СЫЩОЛЪЫХЪУЭ НАСЫП СЭ УИ ДЕЖ

 - «Сыщолъыхъуэ насып сэ уи деж» уэрэдыр зэ нэхъ мыхъуми зэхэзмыха, жыпIэнурамэ, ар фIыуэ зымылъагъу адыгэ уэрэдхэм, макъамэхэм дихьэххэм яхэту си фIэщ хъуркъым. Зэ уедэIуакIэ уи псэм, уи гум зимыгъэнщIу, иджыри зэ къытезгъэзэжу седэIуащэрэт жыуигъэIэу апхуэдэ уэрэдщ ар. АтIэ сыт и хъыбар апхуэдиз цIыху зытхьэкъуа уэрэдым? – абы и къежьапIэ хъуам дыщегъэгъуазэ КIунтIыщ - ХьэпцIэ Аннэ. - Гугъущ уэрэдым утепсэлъыхьыну абы зи гуащIэ хэзылъхьахэр щымыпсэужым и деж. Уэрэдым и псалъэхэр зытха Джатэжьокъуэ Бэч теухуауэ жытIэфынур мащIэми, абы макъамэ хуэзытха Ахъмэт Щэлэуат ящыщщ республикэм и щэнхабзэр егъэфIэкIуэным, абы и гъуазджэм хэлъхьэныгъэшхуэ хуэзыщIахэм. «Хэт ар?» жызыIэни къыфхэкIынкIи хъунщ.
 Ахъмэт Щэлэуат 1941 гъэм и мэлыжьыхь мазэм дзэм къулыкъу щищIэну ираджащ. Абы и гущхьэ къэкIыртэкъым мазитI нэхъ дэмыкIыу дуней псор бэлыхь хэзыдза фашистхэр ди Хэкум къытеуэну. Щэлэуат ящыщщ япэу мафIэ лыгъэм хыхьахэм, зауэм и хьэзаб псори зыгъэвахэм.
 1946 гъэм ди лъахэм къыщигъэзэжам Щэлэуат и бгъэм къыхэлыдыкIырт ЩIыхь орденым и 1, 2-нэ нагъыщэхэр, «Вагъуэ Плъыжь» орденыр, «Зэрихьа лIыгъэм папщIэ» медалыр, нэгъуэщIхэри. 
И къуажэгъухэр хуабжьу иригушхуэрт абы и зэфIэкIым, бзэ куэд зэрищIэм икIи пщIэ хэха хуащIырт. Сэрмакъ дэт ЩэнхабзэмкIэ унэм илъэс 41-кIэ щылэжьащ Щэлэуат творческэ лэжьыгъэшхуэ иригъэкIуэкIыу. А зэманым къызэригъэпэщауэ щыта струннэ оркестрым и цIэр жыжьэ Iуат, Москва къыщыгъэнауэ, нэгъуэщI къэралхэми щекIуэкI зэпеуэхэм увыпIэ пэрытхэр къыщихьу апхуэдэт.
 Ди жагъуэ зэрыхъущи, Ахъмэтыр дунейм ехыжа нэужь оркестрри абы дэкIуэдыжащ, ауэ сэрмакъдэсхэм гимн яхуэхъуа «Сыщолъыхъуэ уи деж насып» уэрэд цIэрыIуэр Балъкъыжь и даущ макъым пэджэжрэ цIыхухэм я псэгъэтыншу бэм куэдрэ къазэрыдекIуэкIынум шэч хэлъкъым.

***
Гъатхэ жэщыр нэхъри щыхэкIуатэм,
Сэрмакъдэсхэр псори щэху мэхъуж.
Сэ си закъуэу Балъкъ и Iэуэлъауэм
СыщIэдэIуу, пIэм сыхогъуэлъхьэж.

Зы сыхьэти жеин щыслъэмыкIкIэ,
Сыкъотэджри сокIуэр псым и деж.
Мы уэрэдыр уэ щызэхыумыхкIэ,
Сэ аргуэру унэм сыкъокIуэж.

Мис апхуэдэщ мы си лъагъуныгъэр,
Зы дакъикъи си гум уэ уимыху.
Къэушащи нэхущ къуалэбзухэр,
СагъэпIащIэу си пIэри Iузох.

Е дахащэу дунейр щыщIэращIэм,
Сыщолъыхъуэр насып сэ уи деж.
И чэзур нэсащ къызэпта пIалъэм,
ЛэгъунэщIэм тIури дыгъэкIуэж.

Тхьэхущынэ Ланэ.
Поделиться: