ЩIыуэпсым игъэуса биолог

Биологие щIэныгъэхэмкIэ доктор, профессор, ЩIДАА-м и щIэныгъэлI нэхъыщхьэ секретарь Щхьэгъэпсо Сэфарбий уси етх. Абы и эко-усэхэр теухуащ КъБР-м и Тхылъ плъыжьым ихуа, кIуэдыжыпэным нэса псэущхьэхэмрэ къэкIыгъэхэмрэ. КIэщIу жыпIэмэ,  щIэныгъэлI цIэрыIуэр биологием и закъуэкъым зэлэжьыр, атIэ адыгэбзэр хъума зэрыхъунуми йогупсыс. Ди гуапэу тыдодзэ Щхьэгъэпсом и усэ Iэрамэ.

Аслъэныдзэ

ЛъэпкъыгъуэцIэр – аслъэныдзэщ,

ЦIэу зэрихьэр Лъостэн и къуэщ,

Ущыхуозэр Шэджэм бгыщхьэм,

Лъагэу къуршым, мывэ къырхэм.

Теплъэр ещхьщ къэрабэ гъуэжьым,

И пкъыр лъагуэщ, пщIащэр цыбэщ,

Гъэгъа цIыкIухэр гъуэжь-плъыжьыфэщ,

Къурш гуэгушхэм я шхыныгъуэщ.

Дзэху удз

Куэду щокIыр дзэхуудз пIащэр

ХъупIэм, тафэм, джабэ нэкIум,

ФIэфIщ дыгъапIэр, псым и Iуфэр,

Ущыхуозэр гъуейм и лъабжьэм.

И лъабжьэжьыр лъэхъыц Iувщ,

И пкъыр лъагэу дэкIеящ,

Куэду тетщ къудамэ кIэщIхэм

Тхьэмпэ-бзийхэр бгъузэ-кIыхьу.

ГъэщIэгъуэну дзэху бэшэчым

Къыдалъхуауэ хэлъщ зы хьэл:

Гъэгъэн удзхэм щаухам

Жылэ хъуахэр пыщэщыжу.

И кIыхьагъыр махуэм хэщIу

Дыгъэ бзийхэр къомыдзакъэу

ЖэщкIи хъууэ щIыIэтыIэ

Гъэгъэн щIедзэр гъэмахуэкIэм…

И зэманым пыбупщIам, мэхъу

Бэлыхьу мэкъу дыгъэл.

Безенгы ауз

СыщыIакъым куэд щIауэ Безенгы аузым,

Сигу къэкIащ куэд щIауэ Безенгы блынышхуэр.

Гугъэпежьэщ гъатхэм Безенгы щIыналъэр,

ГугъэтIысщ бжьыхьэкIэм Безенгы щIыналъэр.

Сытэджынщ пщэдджыжьи, сыкIуэнщ Безенгы,

Сыхуэзэнщ Шохан – къуажэдэс ныбжьэгъум,

КъысщыгуфIыкIынущ, къысхуищIынущ IэплIэ,

ЩIэупщIэнущ псомикI сэлам гуапэкIэ.

СыдэкIынщ итIанэ Уш-Таши лъагапIэм,

Сылъыхъуэнщ Тхылъ плъыжьым ихуа удз гъэгъахэм.

Къэзгъуэтам зы мыхъуми, хэхъуэнышхуэу сыбжу,

ЩIэспщыкIынщ сешыхукIэ Уш-Таши лъагапIэр.

Сытехьэнщ уэтэрым, къыспежьэнщ мэлыхъуэр,

Щэхуу къысщIэупщIэурэ дызэрыцIыхунщ,

КъызжиIэнщ и Iуэхухэр, гъащIэр зэрыгугъур.

Iэщхэр зыхуэныкъуэр, цIыхухэр зэрыбзаджэр…

Щыбэгъуащ, жиIэнщ, мы щIыпIэм шыкъулътырхэр,

Нэхъыбэжи хъуауэ жиIэнщ къурш гуэгушхэр,

ДызэрыцIыхуауэ, си гур хигъэхъуауэ,

Гуапэу псалъэ дахэкIэ сэлам зэтхыжынщ…

Алэрыбгъу удз щхъуантIэщ Уш-Таши и нэкIур,

Зэнзэныпсу къабзэщ Безенгы аузыр.

Къазмакъей

ЦIыхухэр хуозэр, ялъагъу куэдрэ

Банэ куэд зытет гъурц Iувым.

Зи пхъэр быдэу, щхъуантIэу-дыжьыныфэр

ЗымыцIыху темыт мы дунеишхуэм.

ЩокIыр мэзу Балъкъ аузи, Шэрэдж псыхъуи,

ЩымымащIэ Тэрч и тIуащIи, Шэджэм Iуфи.

Пхъэщхьэмыщхьэ гъуэжь-гъуэплъафэ пытыр

Мэхъур хущхъуи, шхыни, сани.

Зи гугъу фхуэсщIыр къазмакъейрщ,

Телъыджащэу гъурц лIэужьыгъуэрщ,

ПщIэшхуэ хуащIу псомикI лъэпкъхэм,

Сэбэпагъыу пылъым щхьэкIэ.      

Къазмакъ банэ

Къазмакъ банэр зымыцIыху

ЩыIэу сщIэркъым сэ зы цIыху.

Бжьыхьэр къихьэм дыщэ щыгъэу

Тетщ къудамэм къазмакъ гъуэжьыр.

Цу и кхъужь

Си адэшхуэм и жыг хадэм

ЩыкIт абрагъуэу кхъужьеишхуэ,

И пкъыр лъагэт, щхьэбаринэт,

Хужь-гъуэжьыфэу ар къэгъагъэт.

Мэкъуауэгъуэм япэ къихуэу

ХуэмыIыгъыу кхъужь къыпыкIэрт,

Джэджьеифэт хъуамэ теплъэр,

И кур плъыфэт – фомэщэмэт.

И мэр пщIантIэм къыщыпщIихьэрт,

Фоупс защIэт и кхъужьыпсыр.

Пшхыуэ пэтми зумыгъэнщIу,

Дызэреджэр Цу и кхъужьт.      

Зэрыджей гъуэжь

Дэпым хуэдэу плъыжьщ зэрыджэр,

Я шхыныгъуэу бзум щIымахуэм,

Хуохъур хущхъуэ цIыху сымаджэм,

ПщIантIэм дэпсэм, уигу хегъахъуэр…

ЩокI Шэджэм и псыхъуэ кIуэцIым

Гъурц лIэужьыгъуэ зэрыджей

Пхъафэр щхъуафэщ, тхьэмпэр щхъуантIэщ

Зэрыджей къызэрыгуэкIщ.

Ауэ щыхъукIэ гъурц жыхуэтIэм

ГъэщIэгъуэну хэлъщ зы плъыфэ.

КъыпыкIауэ пыт зэрыджэм

И фэр плъыжькъым – гъуэжь-дыщафэщ…

Я шхыныфэщ бзум щIымахуэм

Хуохъур хущхъуэ цIыху сымаджэм

Ауэ пщIантIэм дэту,

ХагъэкIау слъэгъуакъым зэикI.      

ФЫРЭ Анфисэ.
Поделиться: