Мыхьэмэт-Iэшэ тцIыхуу пIэрэ?Илъэс 215-рэ ипэкIэ дунейм къытехьа ХьэтIохъущокъуэ Мыхьэмэт-Iэшэ хуэдэу зи пщIэр тхыдэм къыхэлыдыкI лIыхъужь куэд диIэ къыщIэкIынкъым. Ар цIэрыIуэ къудейкъым, атIэ лъэпкъым псэкIэ игъафIэ щэджащэхэм язщ. Тхыдэ щIэныгъэхэмкIэ доктор Мэрзей Аслъэнбэчрэ тырку щIэныгъэлI Чанак Мэхьмэтрэ тхыгъэ зэдатхащ: «ХьэтIохъущокъуэ Мыхьэмэт-Iэшэ и шыфэлIыфэр Кавказ зауэм къызэрыхэщыр» и фIэщыгъэу. Зи гугъу тщIы щIалэм цIэкIи унэцIэкIи къытехуэу иджыри щы щыIауэ къыщIокI. 1834 гъэм уIэгъэ хъуа нэужь, зи Iэ лъэныкъуэр нэхъ кIэщIу кIыжа Мыхьэмэт адрей и цIэджэгъуищым хамыгъэгъуэщэн папщIэщ «Iэшэ» цIэ лейр щIыкIэрыпщIар, «абы щхьэкIэ фочыр нэщанэм хуэзэу тригъэпсэн къанэртэкъым, ауэ сэшхуэкIэ уэным нэхърэ, пыджэныр нэхъ къехъулIэрт». Иджыри жаIэж: «Езым хуэкIуэу фоч зэригъэпэщауэ, щыблэукI къэхъуртэкъым. Ауэ маисэкIэ зэуэр тIууэ хузэгуэупщIыкIыртэкъым». Ар ХьэтIохъущокъуэ Кургъуокъуэ и къуэрылъхут, Мысост и къуэ Темырболэт и къуэт. «Исмэхьил-Бей» поэмэм къыхэщ Рослъэмбэчыр Мыхьэмэт и адэ къуэшщ. И адэ Темырболэти, Рослъэмбэчи, Исмэхьили «амэнэт» жыхуаIэм хуэдэу Урысейм къыщыхъуащ, щапIащ, ауэ хэIущIыIу хъуа жыIэгъуэ цIэрыIуэм къызэрыхэщымкIэ, хамэщIым я хэкупсэ гурыщIэхэр ирахыфакъым. ЩIэх-щIэхыу дигу къэдгъэкIыж урыс генерал Дельпоццо Иван «Къэбэрдей ЦIыкIумрэ Инымрэ» ятеухуа тхыгъэм щыжеIэ: «Пщы Мысост Темырболэт сабийуэ Бытырбыху яшэри, Бгырыс кадет корпусым щапIащ, Новотроицк шуудзэм капитан хъуху хэтащ. И Хэкум адыгэбзэкIэ зы псалъэ имыщIэу къэкIуэжа щхьэкIэ, зрагъэса псори щыгъупщэжауэ, иджы адрей къэбэрдейхэм къахэпцIыхукIыжынукъым. КъуитI иIэщи, Урысейм иригъэшэнкIи щригъэджэнкIи узэрыгурыIуэн дунейм теткъым». Темырболэт урысхэм я лъэныкъуэ иIыгъащ, 1787-1792 гъэхэм екIуэкIа урыс-тырку зауэм хэтащ. Капитану зэрыщытым къыхэкIкIэ, урыс тепщэгъуэр ямыдэу зыкъэзыIэт къэбэрдейхэр игъэбэяужырт, Къэбэрдей судым щылэжьащ, ауэ и бынхэр Урысейм щригъэджэн идакъым. И адэр дунейм ехыжа нэужь, 1825 гъэм Мыхьэмэт Къэбэрдейм икIри, урысыдзэм къыпэщIэт адрей пщыхэм я гъусэу, КъухьэпIэ Адыгэ Хэкум Iэпхъуауэ щытащ. А зэманым Къэбэрдейр Урысейм и жьауэм щIэувакIэт. Торнау Федор и гукъэкIыжхэм дыкъыщоджэ: «Хьэжы Жансит, Хьэмырзэ Аслъэнджэрий, ХьэтIохъущокъуэ Мыхьэмэт сымэ я IэкIуэлъакIуагъкIи зэрыIумахуэмкIи адрейхэм къахэщырт. Засс-генералыр ятеуэху, занщIэу къебгъэрыкIуэжхэрт, зыхуейри зрагъэхъулIэфырт». Мыхьэмэт и цIэр хуабжьу щыIуар хьэжрэт къэбэрдейхэм я пашэ щыхъуа 1830-1840 гъэхэрщ. Ар усакIуэ Iэзэуи щытащ, шыкIэпшынэми еуэрт. Адыгэ-абхъаз хабзэжьхэр имыгъэкIуэдыжу, абы илъэс къэс мазэ бжыгъэкIэ екIуэкI тхьэлъэIухэр зэхишэрт. Шы гъэIурыщIэнкIэ, усэ зэхэлъхьэнкIэ, макъамэ къигъэкIынкIэ, къэфэнкIэ, зыкъэгъэлъэгъуэнкIэ, зыщхьэпрыдзынкIэ щIалэгъуалэр зэпригъауэрт. 1835 гъэм Мыхьэмэт и Iэр игъэхъужыну Истамбыл кIуауэ щытащ. Абы щыIэху, уэсмэн къулыкъущIэхэм захуигъазэурэ, сулътIан Мэхьмуд ЕтIуанэм лъэIу Iэригъэхьауэ щытащ, адыгэ унагъуэ мин Уэсмэн къэралыгъуэм иригъэтIысхьэну елъэIуу. Гуп-гупурэ адыгэ унагъуэ 400 Самсун кхъухь тедзапIэм къыщикIри, Чорум, Амасье, Самсун къалэхэм зэрыдэтIысхьар тырку дэфтэрхэм къыхэнащ. Тыркум пщIэ иIэу щыпсэуфынрэ пэт, Мыхьэмэт Адыгэ Хэкум къэкIуэжауэ щытащ. ЩIалэм и лIэкIэ хъуам теухуауэ еплъыкIитI щыIэщ. Барон Сталь Карл зэрыжиIэжымкIэ, 1846 гъэм ар и ныбжьэгъухэр и гъусэу гъуэгум ирикIуэрэ пэт, беслъэнеипщ Къанокъуэ Адэлджэрий и щIым щызэпрыкIым, пщы Адэлджэрий къыпэуващ, лъыщIэж я зэхуакум зэрыдэлъым къыхэкIыу. Адэлджэрий и къуэм Мыхьэмэт зридзащ, арщхьэкIэ ар зэрысабийр щилъагъум, ХьэтIохъущокъуэм абы еуэн идакъым, «лъымрэ шэмрэ зэхэгъазэрыхьыркъым» жиIэри. Абдеж дыдэм езы Адэлджэрий Мыхьэмэт къеуэри иукIащ. ЗэпэщIэува гупитIым цIыху 14 щыхэкIуэдауэ жаIэж, Адэлджэрии и къуэри яхэту. Я хьэдэхэр къуажэм яхьыжу, Адэлджэрий и хьэщIэщым щIахьа нэужь, пщым и щхьэгъусэм и лIымрэ и къуэмрэ игъеин щIидзащ. Мыхьэмэт и хьэдэр къызэрилъагъуу, ар хьэщIэщым щIригъэхьэри, жьантIэм дригъэхьауэ щытащ. Гухэхъуэщ Мыхьэмэт и иужьрей махуэр къэзакъ тхыдэтх Потто Василий и тхыгъэхэм къызэрыхэщыжыр. Ар къыщыхъуар Шэт-къалэщ, Ставрополь быдапIэм деж. «Псэууэ е лIауэ дыдэкIыжынщ», - жиIэщ, щIалэхэм я пащхьэм дыуэ кIэщI щищIри, Мыхьэмэт къэзыувыхьа бийхэм яхэлъэдащ. Езыр яIэщIэкIат, ауэ и гъусэхэр къызэрыбгъурымытым гу щылъитэм, я гур къызэрызыгъэгъуэтыжын псалъэхэр яжриIэурэ, аргуэру ябгъурыувэжащ. Щэнейрэ апхуэдэу игъэзэжащ Мыхьэмэт. Зы цIыху закъуэщ а гупым щыщу къелар, уIэгъэ хъуауэ. Псори зыIуэтэжар аращ, ауэ зэрыхэмыкIуэдам и напэр трихащ». Хъыбар куэд зиIэ Мыхьэмэт теухуауэ мы зыри щIыдгъужынщ. Зэгуэрым ар и ныбжьэгъу нэгъуеипщыр и гъусэу зауэм хэтти, нэгъуейм и шыр щIаукIыкIат. «КIуэ пэтми нэхъ гъунэгъу къыхуэхъу ди къэзакъхэм къаухъуреихьрэ пэт, Мыхьэмэт и шым къелъэри, нэгъуеипщым зыхуигъэзащ, и шым тригъэтIысхьэн и гугъэу. Модрейм идакъым: «Сэ сынэгъуеипщ къызэрыгуэкIщ, адыгэпщ Мыхьэмэт-Iэшэ и уанэм сисыну схуэфащэкъым». Арати, Мыхьэмэтыр уанэм зридзэжщ, Iэбэщ, нэгъуеипщыр къиIэтщ, зыбгъуригъэтIысхьэри, къэзакъхэм яIэщIэкIауэ щытащ». КъыщIэна щIэблэм ятеухуауэ зыри ящIэркъым. Ашэмэз зи цIэ щIалэ закъуэр иджыри сабийт и адэр щыхэкIуэдам. Тыркум хъыбар къыщокIуэкI, адыгэхэр урысхэм ирагъэкIуэта нэужь, абы ХьэтIохъущокъуэ Ашэмэз зи цIэ щIалэ цIыкIу здахьауэ, ауэ и пэжыпIэр зэкIэ наIуэкъым.
ЧЭРИМ Марианнэ.
Поделиться:
Читать также:
15.11.2025 - 17:43 →
ЛIэщIыгъуэкIэ узэIэбэкIыжмэ
14.11.2025 - 12:05 →
Хабзэр убзэнкъым…
12.11.2025 - 15:10 →
Сыт и щхьэусыгъуэр?
11.11.2025 - 10:30 →
ИщIэм деплъынщ
10.11.2025 - 12:00 →
Щхьэусыгъуэ иIэщ
| ||



