Сабийм и бампIэИлъэс куэдкIэ егъэджакIуэу лэжьа КIурашын Алий и Iуэтэжыр теухуащ унагъуэм и мыхьэнэм, псом хуэмыдэу сабийм и дежкIэ абы лъапIэныгъэу иIэм, зи адэмрэ анэмрэ къызыщхьэщыту къэхъум нэхъ насыпыфIэ зэрыщымыIэм. Гъатхэ махуэщ. ПщIантIэ хуитышхуэм щоджэгу сабийхэр, дэнэкIи щызэхэпхыр абыхэм я кIий, я дыхьэшх макъхэрэщ. Дунейр зи щIэщыгъуэ гъатхэ хьэндырабгъуэу, къалъэтыхь а цIыкIухэм... Сэри сащыщщ а пщIантIэм дэтхэм... Дэ псори дызэщхьу къыпщыхъункIэ хъунущ зэ еплъыгъуэкIэ, ауэ дызэщхькъым. Псом хуэмыдэу сэ сарещхькъым зыми... Къадэзжыхь, садэджэгу щхьэкIэ, си гум илъ бампIэр нэхъ мащIэ хъуркъым... Схуэхьыжыркъым... Схуэшэчыжыркъым... Мы гъэм еханэ класс сыхъуа къудейщ, ауэ гупсысэ хьэлъэхэмрэ бампIэмрэ игъуэ нэмысу сызэщIаубыдащи, сапэлъэщыркъым, хэкIыпIэ гуэри къысхуэгъуэтыркъым... Адрей сабийхэми хуэдэу, сэри сиIэщ ани ади. СиIэщ зы шыпхъу цIыкIуи, сэр нэхърэ илъэситхукIэ нэхъыщIэу. Мис а си шыпхъу цIыкIур си гъусэу дыщоджэ, дыщопсэу зи унагъуэкIэ хуэмыщIа сабийхэр щаIыгъ интернатым. Дэ дыкъыщалъхуащ адыгэ къуажэ, адыгэ унагъуэ. Сытым хуэдэу дахэ а ди къуажэр! Фезгъэплъащэрэт!.. Дэ мыбы дыкъыщыкIуэжыр зэзэмызэххэщ, дыкъыздэкIуэжри ди анэшхуэм и дежщ. Дэнэ дыкIуэн-тIэ?.. Ди пщIантIэр зэщIэкIэжащи, дыхьэпIэ иIэжкъым, ди унэ тIэкIури къэуэжыным нэсащ, зезыхьэн цIыху зэрыдэмысым къыхэкIыу. ХокIуэдэж ди лъапсэр... ХокIуэдэжыпэ... Сыту мыгъуэ дынасыпыншэт!.. Адэ, анэ… Насыпу щыIэр яIэкъэ ахэр зыщхьэщытым?! Дэ ди адэр ефэным фэи лыи езымыгъэщI цIыхущ. ЗыкIи угурыIуэжыркъым. Быни иIэу, бын къалэни и пщэ дэлъу ищIэжыркъым. «Папэ» жытIэу зыхуэдгъэзэну къытхуихуэркъым... Ди анэми, «псори зэпыту фыкIуэ!» жыхуиIэу, дыкъыхыфIидзэри, екъури ежьэжащ. Урысейм хэту жаIэ... Сыт щIа абы лъандэрэ... Апхуэдизу куэд дэкIащи, уеблэмэ мамэ и нэкIур къысхуэгубзыгъыжыркъым. Мамэрэ папэрэ псэууэ дунейм тету, дэ тIур дызеиншэщ... Дызеиншэ хъурейщ... Си шыпхъу нэхъыщIэ цIыкIу Iэсият дэрэ къуажэм дыкъыщыкIуэж зэзэмызэм ди анэшхуэм къыджеIэ: «ФыкIуи, тIасэ, фи адэм и псэукIэр зэвгъэлъагъу». Абы дэ щытлъагъунумрэ дызыIууэнумрэ нани ищIэрт, сэри къызгурыIуэрт. Ауэ, дауэ мыхъуми, адэ сыхуэныкъуэт, сигу къэкIати, зэгуэрым, Iэсият цIыкIу нанэ и гъусэу къызогъанэри, си закъуэу сокIуэж. Псоми ящышынэ хьэ щтауэ, зызэхуэсшэурэ, сыдохьэж ди пщIантIэм. Си гур фIым хуэпабгъэми, си нэгум щIэкIыр сыт щыгъуи зызымыхъуэж сурэтт: зи пащIэ-жьакIэр зэщIэкIэжауэ, зи нэкIур зэхэбэгэжа адэр, тутын Iугъуэм зэщIищта пэш кIыфIыр, щIыIэмэрэ псыIэмэрэ къызыщIих унэжь цIыкIур. Папэ сепсэлъэну сыхуожьэри, сызэхихыркъым, зэзэмызэ къызоплъ, сыкъимыцIыху-сыкъимыцIыхуу. Сытым хуэдэу дахэт папэ!.. Иджы ар зыкIи ещхьыжкъым зэрыщытам... Си гур хощI... КъарукIи си сабий акъылкIи сызыпэмылъэщын насыпыншагъэт мыр. Гъунэгъуми Iыхьлыми яужэгъужа лъапсэт. Слъэгъуар си гум щIыхьауэ, ар схузэмыгъэзахуэу, сылъэпэрапэу ди пщIантIэм сыкъыдокIыж, нэпсым си нэр къыщипхъуарэ бампIэм си гур къызэгуичу... ГуIэгъуэр си махуэрэ гукъутэр нэхъыбэж схуэхъуауэ , си нэпсыр згъэпщкIуу, сыкъыщIохьэж нанэ деж... Нани къарууншэ, сымаджэрилэ хъуат. И лъэр щIихат ди унагъуэ дахэр зэрызэтекъутам, еплъурэ и къуэ закъуэр зэрыкIуэдым, сабиитIыр зэридзэкIыу нысэр зэрежьэжам. Нанэ сызэрыIуплъэу, си нэпсхэр къыщIэлъэдащ, езыми, псори къыгурыIуащи, сызришэлIауэ IэплIэ къысхуещI. ТIури дыкъыщиудащи, догъ... Зы псалъи тхужымыIэу догуIэ, допыхьэ... Iэсият цIыкIу япэщIыкIэ зыри къыгурымыIуэу къыдэплъащ, итIанэ абыи гъын къыщIидзащ, къэхъуар къыгурымыIуэ пэтми. Псэхугъуэрэ жейрэ симыIэжу сыкъагъэнат си нэгу щIэкIахэм. Си махуэхэр жэщым хуэдэу кIыфIу згъакIуэрт. Дунейм зы гурыфIыгъуэ гуэри темытыж хуэдэт... Апхуэдэхэм деж егъэджакIуэхэм урокхэм щыжаIэр тэмэму зэхэсхыртэкъым, си еджэнри нэхъыкIэ хъурт. КъысщыщIамкIэ егъэджакIуэр къыщызэупщIкIэ, зы псалъи къысхудэмышейуэ, мывэм хуэдэу сыжырт. Си нэхэр къихуу сеплъ мыхъумэ, зыри схужыIэртэкъым. Сытыт сэ абы жесIэнур? Пэжыр жесIэнути, сукIытэрт... Хэти зиумысыжынт апхуэдэ мыхъумыщIагъэкIэ?.. Сыпсалъэртэкъым... БампIэм бзэншэ сищIат... Апхуэдэут сабийхэми сазэрыхэтыр. Махуэр зыгуэрурэ дгъакIуэрти, гъуэлъыжыгъуэр къызэрысу, пэшхэм зыщIэдгуэшэжырт. Сэ нэхъ сызыщышынэр, нэхъ схуэмыхьыр жэщырт. Жэщыр щымыIамэ, си гъащIэр тIэкIу нэхъ нэху, нэхъ тынш хъуну къыщIэкIынт... Сызыпэмылъэщ гупсысэ хьэлъэхэмрэ бампIэмрэ къыщызэжэр, сыщатхьэлапэр жэщкIэти, аращ апхуэдэу щIыжысIэр. Си пэшым къыздыщIэлъхэр псори жей IэфIым хыхьэжакIэщ. Сэри сыгъуэлъыжащ, арщхьэкIэ сыжеифыркъым, сагъэжейркъым гуныкъуэгъуэу сиIэм. Ди пэш щхьэгъубжэм къыIууващ мазэ хъуреябзэ нэхушхуэр. Ар си анэ зи нэкIу сымыщIэжым изогъэщхь, арауэ къысфIощIри, сыкъыпогуфIыкI, зыхузогъафIэ. А мазэм и бзий кIыхь щхьэгъубжэм къыдидзхэр си анэм и Iэхэм хузогъадэ, ахэр къысхуишияуэ, си напэм, си щхьэфэм Iэ къыдилъэу къысщохъу, «щхьэ умыжейрэ, си хъыджэбз цIыкIу?» жиIэу. Мы зы жэщыракъым апхуэдэ нэкъыфIэщIхэр щыслъагъур, си жэщ къэси апхуэдэущ зэрызгъакIуэр... Хьэлъэкъэ-тIэ ар сэркIэ?! Нэхущхэм дежщ жейм тIэкIу сыщыхилъафэр. Сэ сытым хуэдэу сехъуапсэрэ жэщкIэрэ зи анэм и псалъэ IэфIхэм щIэжеикIыжхэм, зи адэ и псалъэ гуапэхэмкIэ гушхуауэ дунейм тетхэм... Дэнэ щыIэу пIэрэ иджыпсту си анэр? Плъагъуркъэ, «си анэ» жызоIэ, «мамэ» зэрыжаIэ сщIэжыркъыми, сыщыужащи... Дэ еджэн щыщIэддзагъащIэм, ди егъэджакIуэм зэпымыууэ къыджиIэрт «мамэ», «папэ» псалъэхэм нэхърэ нэхъ IэфI дунейм зэрытемытыр. Ауэ сэ апхуэдэу къысщыхъуртэкъым. Си дежкIэ а псалъэхэм нэхърэ нэхъ дыджрэ нэхъ IэфIымэ къызыкIэримыхрэ щыIэтэкъым. ИтIани, пщэдджыжь къэскIэ сыгугъэрт, сыкъызэрыушу, си напIэхэр къызэрызэтесхыу, си анэм и IэплIэм сыкъихутэну. Абы сежьэу зызудыгъуауэ сыщыхэлъ щыIэт, ауэ иужькIэ си нэхэр къызэтесхрэ зысплъыхьмэ, си анэр къысщхьэщыттэкъым, сыздэщыIэри ди унэтэкъым. Слъагъур си ныбжьэгъухэмрэ дызыщIэлъ интернат пэш цIыкIумрэт... Сытыт сщIэнур?.. Дэнэ къисхынут анэ IэфIагърэ адэ гуапагъэрэ?.. НэпцIу къыщIэкIа си гугъэхэр лъэныкъуэ изогъэзри, адрейхэми хуэдэу, сыкъотэдж, зызогъэхьэзыр. Ауэ зыми гу къыслъимытэу бампIэм сехь... Iэсият дэрэ аргуэру махуэ дгъэкIуэн хуейщ дыанэншэрэ дыадэншэу... Апхуэдэурэ гурыфIыгъуэншэу макIуэ ди сабиигъуэри ди гъащIэри. Сытым дыхуэкIуэнуми тщIэркъым... Зыгъэхьэзырар Тхьэхущынэ Ланэщ.
Поделиться:
Читать также:
20.07.2026 - 12:13 →
ЦIыхур блэи дыгъужьи мэхъуф
17.07.2026 - 14:58 →
ГушыIэ хъыбархэр
14.07.2026 - 16:23 →
Налом и псалъэгъэпсахэр
08.07.2026 - 12:00 →
Хабзэм куэд къызэщIеубыдэ
07.07.2026 - 18:39 →
Псэущхьэ гъэщIэгъуэнщ
| ||




