ХъуэпсапIэБрай Адэлбий и усэхэр зыхуэдэм, абыхэм ящIэлъ гупсысэм, и лирическэ лIыхъужьхэр къызэригъэлъэгъуам тхыгъэ щхьэхуэ триухуауэ щытащ тхакIуэ КIэщт Мухьэз. «Дэтхэнэ цIыхуми езым и хъуэпсапIэ иIэжщ. Брай Адэлбий и хъуэпсапIэр цIыхур нэщхъеймэ, гушыIэ дахэкIэ ар игъэгуфIэжынырщ, ди нобэм и цIыху гуащIафIэхэр игъэлъэпIэнырщ, игъэпэжэнырщ, усэ сатырхэм иригъэтIасэу, абыхэм я фэеплъыр щIэблэм яхуихъумэнырщ. АтIэ а и гуращэм Адэлбий и Iэр лъигъэIэсыфу пIэрэ? Абы жэуап етыгъуафIэкъым. Япэрауэ, езым игу загъэу зи хъуэпсапIэм лъэIэса цIыху щыIэкъым, етIуанэрауэ, Адэлбийуи нэгъуэщI усакIуэуи ирехъуи, авторым и усэ щхьэхуэхэм хэт ныкъусаныгъэ жьгъейхэм тепщIыхьмэ, и мурадыр къехъулIауэ зы усакIуи щыIэу пхужыIэнукъым. ПхужыIэнукъым дэтхэнэ усакIуэми усэфIи нэхъ IейIуи иIэнкIэ хъунущи. Аращ усакIуэм и творчествэм е и тхылъ щхьэхуэм ущытепсэлъыхькIэ, абы и тхыгъэхэм узыщрихьэлIэ усэ сатыр, едзыгъуэ закъуэтIакъуэ нэмытхысахэр къэппхъуатэу, ахэр пщалъэу бгъэувыну щIэщыуагъэр. Дэ ди гугъэщ узытепсэлъыхь усакIуэм и поэзием гурэ псэуэ хэлъыр зыхуэдэм, абы и лирическэ лIыхъужьым и зэфIэкIыр здынэсым нэхъ тэмэму гулъытэ хуэтщIыну. Адэлбий и лирическэ лIыхъужьыр - ар гурыщIэ хуабэм къызэщIиIэтэ, цIыхур фIыуэ зылъагъу, лэжьыгъэм итхьэкъуа, ищIэр зыфIэмащIэ, «гурыщIэ IэфIхэм зи лъэр кърахуэкI, зи псэр нобэ куэдым ныдахьэх» щIалэщ. Ар ди зэман дахэм насыпыфIэ ищIа, зи гъуэгур нэху, зи IуэхущIафэр ин, зи нобэр фIыуэ зи пщэдейр нэхъыфIыж хъуным хуэлажьэ цIыхущ. Аращ Адэлбий и лирическэ лIыхъужьым хуиту щIыжиIэфыр: Сытетщ щIы хуитми, хуиту соджэрэз, Сэ гъащIэ лъапIэр нобэ согъэпажэ. Сэ си лъыр зэкIэ КърехуэкI нэгъуэщIым, Сэ си гур зэкIэ куэдым ныщIохъуэпс. МахуэщIэ къалъхум ПIалъэкIэ къигъэщIым Си дыгъэр нобэ дахэу кърегъэпс. Мис а махуэщIэр къыхуэзыгъэщIу, и дыгъэр дахэу къыхуезыгъэпса нэхъыжьхэм я щIыхьыр хъумэнырщ, абыхэм яухуа гъащIэ нэхур нэхъри егъэфIэкIуэнырщ Адэлбий и поэзием и гумрэ и псэмрэ зыхуэлажьэр. Ди нобэм и IэфIыр абы нэхъри куууэ зыхещIэ, а насыпыр къэзызэуа цIыхухэм ягъэва бэлыхьыр зыхуэдизыр къыгуроIуэ, ар псэкIэ егъэткIуфри. Гъэ кIуахэм сэ куэдрэ Сыроплъэ я ныджэм. Гъэ кIуахэм сэ куэдрэ Си гуащIэр ягъэс. Зауаем и Iугъуэр Тхыдэжьым и гъуджэм Къимыщми, И гуIэр Ди нобэм къехьэс. Зы къуэшкъым, Зауэжьым хэтауэ и лыгъэм, Псэр IэфIми, мышынэу Зи гъащIэр зытар. И щIалэм, и тIасэм ЩIэбэгыу, ГуIэжу къеплъэкIыу ЩIы фIыцIэм кIуэжар. А псоми чэзууэ ЯлыпщIыр си гущхьэр, А псори чэзууэ Сэ псэкIэ согъэткIу. ЩыгуфIэми щынэщхъейми, къалэм щыдэсми, и къуажэгъухэм щахэтми, а лIыхъужьым зэи игу ихуркъым псэкIэ къазэуа насыпыр, гъащIэ дахэр дэтхэнэ шынагъуэми щыхъумэн, гъащIэр егъэфIэкIуэным хуэлэжьэн зэрыхуейр. Зэпымыууи щIэ гуэрхэр къелъыхъуэ, гупсысэ куу, гурыщIэ къабзэ къызэригъуэтыным хущIокъу. Езым и еплъыкIэ гъащIэм хуиIэжщи, абыкIэ егъэнщI и пшыналъэхэр. А гъащIэ еплъыкIэращ дэтхэнэ усакIуэми и тхыгъэхэм тегъэщIапIэ, лъабжьэ хуэхъур. Адэлбий и лирическэ лIыхъужьым иIэжщ езым и псэкупсэ лъабжьэ быдэ. Ар - цIыхубэм хуэлэжьэнырщ, ди нобэр гъэлъэпIэнырщ, зи лэжьыгъэмрэ зи гуращэмрэ дахэ ди цIыхухэм яхуэфащэ пшыналъэкIэ яхуэупсэнырщ. Аращ ар гъащIэм набдзэгубдзаплъэу щIыкIэлъыплъыр. Брайм и лирическэ лIыхъужьым и гур жанщ. Абы зэхех «бгъунлъауэ зи Iуэхур, гуIэгъуэр и Iэнэу, гъэпщкIуауэ хэт гъыми». Нэр щымыплъэми игу плъэм зыхрегъащIэ, гу лърегъатэ «бжьыхьэ щIыIэр хъыджэбз щIыфэм щыхъукIэ хуэмыхьыж, Iэ дияхэр Iупэм хуихьу, щIалэм ар къызэригъэвыжыр», «щIылъэ бгъафэм, щыIукIэ дэблея нэхъей, къуанщIэ мэжэщIалIэхэр зэрытепхъар». А псоми гу лъезыгъатэр, нэ жанкIэ лирическэ лIыхъужьыр кIэлъызыгъэплъыр авторым цIыхум, и лъахэм хуиIэ лъагъуныгъэрщ, фэрыщIуи тафэтелэуи щымыт гурыщIэ хуабэрщ, мыкIуэщIыжу къурш лъапэм щыубзэрабзэ псынэу, лирическэ лIыхъужьым и гум къыщыпкI лъагъуныгъэ IэфIырщ. Адэлбий и тхылъым уащрохьэлIэ гушыIэ дахэр зыщыхъуэпскI усэхэм («Iэлъын», «ГушыIэ», «Дунейшхуэр бам ищтауэ»), авторым и гъусэу узыгъэгугъэ, узыгъэпIейтейуэ уи пщащэм ущыпэплъа пщыхьэщхьэ гуакIуэр уигу къэзыгъэкIыж («Жэщым»), гъэпцIагъэр уэс цIынэу гум зэрытесэр зыхозыгъащIэ («ГъэпцIагъэ») тхыгъэхэм. Адэлбий и лъагъуныгъэ усэхэм уеджэмэ, гуфIэгъуэри губжьри, лъагъуныгъэм и IэфIри и дыджри зыхэшыпсыхьа щIалэгъуэм махуэ къэс требгъэха сурэтхэм уахэплъэж хуэдэщ. Абыхэм пщащэм япэу ущыхуэза пщыхьэщхьэр, абы щыгъуэ зыхэпщIа гурыщIэ IэфIыр уигу къагъэкIыж. ПсалъитI-щы «Псэ уахътыншэр» поэмэм теухуауэ. Мыбы къищтэ Iуэхугъуэр гъуэзэджэщ икIи щхьэпэщ. Поэмэр зытепсэлъыхьыр Хэку зауэшхуэмрэ абы къихьа бэлыхьымрэщ, ди цIыхухэм лъахэм хуаIэ лъагъуныгъэмрэ абы и щIыхьыр зыхъумахэм зэрахьа лIыхъужьыгъэмрэщ. Поэмэр инкъым. Мыбы нэхъыбэу хыхьэр усэщи, ахэр гуащIафIэщ, щIэщыгъуэщ. Си гугъэмкIэ, усэм и фIагъыр къызэралъытэр ар гумрэ псэмрэ зэрыдыхьэрщ, уигъэгупсысэрэ уи псэр игъэгуфIэфмэщ е уигъэпIейтерэ езым и гукъеуэр зыхыуигъэщIэфмэщ. Усэм и фIагъри усакIуэм и Iэзагъри къызэралъытэр лирическэ лIыхъужьым и щытыкIэ псори уи фIэщ ищIыфрэ, ар фIыуэ уигъэлъагъуфмэщ. Адэлбий и лирическэ лIыхъужьым и дуней тетыкIэри и гурыгъу-гурыщIэри, и хъуэпсапIэри уи гум къещтэ. Ди зэманым екIу, ар игъэдахэу гъащIэм дэгъуэгурыкIуэ лирическэ лIыхъужь къызэригъэщIыфыр Адэлбий зэфIэкI хъарзынэ зэриIэм и щыхьэтщ».
Поделиться:
Читать также:
15.12.2025 - 11:35 →
АдыгэпсэкIэ псыхьащ и IэрыкIхэр
15.12.2025 - 11:24 →
Зы хэкIыпIэ яIащ
15.12.2025 - 11:13 →
ЖьакIэмыхъу КIунэ ягъэлъапIэ
11.12.2025 - 10:00 →
ГущIэгъу зыхэлъыр гу къабзэрщ
10.12.2025 - 15:05 →
И къалэм жаныр псоми нос
| ||




