Адыгэм ейуэ лъэпкъ куэдым яхуэхъуИджыблагъэ Черкесск къалэм щекIуэкIа хэгъэгузэхуаку фестивалыр къызэрымыкIуэу ин, дахэ, купщIафIэ хъуат. Ар траухуат Адыгэ фащэм и махуэм. А махуэр сурэтыщI-модельер, дизайнер, Адыгейм щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ, Адыгэ Республикэм и Къэрал саугъэтыр зыхуагъэфэща, «Лиги мира» республикэ жылагъуэ зэгухьэныгъэм и саугъэтыр зрата СтIащ Юрэ Мэхьмуд и къуэр къыщалъхуа махуэм ирихьэлIэу яIэт. А жэрдэмыр АР-м и Адыгэ Хасэм къыхилъхьэри, 20II гъэм япэу ягъэлъэпIащ. ИтIанэ, 20I4 гъэм, Адыгейм къэрал статус щигъуэтащ. Шэрджэс Хасэм и тхьэмадэ Аслъэн Алийрэ «Черкес хэку» лъэпкъ газетым и редактор нэхъыщхьэ Абидокъуэ Люсанэрэ я жэрдэмкIэ, къыхалъхьа Iуэхур Къэрэшей-Шэрджэс Республикэм и Правительствэм къадиIыгъри, гуфIэгъуэ Iуэхур зэхашащ. Фестивалыр екIуэкIащ Дунейпсо Адыгэ Хасэм и нэIэм щIэту. Абы хэтащ ДАХ-м и къудамэу адыгэ щыпсэу щIыналъэхэм щылажьэхэм я лIыкIуэхэр. Черкесск и «ХытIыгу щхъуантIэ» щIыпIэ дахэм щекIуэкIа гуфIэгъуэ зэхыхьэм хэтащ Дунейпсо Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ Сэхъурокъуэ Хьэутий, КъБР-м и Парламентым и депутат Къумал Заурбэч, Гуманитар къэхутэныгъэхэмкIэ Къэбэрдей-Балъкъэр щIэныгъэ институтым и унафэщI Дзэмыхь Къасболэт, Адыгей Хасэм и тхьэмадэ ЛIымыщэкъуэ Рэмэзан зи пашэ гупыр, Мэздэгу Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ Факъуэ Русланрэ къыдэлажьэхэмрэ, Краснодар крайм щыIэ Адыгэ Хасэм и Iэтащхьэ МэшылI Руслан зи пашэ гупыр, Ставрополь крайм щыIэ Адыгэ щэнхабзэ центрым и унафэщI Шыбзыхъуэ Юрэ сымэ, нэгъуэщIхэри. «ХытIыгу щхъуантIэм» и утым щегъэувэкIат Къэрэшей-Шэрджэсым, Къэбэрдей-Балъкъэрым, Адыгейм щыщ цIыхубз IэпэIэсэхэмрэ цIыхухъу IэпщIэлъапщIэхэмрэ я IэдакъэщIэкIхэр. Ахэр гуапэу цIыхубэм ядэгуашэрт я хьэпшыпхэм я хъыбархэмкIэ, къызыхэщIыкIам, зэрагъэхьэзырам, къызэрагъэсэбэпым теухуахэмкIэ. Адыгэм ижь-ижьыж лъандэрэ къыдокIуэкI IэпщIэлъапщIагъэр. ЦIыхухъу зэкIужым хуэфIрэ, пщыгъыну тыншу къигупсыса фащэмрэ бзылъхугъэ гуакIуэм и пкъым изагъэ, егъэлеиныгъэ лъэпкъ зыкIэрымылъ бостеимрэ нобэр къыздэсым зэрахьэ, ар зыд IэщIагъэлIхэри ди мащIэкъым. Абы къищынэмыщIауэ, дыщэм, дыжьыным, гъуаплъэм, жэзым, пхъэм, фэм, гъущIым зыхуеину хьэпшыпыр къыхищIыкIырт адыгэм, унагъуэм къыщигъэсэбэпынухэмрэ унэлъащIэмрэ и IэкIэ зэригъэпэщыжыфырт. Апхуэдэ Iэзагъ зыбгъэдэлъ куэд щызэхуэсат Черкесск. ЯгъэлъапIэр адыгэ фащэрами, уи щхьэкIэ, уи унагъуэкIэ къэбгъэсэбэпын куэд кърахьэлIат, фащэр зэрагъэщIэращIэ пкъыгъуэхэмрэ бзылъхугъэм къигъэсэбэп хьэпшып цIыкIуфэкIухэмрэ бжыгъэншэт. Псалъэм къыдэкIуэу жыпIэмэ, Даур Аслъэн и цIэр зэрихьэу Черкесск дэт Щэнхабзэмрэ гъуазджэмкIэ колледжым утыку кърихьа хьэпшыпхэм нэр пIэпахырт, апхуэдизкIэ дахэти. Ар зи IэдакъэщIэкIыр еджапIэм и студентхэрат. Колледжым Декоративно-прикладной гъуазджэмрэ лъэпкъ IэщIагъэхэмкIэ и къудамэм и унафэщI ЛапIыгу Эллэ зэрыжиIамкIэ, къудамэр къыщIызэIуахам и щхьэусыгъуэр лъэпкъ IэщIагъэхэр къэгъэщIэрэщIэжынырщ. «Абы къыбжеIэ ижь-ижьыж лъандэрэ лъэпкъым къыдекIуэкIа хьэпшыпхэр иджыри гъащIэм къыщыбгъэсэбэп зэрыхъунур, абыхэм дыщыпсэу лъэхъэнэм увыпIэ хэха зэрыщаубыдыр. Нобэ флъагъу экспонатхэм ящыщу дэтхэнэ зыми хуитыныгъэ иIэщ иджырей зэманым «хэпсэукIыну». Дыщэидэм, арджэным, цы зэIущэным, лъэпкъ макъамэ Iэмэпсымэхэр щIыным - куэдым худогъасэ студентхэр. Фестивалым утыку къыщитхьар ди еджакIуэхэм я диплом лэжьыгъэхэрщ. Мыхьэнэшхуэ иIэщ мыпхуэдэ махуэ зэрыщыIэм, сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, абы нэхъри узэкъуегъэувэ, узэрегъэубыд. Нобэ Адыгейм, Къэбэрдей-Балъкъэрым къикIа IэпщIэлъапщIэхэм я лэжьыгъэм дыкIэлъоплъ, езыхэри ди IэдакъэщIэкIхэм йоплъ, щIэщыгъуэ, дымыщIэ гуэрхэмкIэ дызэдогуашэ. Аращ махуэшхуэм и къалэн нэхъыщхьэри», – жеIэ Эллэ. Адыгэ фащэм къыгуэхыпIэ имыIэу епха шылэхъарымкIэ Iэзэ бзылъхугъэ цIыкIум къишащ шылэхъар дыщафэхэр, хужьыфэхэр, нэхъ Iуву зэрыхъахэр, нэхъ пIащIэхэр, тхыпхъэ зэмылIэужьыгъуэхэр зыхэтхэр. «Сэ сызэрыцIыкIурэ сощI шылэхъар, си анэшхуэм сригъэсауэ, – жеIэ абы. - Зы шэлэхъарыр махуищым-махуитхум къриубыдэу сощI, ихьыну зэманыр Iуданэми, хэпщIыхь тхыпхъэми елъытащ. Сэ къызэрыслъытэмкIэ, саер нэгъэса хъунукъым, шылэхъар имыгъусэмэ». Налшык щыщу гъэлъэгъуэныгъэм хэтащ модельер цIэрыIуэ ХьэцIыкIу Мадинэ. Мадинэ и IэдакъэщIэкIхэр лIэщIыгъуэ блэкIахэм къыхэбэкъукIыу нобэрей зэманым къыхэхутам ещхьщ. Уздеплъ къудейм лъэпкъым и беягъымрэ и хъугъуэфIыгъуэхэмрэ псэкIэ зыхыуагъащIэ. ЦIыхухъу, цIыхубз фащэхэм къадэкIуэу, Мадинэ иужьрей илъэсхэм иригъэжьащ адыгэ тхыпхъэщIыпхъэхэр, дамыгъэхэр къызытещ фэилъхьэгъуэхэр дыныр, ахэр нэхъыбэу щызытIагъэр щIалэгъуалэрщ. Данэ IэлъэщI дахэхэр иIэщ ХьэцIыкIум, пасэрей Шэрджэс щIыналъэм и теплъэр къызытещ IэлъэщI екIур, и анэм хуигъэпсауэ макъамэм епха тхыпхъэхэр зытетыр... ЖыпIэнуракъэ, Мадинэ и Iэм ищI дэтхэнэ зы хьэпшыпми «адыгэмэ» къыкIэрех, узэрыадыгэм уригушхуэжу ахэр зепхьэну урегъэхъуапсэ. «Сэ щIыпIэ зэмылIэужьыгъуэхэм къыщызэрагъэпэщ мыпхуэдэ зэхыхьэхэм сыкIуэну сфIэфIщ. Сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, абы цIыхухэм щалъагъу жыпхъэ псоми тету яда адыгэ фащэ екIур, абыкIэ нэгъуэщI лъэпкъхэми укъацIыху, зи лъапIэныгъэхэр зыфIэгъэщIэгъуэн уи лъэпкъэгъухэми фащэм и тхыдэр, и теплъэр зрагъащIэ. КъищынэмыщIауэ, лъэпкъ зэхэщIэр тхыпхъэщIыпхъэхэр зытет, зыхэт хьэпшыпхэмкIэ щIалэгъуалэм ябгъэдэплъхьэфынущ. Нобэ къэтша апхуэдэ хьэпшыпхэми щIэупщIэ яIэщ», – жеIэ Мадинэ. Хьэбэз къуажэм щыщ Адышэс Iэзэмэт гъущIым, фэм, пхъэм йолэжь. Ауэ и цIэр зыгъэIуар адыгэ сэжьейхэрщ. Сэм ирихьэлIэ пкъыгъуэхэр хыв бжьакъуэм, былымыфэм, бзиихум, мэл бжьакъуэм, нэгъуэщIхэми къыхех. Iэрыхуэу къызэрыбгъэсэбэпыфым, жану зэрылъам къыдэкIуэу и теплъэкIи дахэщ Iэзэмэт и IэдакъэщIэкIхэр, нэхъыщхьэращи, пасэрей адыгэм иIыгъа сэжьейр хэплъхьэни-хэпхыни щымыIэу и лъэщапIэм щещIыжыф. Гъэлъэгъуэныгъэм къишахэм ящыщщ гъущI чыданэ зэрышыхьа псыгъуабзэу мин 20 – 25-кIэ зэрыхъа афэ джанэмрэ зауэлIым и Iэщэ-фащэмрэ. А фэилъхьэгъуэм ущеплъкIэ, лъэпкъ тхыдэр уи нэгу къыщIоувэ, лIыгъэрэ хахуагъэкIэ цIэрыIуэу щыта адыгэлIым и шыфэлIыфэр нэрылъагъу пщохъу. - Адыгэ зауэлIым и Iэщэ-фащэу сэ утыку къисхьар зыщIар си закъуэкъым, атIэ сабийхэм я IэдакъэщIэкIыу жыпIэ хъунущ. Хьэбэз курыт еджапIэм лъэпкъ класс диIэщи, абы щIэсхэм афэ джани, шабзи, шабзэши, фэм къыхэщIыкIа хьэпшып куэди ящI. А IэщIагъэм и гъусэу сабийм и бзэр нэхъ шэрыуэ мэхъу. Си къалэн нэхъыщхьэхэм ящыщ зыуэ къызолъытэ, IэпщIэлъэпщIагъэм хуезгъасэ сабийхэм Iэмал имыIэу я анэдэлъхубзэкIэ згъэпсэлъэныр. Дерсым щIэс сабийм Iэмэпсымэ гуэр къищтэнуми, зэлэжьым тепсэлъыхьынуми, къигъэсэбэпыр адыгэбзэщ. Арыншауэ хъунукъым. Бзэр Iурымылъу, ауэ и адэжьхэм къагъэсэбэпу щыта хьэпшып ищIыфкIэ е зэрихьэкIэ сабийр адыгэ хъунукъым. Iэщэмрэ фащэмрэ зэгуэпх мыхъун хьэпшыпщ. ЗауэлIым дежкIэ нэхъапэр Iэщэрат, итIанэт фащэм щынэсыр, ар бзэм апхуэдизкIэ куууэ хэпщIащи, зэкIупсу къегъэсэбэп Iэщэ-фащэр. Сэри ар ныбжьыщIэхэм я деж зэрынэсхьэсыну, Iэщэ ящIыфу, фащэм хуэIэрыхуэу щытыну сыхуейщ, – къыддогуашэ Iэзэмэт.
Поделиться:
Читать также:
16.11.2025 - 13:07 →
Кулиевым и фэеплъыр ягъэувыж
15.11.2025 - 13:57 →
ЦIыхухэм фIыуэ ялъагъу артисткэ
14.11.2025 - 11:56 →
И лэжьыгъэм иринасыпыфIэщ
13.11.2025 - 09:58 →
И зэфIэкIыр инт
12.11.2025 - 17:55 →
IэпэIэсэ
| ||



