезгъэпсэлъыхьынут.

-I987 гъэм «Кабардинкэм» сыкъыхэкIыжри, творчествэмкIэ сабийхэмрэ щIалэгъуалэмрэ я унэм сыкъэкIуащ «Нал цIыкIу» къэфакIуэ гупым и пшынауэу. I994 гъэ пщIондэ сылэжьащ.  А IуэхущIапIэм унафэщIу щыта Къалмыкъ Кларэ «сабийхэр пшынэм хуебгъэджамэ хъарзынэт» щыжиIэм, а гъэ дыдэм пшынэм хуэзгъэсэну гуп зэхуэтшэсат, а зэманым къыдэкIыу щыта «Кабардино-Балкарская неделя» газетым хъыбарегъащIэ къытеддзэри. Пшынэр хуэIыгъ къудеймэ, цIыкIу дыдэхэри къакIуэ хъурт. «Макъамэ» фIэтщащ гупым. Япэ дыдэу згъэса щIалэм макъамэ щIэныгъи зэригъэгъуэтауэ, иджы си гъусэу мэлажьэ.

ЩIэдзапIэр гугъут, ауэ дыпэлъэщащ. Япэ дыдэу пшынауэ 33-рэ зы макъамэ еуэу утыку къыщитшам псоми ягъэщIагъуэрт – нэхъапэкIэ апхуэдэ къэхъуатэкъым. Ефэнды Джылахъстэн щэнхабзэмкIэ ди министырт абы щыгъуэ. Апхуэдиз пшынауэ зэтехуэу къафэхэм екIуу еуэфу зэрыдгъэсар телъыджэ щыхъуат, щытхъуи къытхужиIат. Мис абы щыгъуэ «Макъамэ» гупым пшынэ еуэнымкIэ цIыхубэ ансамбль къытфIащащ.

Пшынауищэм щIигъу згъэсагъэнщ къызэрыщIэздзэрэ. Ауэ жысIынкъым, псори абы ирилажьэу. Ди зэманым щыгъуэ Iуэху щыIэмэ, хьэтыркIэ укIуэу арат пшынэ уеуэну.  Пшынэ еуэныр иджы сом къэлэжьынми фIыуэ къыщосэбэп, хьэгъуэлIыгъуэхэм яхузэрымыгъэгуэш жыхуаIэм хуэдэу ирагъэблагъэ ахэр. Дохутырышхуэ, хабзэхъумэ IэнатIэм и лэжьакIуэ, налог инспектор лъэрыхь хъуахэр яхэтщ си деж пшынэ еуэным зыщыхуэзыгъэсахэм. IэнатIи пэрытщ, пшынэри я Iэпэгъущ. Сыт хуэдэ IэщIагъэ зэбгъэгъуэтами, сыт хуэдэ IэнатIэ упэрытми, пшынэр зэи зэран хъунукъым, жыхуэсIэщ, абы псэр егъэнщI.

И нитIым имылъагъуу хъыджэбз тхьэIухуд и анэм къишащ зэгуэр - Къатхъэн Анжелэ, Псыхъурей щыщу. ЗгъэтIысри, пшынэ IэщIэслъхьащ. Зы макъамэ езгъэлъагъури къригъэкIащ, пшынэ Iэпэхэр и IэпхъуамбэхэмкIэ къезгъэбжащ. «Сэ пшынэ плъыжьт сызыхуейр, мыпхуэдэтэкъым», - жиIащ абы хэту. Владикавказт пшынэ къыщытщэхури, сыкъыщIэкIри асыхьэту сыпсэлъащ фабрикэм и унафэщI Ужегов Тамерлан деж. «Иджыпсту конвеерым къыхэтхыжауэ пшынэ плъыжьыбзэ щыIэщ», - жи. Ар езгъэгъэтIылъри, етIуанэ махуэм къэсщтэжащ. Хъыджэбз цIыкIур етIуанэу къыщыкIуам «мис мыпхуэдэ пшынэщ сызыхуейр» жиIэри арэзы хъуат. И пшынэ плъыжь дахэри иIыгъыу ди блыным фIэлъщ иджыпстуи абы и сурэтыр. Иджыблагъэ Псыхъурей сыкIуауэ сыхуэзащ гуфIэжу, и пшынэри иIыгъыу.

ДЦП иIэу зы щIалэ цIыкIу Iэзэу пшынэ еуэу зыщригъэсащ ди деж.УФ-м и Президентым зэфIэкI зиIэ сабийхэм папщIэ игъэува саугъэтыр къратауэ щытащ абы. ЕкIурэ ещхьу хьэгъуэлIыгъуэ иригъэкIуэкIыф хъуат. Куэд щIакъым а щIалэр дунейм зэрехыжрэ, ди жагъуэ зэрыхъущи. Ахърэт нэху Тхьэм кърит. 

Си деж пшынэ еуэу зыщызыгъэсахэм ящыщу Мэшыкъуэ ФатIими къратащ Президентым и саугъэтыр. Ар иджыпсту налогхэмкIэ инспектору мэлажьэ. Си гъэсэнхэм я сурэтхэр, гупым къыхуагъэфэща щIыхь тхылъхэр, гу къызэрытлъата дамыгъэхэр куэду фIэлъщ ди блыным. ЖысIэнуращи, дэтхэнэ пшынауэми хъыбар щхьэхуэ иIэщ.

 Адыгэ щыпсэу къэралхэм яхэткъым «Макъамэ» пшынауэ гупым я диск здэщымыIэ. Республикэм хьэщIэу къакIуэхэр къыщIыхьэрти къыдэдаIуэрт. Абыхэм макъамэхэр зыщIыпIэ трагъатхэрт асыхьэту. Хамэ къэралхэм ди ныбжьэгъухэр щопсэу. Абыхэм зыгуэрхэм хурагъэхьым, зыхурагъэхьахэми зэбграгъэкIыурэ, зэIэпаха хъуащ куэдым. Сирием, Иорданием, Тыркум дыщыIащ зэкIэлъыпыту тIэу.  Гуапэу сигу къинэжащ адыгэхэр куэду щыпсэу Къайсэр къалэм «Макъамэ» гупыр дызэрыщыIар, ди лъэпкъэгъухэм хьэщIагъэ къызэрыдахар.

- Нэхъ пасэм адыгэ пшынэм макъамэ къызэрырагъэкIыу щытамрэ иджырей пшынэ еуэкIэмрэ сытхэмкIэ зэщхьэщыкIрэ?

- Япэм щыгъуэ адыгэ пшынэм гъуагъуиплI иIэу щытауэ аращ. Иджырей зэманым нотэкIэ пшынэм хуеджэхэр апхуэдэ гъуагъуэкIэ еуэфынукъым. Япэрей адыгэ пшынэжьхэм я макъыр нэгъуэщIт. Псалъэм щхьэкIэ, апхуэдэ зы пшынэрэ иджырейрэ зэгъусэу узэдеуэну и ужь уихьэмэ, зэтехуэнукъым. Иджырей адыгэ пшынэр узэрыхуейм хуэдэу тебухуэ мэхъу.  

- УзэрыцIыкIурэ пшынэр уи Iэпэгъущ. Дауэ къыщIэбдзат?

-  Сэ езыр-езыру зезгъэсэжащ пшынэ еуэным. Нотэ сщIэххэркъым. Къафэ гуэрым и еуэкIэ сыбгъэлъагъукIэ, къызгурIуэнукъым. Ауэ абы зэ еуэIауэ зэхэсхамэ, асыхьэту си гум изубыдэнущ икIи сщыгъупщэжынукъым. СызэрыцIыкIурэ апхуэдэщ. Илъэс 13 сыхъуу щIэздзащ. Хьэблэм пшынэ макъ дэнэ щызэхэсхми, сыкIэлъыкIуэрт сыщыцIыкIум. Пшынауэхэм я пшынэ Iэпэхэм сафIеIусэу джэгухэм сыщыхэтым илъэситху сыхъуми арат.

Пшынэ сиIакъым зыкъомрэ. Ди анэрат япэ пшынэр къысхуэзыщэхуар, ауэ си пшынэ еуэ макъ абы зэи зэхихакъым. Зэрэ-тIорэ къасщтэщ, сриджэгу хуэдэу сIыгъри, щIалэ цIыкIу джэгум сахыхьэжат. Пшынэр къысхуищэхури, илъэс дэмыкIыу, сымаджэ хъури, дунейм ехыжащ.  Си анэр Зеущэхэ япхъущ. Зэшыпхъуитху хъурти, псори Къулъкъужын дэст. Илъэс дэкIа нэужь, ди анэ шыпхъухэр къэкIуащ. «Ягъэ кIынкъым, уи анэм и фэеплъщ, пшынэр IэщIыб умыщIу зэгъащIэ», - къызжаIащ. Сэ макъамэхэр гукIэ сщIэрт, семыуэ пэтми. Си къащтэжи, си еуи зы сщIащ. «Согъэджэгу»-м и етIуанэ Iыхьэр къизгъэкIат занщIэу. Абдежым щыщIэздзэри пшынэ сеуэ хъуащ, щызэпызгъэуаи къэхъуакъым. «Къуажэм пшынауэ Iэзэ къыдэхъуащ», жаIэу сыкърашэкIынтэкъэ! Нэхъ пасэхэм хьэгъуэлIыгъуэр зэхэтт жэщибл-махуиблкIэ жыхуаIэм хуэдэу. Жэщым хьэгъуэлIыгъуэм сыхэтрэ, Iуэхур зейм я деж сикIыу пщыдджыжьым школым сыщыкIуа куэдрэ къысхуихуащ.

- Пшынэр уи сабий хъуапсапIэу щытащ…

- Пшынэм сыдихьэхыу, макъамэр зыхэсщIэу щытащ сызэрыцIыкIурэ.  Ауэ школым сыщеджэм дохутыр IэщIагъэм сехъуапсэрт. Хъэлат хужьыр сщыгъыу цIыхухэм я узыншагъэм сэбэп сыхуэхъуу сылэжьэну сыхуейт.

- Уэ зэхэплъхьа макъамэхэм хъыбар яIэ?

- Япэ дыдэу зэхэслъхьар «Къуэдз къафэрщ». Абы хъыбар иIэщ. Си къуэш нэхъыжьым къэфэн фIэфIт. «Борис фIэкIа къыдэмыфэу зы къафэ къысхуэгъуэтамэ арат», жиIэу си гур пэщащэрт. Ауэрэ сытехуащ – къэзгупсысащ апхуэдэ зы къафэ. Си къуэшыр къыщыфэм деж сеуэрт, ар утыкум зэрикIыжу, зэпызгъэурт сэри. «Абы дыкъыдэгъафэ» жаIэми, сахуеуэртэкъым, «абы си къуэшращ къыдэфэр» жысIэрти.

«Аушыджэр къафэ» зэхэслъхьащ, унэгуащэр Аушыджэр щыщти. «Тыжьей къафэ» стхащ, абы си ныбжьэгъу щIалэ дэсти. «Пасэрей къафэ», «Хъыджэбз къафэ» жыпIэми сиIэщ макъамэхэр. Ахэр радиомкIэ къат. «Кабардинкэм» сыщылажьэм щыгъуэ, къафэхэм сэ езым къэзгупсыса макъамэ щIэзгъэувэу щытащ куэдрэ. Макъамэ Театрым и унафэщI Бэрэгъун Руслан «Кабардинкэм» хэтащ накъырапщэу. Макъамэ къэзгупсысхэр абы нотэкIэ схуитхырт.

- Макъамэр нотэкIэ умытхмэ, дауэ хъума хъурэ?

- Зэгуэрым нэху сыкъокI макъамэ гуэр сигу илъу. Сыпсалъэ хъунутэкъым, занщIэу сщыгъупщэжынути. Пшынэ щIэлътэкъым унэм. Нэмэзым сожэ «Кабардинкэ» ансамблым и хэщIапIэм, сытоуIуэ. «Нэмэзым къэхъуар сыт, щхьэ укъэкIуа?», - жи бжэр къыIузыхым. Сэ сыпсалъэ хъунукъыми, IэпэтэрмэшкIэ зыгуэрхэр изогъэлъагъу. Сытми, Iузогъэх, сыщIолъадэ, пшынэр къызопхъуатэри, си гум къихьа макъамэм соуэ. Ар зэ пшынэм къизгъэкIа нэужь, зэи сщыгъупщэжынутэкъыми, «иджы сыпсалъэми зыри къэхъунукъым» жесIащ жэуапыншэ сщIам.

- Сыт пшынэм къибгъэкIыну нэхъ уфIэфIыр?

- Лъапэрисэ жыхуаIэм сеуэркъым, ар КъэбэрдеймкIэ щыIэу щытакъым. Си гъэсэнхэми яжызоIэ: «Лъапэрисэм фыхуеймэ зевгъасэ, ауэ Къуэдзым сигъэщIащ жывмыIэ». Ислъэмей, удж сеуэну сфIэфIщ, гъэсэнхэр зэбгъэуэни мащIэкъым – адыгэм убзэрабзэ лIэужьыгъуэ куэд диIэщ.

- Унагъуэм и гугъу къытхуэпщIын?

- Унэгуащэр дохутырщ, пенсэ кIуащ. ХъыджэбзитIыр юристщ. Нэхъыжьыр полицэм и полковникщ, республикэм щIыхь зиIэ и юристщ, адвокату мэлажьэ. НэхъыщIэр медицинэми хуеджат, ауэ ирилэжьакъым, юрист IэщIагъэр фIэфI дыдэщ. Пхъурылъхухэми сагъэгуфIэ.

- Тхьэм уигъэпсэу!

Епсэлъар ГУГЪУЭТ Заремэщ.

Поделиться:

Читать также: