Iэдакъэжьауэ зыщIар къыщытIуощIэЗекIуэм и пэщIэдзэм кIэщIу дытепсэлъыхьынщи, Адыгэ Республикэм и къалащхьэ Мейкъуапэ дыкъыщежьэри, Щхьэгуащэ и псыхъуащхьэкIэ иужьрей дыдэу узыщыхуэзэ Гъуазэрыплъ къуажэм гуп цIыкIур дынэсащ. Абдежым дызыщыхуэза фэху Iэхуитлъэхуитым нэху дыкъыщекIри, махуэщIэм и пщэдджыжьыпэм дыкъыIукIащ.
Дигу итлъхьам тету дызэхэзекIуэнумэ, лъэс лъагъуэ защIэкIэ бгыхэм дащхьэдэхыу, хы ФIыцIэ Iуфэм хуэдунэтIын хуейт. Гупыр Кавказ Шытх Нэхъыщхьэр зыгъэбжьыфIэ Фыщт Iуащхьэжьым и лъабжьэм дыщыщIэкIым щхьэдэхыпIэ зыбжанэ къызэднэкIри, къущхьэщIыб Iуащхьэжьхэр зи къежьапIэ Шахэ и псыхъуащхьэхэм дынэсащ. Егъэзыхыгъуэ защIэкIэ дыздеущэхым, нэр теплъызэу тепхъэ дахэ куэд зиIэ тIуащIэ бгъуфIэшхуэм дыдыхьащ.
Псым и жапIэмкIэ фIыуэ декIуэтэхауэ, махуэр и кIэм щынэблагъэм, «кIыфI мыхъу щIыкIэ» жытIэри, нэху дыкъыщекI хъун щIы сэтей тIэкIу щхьэкIэ зытплъыхьын щIэддзащ. КъухьэпIэм зыхуезыгъэзыха дыгъэри и иужьрей бзий гуапэхэмкIэ къэдэхэщIэжырт. Шахэ дызэпрыкI-дыкъызэпрыкIыжурэ, лъэсу дыздехым, сэмэгу лъэныкъуэмкIэ, щытхуагъэхьэзыра фIэкIа дымыщIэну къыщытлъэгъуащ уэншэкум хуэдэу удз Iувым щIигъэнарэ чыцэ гуэрэнхэмкIи къэухъуреихьыжауэ къэIэгъуа, псыIум щхьэщыIэтыкIа щIы IэнэщI тIэкIур. Абдежым зыщидгъэзэгъащ.
Мейкъуапэ дыкъызэрыдэкIрэ, а пщыхьэщхьэм фIэкIа чэтэн пщыIэхэр дымыухуэу къэдгъэнатэкъым. Къызыхэтхар сыт жыфIэмэ, и щхьэусыгъуэри къыхэдгъэщынщ. Кавказ шытхышхуэм и ищхъэрэ лъэныкъуэмкIэ жэщыр щынэхъ щIыIэтыIэщ, хы псыIумкIэ гъэза мэз кIуэцIхэм, абыкIэ щежэх псыхэм хуабэр хэпщIыкIыу нэхъ щаIыгъщ. Арати, дыздынэсам дызэрыпщхьэ «дзыуэхэр» (къэпхэр) удзыпцIэ Iувым ауэ сытми щыхэдубгъуэри, абыкIэ зэфIэдгъэкIащ – ди «унэхэр» хьэзырт.
АтIэми, дэ, аргуэрыххэти, сытым щыгъуи хуэдэу тIэкIу дыщымысыжауэ дыжеижакъым. ИхъуреягъкIэ нэм къыщIэIэбэр щыдмылъагъуми, ди нэхэр зэтепщIэху мафIэм дыбгъэдэсыжри, ди ныбэ изрэ дызыхуэарэзыжу, пщэдейрей махуэмм фIыкIэ дыщыгугъыу дызэбгрыкIыжащ.
Пщэдджыжь нэхутхьэхум и зыкъэIэтыгъуэм нэхъыжьитIым зытIэтащ, зэхэкIыжа мафIэр зэщIэдгъэстыжри шхын хьэзырри дгъэхуэбэжащ. А псори щызэфIэдгъэкIым, алъандэрэ я гугъу дымыщIу, пщэдджыжь жей IэфIыр езыхьэкIа адрей ди гъусэ ныбжьыщIитIым, «хъункъэ иджы» жыхуэтIэу, дегуоуащ:
- Ей, лIыхъужхэ, куэдщ фызэрыжеяр! Фытэджи, зыфтхьэщI! Шхынри хьэзырщ, махуэщIэри къытпоплъэ! - жытIэри.
Пщэдджыжьышхэм дыщехъулIэм, ШахэкIеишхуэ дэс Тхьэрыкъуахъуэ Руслан деж сIуэхуащ, зекIуэ гупыр гъунэгъу дыкъызэрыхуэхъуамкIэ хъыбар езгъащIэу.
Iуэхур зытетыр щызэхихым, къытпежьэн мурадыр иIэу, арыххэу и машинэмкIэ гъуэгу къызэрытехьэр къыджиIащ. Телефоным къиIукIа макъ жьгъырум къыдигъэщIащ къурш гъуэгукIэ зэхэзекIуа гупыр гъунэгъу дызэрыхуэхъуам ди цIыхугъэр зэрыщыгуфIыкIар…
«Апхуэдизу къытпэплъа щIалэр зэдгъэжьэж хъурэ?!» - жытIэри, нэху къыщыттещхьа IэщIэм ди хьэпшыпхэр псынщIэ-псынщIэу щызэщIэткъуэжащ.
А псом къыдэкIуэуи тщыщ гуэрым къилъэгъуащ алъандэрэ зищIысыр къыдгурымыIуащэу уэгум щызэрызехьа къуалэбзу дамабгъуэхэр хы тхьэрыкъуэу зэрыщытым.
- Дауэ хъунт, - зи фIэщ мыхъуаи къытхэкIащ, - хы псыIум къыIукIыу мыбы нэс сыту къыдэмылъэтейрэт!
АтIэми, кIуэ пэтми нэхъыбэж зэрыгъэхъу бзухэр набдзэгубдзаплъэу щызэпэтплъыхьым, ахэр зэрыхытхьэрыкъуэр къыдгурыIуащ. Дегупсысыжри «зэхэдгъэкIащ» зи гугъу тщIы къуалэхэм я дежкIэ хы щхьэфэри тепхъэ зиIэ псы ежэх бгъуфIэри я зэхуэдэу зэрыщытыр. Дызытепсэлъыхьыр къызыгурыIуа ныбжьыщIэхэри, «алъандэрэ дызыхуеIа хы Iуфэм гъунэгъу дыкъыхуэхъуакъэ иджы!» жаIэурэ гуфIэрт.
Руслан къыщытIущIэну къыхигъэща бжьэпэм папщIэ, кIуэ ар абы къызыхихар дэ къыдгурыIуатэкъым, «дамбэм деж» жиIат. А фIэщыгъэм къригъэкIар зэрызэхэмыщIыкIыгъуэм къыхэкIыу, адрыщIымкIэ щыIэ мэзылъэ джабэхэр нэкIэ щIэтпщытыкIырт.
Ауэрэ, псыхъуэм и къэгъэшыпIэ гуэрым дызэрыхуеплъэкIыу, «мис мыракъэ?» хужытIэну, Руслан къыщытпэплъэну къыхигъэща щIыпIэр къэтцIыхуащ. Гу лъыттащ лъагапIэ цIыкIуми, абы и щыгум Iэдакъэжьауэ зыщIауэ къытеува щIалэми.
Зэман дэкIауэщ къыщыдгурыIуэжар, хыIуфэрыс адыгэм, къыщытIущIэн папщIэ, а щIыпIэр къыщIыхихар: машинэ псынщIэхэм къатемыхьэлъэу щызекIуэ хъу асфальт тепхъуэр абдежрат щиухыр. АдэкIэ зэрынашэкъашэм нэмыщI, гъуэгур ныджэм зыщхьэщызыIэтыкIа къуакIэбгыкIэхэми йохьэ. Иужьым щыгъуазэ дызэрыхуащIамкIэ, абы километрищ хуэдиз уридэкIуеижмэ, мэз Iувым къыхэщхьэхукI къыр нэпкъхэм нэжэгужэу къащхьэпрылъ Джэгуэщ псы бгъунжыр Шахэ щыхэлъэдэжым щыIэ гъуэфылъэ дахэкIейм ущыIуощIэ.
Ар и пэщIэдзэщ жыг абрагъуэхэр зыщхьэщыгъуэлъхьа къуэладжэ зэвым, хы ФIыцIэ Iуфэм зыщызыгъэпсэхухэм иужьрей илъэс 20-м къриубыдэу хуабжьу къагъэунэхуа нэгузегъэужьыпIэ телъыджэм. Абдежым зи псыIу узыщыхуэзэ Джэгуэщ и къуэбэкъум ущрохьэлIэ мывэ джеижьхэм лэдэх куухэр къыхэзыIущIыкIа псыкъелъэу 33-м. А щIыпIэм пыщIа хъыбархэмрэ и дахагъымрэ ятеухуа тхыгъэхэми, къыдэхъулIэмэ, иужькIи датепсэлъыхьынщ, Шахэпэ (Головинкэ) дэс Тхьэрыкъуахъуэ Руслан и унагъуэр къызэрытIущIа щIыкIэми и гугъу тщIынщ.
Поделиться:
Читать также:
10.03.2026 - 16:05 →
Адыгагъэм хелъагъуэ къабзагъэ
10.03.2026 - 16:02 →
ЩIэныгъэм лъагъуэхэр пхрашу
06.03.2026 - 10:43 →
ЩIалэгъуалэр зэщIагъэуIэ
04.03.2026 - 14:23 →
Ди зэпыщIэныгъэхэр ягъэбыдэ
03.03.2026 - 13:16 →
ЩIалэгъуалэм я зэхэщIыкIыр къаIэт
| ||




