ХузэфIэкIар псыхэкIуадэ хъуакъымТхэн IэщIагъэр пасэу къыхэзыха, абы хуэпэжу зи гъащIэ псор зыхьа Теунэ Хьэчим псэуху и лъэпкъым хуэлэжьащ, къэбэрдей литературэм и лъабжьэр зыгъэтIылъахэм, ар ехъулIэныгъэ телъыджэхэм хуэзышахэм ящыщ зыуэ щытащ. Абы теухуащ филологие щIэныгъэхэмкIэ доктор ХьэкIуащэ Андрей и тхыгъэр. «Япэ лъэбакъуэхэр 20 - 30 гъэхэм зычу щIэзыдза къэбэрдей литературэм и жанрхэм ящыщу нэхъ зыужьыныгъэ зыгъуэтыр усыгъэрт. Литературэр зыхуэныкъуэ адрей жанрхэми заузэщIын папщIэ тхакIуэхэр зэзышэлIэн, зэгурыIуэрэ зэдэIуэжу зэдэзыгъэлэжьэн, сыт и лъэныкъуэкIи абыхэм закъыщIэзыгъэкъуэн IуэхущIапIэ щыIэн хуейт. Абыхэм я мыхьэнэр къызыгурыIуа Теунэр яужь йохьэ къэбэрдей, балъкъэр тхакIуэхэм я ассоциацэ е союз къызэригъэпэщыну. Илъэс 19 фIэкIа зи мыныбжь еджакIуэм 1931 гъэм «Революция и горец» журналым тхыгъэ ирегъэхь, «Къэбэрдей литературэм гулъытэ нэхъыбэ хуэщIын» фIэщыгъэцIэр иIэу икIи а илъэс дыдэм абы къытохуэ. Щеджэ зэманхэм IэщIагъэ хуэхъуа журналист лэжьыгъэм Теунэ Хьэчим сыт щыгъуи гурэ псэкIэ бгъэдэтащ, абы газетхэм щилэжьар нобэр къыздэсым нэсу зэхэгъэкIа мыхъуами. Ди зэманым къэсыху дэ дызыщыгъуазэу щытар очеркитIрэ «Аслъэн» повестымрэщ. Ауэ и архивым хэлъ тхыгъэхэр щыхьэт зэрытехъуэмкIэ, зауэм ипэ зэманхэм очерк, статья, зарисовкэ жыпIэми, абы и Iэдакъэ къыщIэкIащ тхыгъэ щэ ныкъуэм щIигъу. Абыхэм тепщIыхьмэ, тебгъэчыныхь хъунущ къэбэрдей журналистикэми и къызэгъэпэщакIуэу Теунэр зэрыщытам, а лъэныкъуэм и гугъу зыми имыщIа щхьэкIэ, хэлъхьэныгъэ ин дыдэ абы зэрыхуищIам. Абыхэм мыри щIыгъупхъэщ: фIыуэ ищIэ адыгэбзэми урысыбзэми ар хуэIэрыхуэу ирилажьэрт. Лъэпкъ журналистикэм Теунэм хуищIар зыщылъагъупхъэр и тхыгъэхэм я закъуэкъым, – абы къызэригъэпэщауэ щытащ урысыбзэкIэ къыдэкI «Баксанстрой», «На боевом участке» газетхэр. ИужькIэ «Молодой сталинец» газетым и редактор нэхъыщхьэуи лэжьащ. А псоми къадэкIуэу, ар илъэс нэблагъэкIэ «Комсомольская правда» газетым и корреспондентуи щытащ, зауэ нэужь лъэхъэнэхэм «Известия»-ми илъэс зыкъомкIэ дэлэжьащ. Махуэ къэс зыбгъэдэт журналист лэжьыгъэм къыдэкIуэу, Теунэм а зэманым художественнэ тхыгъэхэми зрипщыту щIедзэ. Абы 1939 гъэм итха «Аслъэн» повестыр тхакIуэм и япэ тхыгъэу къэтлъытэу къекIуэкIми, и архивым къыхэна Iэрытххэр щыхьэт зэрытехъуэмкIэ, 1939 гъэм ар елэжьащ «Зэныбжьэгъуныгъэ» романымрэ нэгъуэщI рассказ зытIущрэ. Ахэр и кIэм щIыхунэмыгъэсам и щхьэусыгъуэр, зэрыхуэбгъэфащэ хъунумкIэ, пцIы къытралъхьэу зэрагъэтIысамрэ комсомолым къыхадзу зыкъомрэ зэрыхамыгъэхьэжамрэщ. Журналистикэм илъэс куэдкIэ зэрыщылэжьам, гъащIэм куууэ щыгъуазэ зэрызыхуищIам, и зэхэщIыкI-гупсысэхэр зэрызэтеувам, художественнэ Iэзагъ зэрызригъэгъуэтам и фIыгъэу къыщIэкIынщ тхакIуэм и япэ повестыр дэгъуэу къыщIехъулIар. Абы тетхыхьа псоми зэдэарэзыуэ зэрыжаIэмкIэ, «Аслъэн» повестыр къэбэрдей прозэм и хэлъхьэныгъэ гъуэзэджэщ, и къежьапIэ хъуахэм ящыщ зыщ. АдэкIэ Теунэм и Iэдакъэм къыщIэкIахэм я гугъу пщIымэ, абы и «Шэджэмокъуэ лъэпкъыр» роман цIэрыIуэм литературэмкIэ КъБР-м и Къэрал саугъэтыр хуагъэфэщащ, критик цIэрыIуэ Iэджэм псалъэ гуапэ куэд хужаIащ. И япэрей тхыгъэхэмкIи иужькIэ и Iэдакъэ къыщIэкIахэмкIи тхакIуэм гулъытэ нэхъыбэ зыхуищIыр ди лъэпкъым и цIыхухэрщ, абыхэм я зэхэщIыкI-гупсысэкIэр зэрефIакIуэрщ, я дуней еплъыкIэм зэхъуэкIыныгъэ игъуэтхэрщ. ГъащIэщIэм и лъэхъэнэхэм сыт хуэдиз гугъуехь ахэр Iууэми, хэпщIыкIыу совет цIыхум зэрызихъуэжыр, щIэныгъэ куу, IэщIагъэ зэмылIэужьыгъуэхэр зэрызригъэгъуэтыр, зыужьыныгъэм и гъуэгу хуитым ар зэрытеувар Теунэм къыщигъэлъэгъуащ «Псэм и IэфIыр къыуатмэ», «Дыщэ кIанэхэр» романхэми. Зи лъэпкъым и зыужьыныгъэр зи хъуэпсапIэ, дэтхэнэ и зы текIуэныгъэ мащIэри зи гуапэ, и щхьэкIэ къеуэлIауэ фIэкI къызыщымыхъу Теунэ Хьэчим илъэс щэ ныкъуэм нэблагъэкIэ къэбэрдей литературэм хуэлэжьащ. Зи лъэпкъ тхыдэм, IуэрыIуатэм, литературэм фIыуэ щыгъуазэ, куууэ хэзыщIыкI тхакIуэм къэхутэныгъэ лэжьыгъэхэр иригъэкIуэкIащ. ИлъэсиплI нэблагъэ зытригъэкIуэда «Къэбэрдей литературэмрэ къэбэрдей тхакIуэхэмрэ» лэжьыгъэ гъуэзэджэм, а зэманым тепщIыхьмэ, пхужымыIэным хуэдизу мыхьэнэшхуэ иIащ. Ар къэбэрдей литературэхутэм и къежьапIэщ, и хэлъхьэныгъэ хьэлэмэтщ. Мы тхылъыр зытIущрэ Мэзкууи къыщыдэкIащ, абы и фIыгъэкIэ нэгъуэщI лъэпкъ щIэныгъэлIхэмрэ тхылъеджэхэмрэ къэбэрдей литературэм и тхыдэм, и ехъулIэныгъэхэм щыгъуазэ хъуащ. Зыкъомым яIэщIэгъупщыкIыжа щхьэкIэ, и зэмани и гугъуехьи емыблэжу Теунэ Хьэчим псэуху ди тхакIуэ-усакIуэ куэдым ядэлэжьащ. Къэбэрдей литературэм щылэжьауэ, КIыщокъуэ Алим деж къыщыщIэдзауэ Бещтокъуэ ХьэбаскIэ иухыжу, Хьэчим чэнджэщ Iущ зримыта, зи тхыгъэ щIэмыджыкIа ди тхакIуэхэм яхэткъым. А цIыху акъылыфIэм занщIэу къихутэфырт зэчий зыбгъэдэлъхэр, апхуэдэхэр и деж иригъэблагъэрт, и ехъулIэныгъэ-ныкъусаныгъэхэр иригъэлъагъужырт. Теунэм и тхыгъэхэр псори урысыбзэкIэ къыдэкIащ, зырызу къедмыбжэкIми, абы и IэдакъэщIэкIхэр хамэ къэралыбзэ IэджэкIи зэрадзэкIащ. Абыхэм я фIыгъэкIэ къэралыгъуэ куэдым ди лъэпкъыр, ди тхыдэр, ди гъащIэр, ди хабзэр къыщацIыхуащ, къэбэрдей литературэр дунейпсо утыкум ихьащ. Къулыкъу зыIутым, езым и гуапагъым, гъэсэныгъэ лъагэ хэлъым, и псэлъэкIэ щабэ къудейм я фIыгъэкIэ Теунэ Хьэчим урысей, нэгъуэщI лъэпкъ тхакIуэ, усакIуэ, критик цIэрыIуэхэм ящыщу ныбжьэгъу куэд иIащ, нэхъ гъунэгъуу абы къыбгъэдэтахэм ящыщщ КIэрашэ Тембот, Джусойты Нафи, Гамзатов Расул, Липкин Семён, Либединский Юрий, Гоффеншефер Вениамин, Андроников Ираклий сымэ. Абыхэм ящыщ дэтхэнэми псалъэ гуапэ къыхужиIащ Теунэм. Къэтхьынщ урыс зэдзэкIакIуэ цIэрыIуэ Липкин Семен и зы письмо: «Си дежкIэ уэ литературэм и лIыхъусэжьу (рыцару) укъонэ, уи лъэпкъыр Кавказым и лIыхъусэжьу зэрыщытам ещхьу. Сэ уэ пщIэшхуэ пхузощI илъэс 24-рэ и пэкIэ къэбэрдей усыгъэм и псынащхьэм сызэрепшэлIам щхьэкIэ. А псынэ къабзэм сэ сефащ икIи къызгурыIуащ мыгъущыжын фалъэм сызэрыхэIубар. Си псэм хуэдэу фIыуэ слъагъу Хьэчим, си гуапэщ зэчий уэ убгъэдэлъым ехъулIэныгъэ телъыджэхэр къыпхуихьыну, насып, узыншагъэ, гъащIэ кIыхь уиIэну». Апхуэдэ псалъэ гуапэхэмкIэ узыгъэгуфIэн ныбжьэгъу нэс къыпкъуэтынырауэ къыщIэкIынщ цIыху насыпкIэ зэджэжри. Зи лъэпкъым еш имыIэу хуэлэжьа Теунэ Хьэчим ищIар, хузэфIэкIар псыхэкIуадэ хъуакъым, ар къызыхэкIа лъэпкъым къыхуэнащ. Абы и гуащIэдэкI хьэлэлыр къэралым гулъытэншэу къигъэнакъым. Мамырыгъэр зыгъэбыдэ лэжьыгъэ ин иригъэкIуэкIар къалъытэри, медалу иIэхэм нэмыщI, Теунэм къратащ ордениплI, и творчествэ купщIафIэм папщIэ къыфIащащ «КъБАССР-м и цIыхубэ тхакIуэ» цIэ лъапIэр, ар литературэмкIэ КъБР-м и Къэрал саугъэтым и лауреатщ. Тхьэхущынэ Ланэ.
Поделиться:
Читать также:
06.03.2026 - 16:06 →
Лъэпкъхэм я зэкъуэтыныгъхэр ягъэбыдэ
02.03.2026 - 13:09 →
Я сюжетхэр зэмылIэужьыгъуэщ
28.02.2026 - 12:00 →
И щIэинхэр хуэсакъыу яхъумэ
27.02.2026 - 12:26 →
ЛIыгъэм и макъамэ
26.02.2026 - 14:41 →
Лъэпкъ щэнхабзэм зезыгъэужьа Гъуэт Хъусин къызэралъхурэ илъэс 85-рэ ирокъу
| ||




