ЩIыналъэхэм я зыужьыныгъэр цIыхумрэ гъуэгумрэ елъытащ, жиIэгъащ зэгуэрым дуней псом щыцIэрыIуэ экономист Смит Адам. Абы къыхигъэщат цIыхухэр зэлъэмыIэсмэ, щIыпIэхэм экономикэ и лъэныкъуэкIэ зэрызамыузэщIынур, псынщIэу икIи гугъуехь хэмылъу Iуэхухэр зэфIахын щхьэкIэ, гъуэгухэм я зэIузэпэщагъым и мыхьэнэми тригъэщIат. Иджырей дунейм и щытыкIэ-зыужьыкIэм ущыкIэлъыплъкIэ, щIэныгъэлIым зи гугъу ищIа гъуэгухэр ипэжыпIэкIэ стратегие купщIэ зиIэ Iуэхугъуэу къоув. Къэралым жылагъуэмрэ экономикэмрэ я лъабжьэр щигъэтIылъ программэхэмрэ пэхуэщIэхэмрэ зэпымычу гулъытэ щагъуэт гъуэгухэм я щытыкIэм, арыххэуи ар зыужьыныгъэ стратегием пхухэмыхыну и пкъощIэсэхэм ящыщ зы мэхъу.
Дызэрыщыгъуазэщи, иужьрей илъэсхэм къэралым къыхилъхьэ программэ щхьэхуэхэмрэ пэхуэщIэхэмрэ зытелажьэр цIыхум и псэукIэр къызэраIэтынырщ, щIыпIэхэм я экономикэ гъащIэм ипэкIэ зэрыбэкъуэн Iэмалхэр къыхэлъхьэнырщ. Абыхэм ящыщщ, къызэрыхэдгъэщащи, гъуэгухэр. Кавказ Ищхъэрэ щIыналъэм хыхьэ хэгъэгухэм я зэхуакум зэпыщIэныгъэ куэд дэлъщ, егъэджэныгъэ, щIэныгъэ, щэнхабзэ, спорт, экономикэ икIи нэгъуэщI Iуэхугъуэхэри къызэщIиубыдэу. Абы и лъэныкъуэкIэ Къэбэрдей-Балъкъэрыр, Осетие Ищхъэрэ – Аланиер, Ставрополь щIыналъэр зэпызыщIэ гъуэгум и дэтхэнэ зы Iыхьэми мыхьэнэ иIэщ, хэгъэгу зыбжанэ, къалэхэмрэ къуажэхэмрэ, зекIуапIэхэр зэрызэрипхым къыхэкIыу. Арыххэуи, «ГъащIэр егъэфIэкIуэн» лъэпкъ пэхуэщIэм къыхэкI мылъкукIэ а гъуэгур и пычыгъуэ зыбжанэ зэгъэпэщыжыныр къэрал IэнатIэхэм къалэн зыщащIыж.
Зи цIэ къитIуа хэгъэгухэр зэзыпхым щыщщ Новопавловск – Прохладнэ – Мэздэгу гъуэгу пакIэр. Мы лъэхъэнэм гулъытэ нэхъыбэ зыгъуэтыр кIуапIэхэр зэпызыщIэ лъэмыжырщ. Мы ухуэныгъэм метр 224-рэ и кIыхьагъщ.
Абы ныбжь хъарзынэ зэриIэр, ар зэращIрэ илъэс блыщIым зэрыщхьэдэхар къыхэгъэщыпхъэщ икӀи и пкъыгъуэ щхьэхуэхэр щIэрыщIэу зэгъэпэщыжын, транспортышхуэ зэрыщызекIуэр къэплъытэмэ, цIыхум и шынагъэншагъэми егупсысын хуейщ. Аращ къызыхэкIар лъэмыжым и пкъыгъуэ щхьэхуэхэр мыхъуу, зэрыухуэныгъэу зэгъэпэщыжыныр.
Метр 224-рэ зи кIыхьагъ лъэмыжыр щIэрыщIэу тралъхьэжу жыпIэ хъунущ. Гъуэгуухуэхэм абы и екIуэлIапIэхэр зэрыщыту трахри, екIуэкI лэжьыгъэхэм зэран хуэмыхъун хуэдэу, автомашинэхэр пIалъэкIэ щызекIуэн хуэдэу гъуэгу щхьэхуэ пхашащ. Езы лъэмыжыр гъуэгум щхьэпрыкӀ ухуэныгъэхэм ящыщщ. Абы и щхьэр зэрыщыту трахащ, ар зыIыгъ пкъощIэсэхэр зытет лъабжьэм нэхъ Iэрыхуэу елэжьын хуэдэу. Лъабжьэр щIым щIэрыщIэу хагъэжыхьыжащ, абы тет пкъохэр цементкIэ зэрагъэубыдыжащ. Лъэмыжым ирахьэлIа лэжьыгъэр зэрыщыту цIыхум и шынагъэншагъэр къызэгъэпэщынымкIэ щыIэ мардэхэми, гъуэгум и фIагъыр къэзыIэт щапхъэхэми зэрытехуэр жыIэн хуейщ.
Гъуэгуухуэхэм иджы лъэмыж гъущIыкIэхэр зэщIрагъэубыдэу гъуэгущхьэм тралъхьэжын, абы и щIыIум асфальт тебзэр хуащIыжын, гъуэгубгъу лъагъуэхэр къыхагъэщын, псыIагъэ имыубыдын щхьэкIэ жьымрэ псымрэ ухуэныгъэм бгъэдэзыш технологиехэр халъхьэн хуейуэ къапэщылъщ. Мызыгъуэгум лъэмыжым и лъэгур зытрагъэжыхьыну щIыпIэхэм гъущIыкIэ хагъэжыхьащ, бгыкъухэмрэ щхьэIумрэ хагъэувэжащ. Мы лэжьыгъэ Iыхьэр нэхъ гугъуу зэрыщытым къыхэкIыу, дунейм и щытыкӀэри къалъытэ, уэфӀ зэрыхъуу Iуэхум и зы Iыхьэ хагъэщIурэ йокIуэкI.
Ахэр зэфIэкIа нэужь, пэхуэщIэм къызэрыхэщымкIэ, лъэмыж лъэныкъуитIми пщыхьэщхьэкIэрэ къыпынэу уэздыгъэхэр трагъэувэнущ, гъуэгу дамыгъэхэр тращIэнущ, зэпрыкIыпIэхэмрэ лъэс лъагъуэхэмрэ хуащIынущ.
Иджыпсту екIуэкI ухуэныгъэ лэжьыгъэхэм цIыхухэр хуабжьу щогуфIыкI. Абыхэм ящыщщ, псалъэм папщIэ, Мэздэгу Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ Факъуэ Руслан. Абы зэрыжиIэмкIэ, Новопавловск – Прохладнэ – Мэздэгу гъуэгур къэралпсо мыхьэнэ зиIэ гъуэгушхуэм и зы Iыхьэу зэрыщытым къыхэкIыу, цIыхухэр лэжьыгъэкIэ зэпха щIыпIэхэм нэхъ псынщIэу негъэс, зэманри къахудегъахуэ, ущызекӀуэнуи нэхъ шынагъуэншэщ.
– Абы къыщыувыIэркъым. ЩIыпIэ пхыдзахэр, къыпэзыкIухь гъуэгухэр нэхъыбэу губгъуэхэмрэ сэтей пцIанэмрэ зэрыпхыкIым къыхэкIыу, автомашинэхэр зыхуей щыхуэбгъэзэжыфын IуэхущIапIэхэр щыIэкъым – а щытыкIэм цIыхур гъуэгум къытренэ, Iуэхухэри къызэпыуда мэхъу. Хуабжьу гуапэщ Къэбэрдей-Балъкъэрым щIыналъэхэр зэпызыщIэ, мыхьэнэшхуэ зиIэ гъуэгухэмрэ зекIуапIэхэмрэ и нэIэ зэратригъэтыр. Экономикэ щхьэусыгъуэхэр гурыIуэгъуэщ, ауэ зы хэгъэгу зэдимысу зэпэIэщIэ зы лъэпкъри а лэжьыгъэм нэхъ гъунэгъу зэхуещI. ЖыпӀэнуращи, жэрдэм щIагъуэм гъуэгухэм я пщIэри ехъумэ, цIыхухэми зэрахуэсакъыр къегъэлъагъуэ, – къыхегъэщ Факъуэм.
Гъуэгуухуэхэм зэрыжаIэмкIэ, лъэпкъ пэхуэщIэм ипкъ иткIэ кърахьэжьа Iуэхум илъэс псокIэ елэжьынущ, ар 2026 гъэм и кIэхэм зэфIэкIын хуейщ.