Лъэпкъ хъугъуэфIыгъуэхэмрэ театрымрэ

Адыгэ Республикэм гъуазджэхэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ, «Кавказфильм» киностудием и унафэщI, Шэрджэс къэрал драмэ театрым и тхьэмадэ, режиссер цIэрыIуэ ЕмкIуж Андзор ящыщщ зи IэщIагъэр япэ изыгъэщхэм, зи анэдэлъхубзэм, лъэпкъ щэнхабзэм пщIэ хуэзыщIхэм, ахэр хъума хъуным, зегъэужьыным къызэрымыкIуэу елIалIэхэм. Абы илъэс куэд щIауэ ехъулIэныгъэхэр иIэу спектаклхэр щегъэув Къэбэрдей-Балъкъэрым, Къэрэшей-Шэрджэсым, Адыгэ Республикэм. Урысейм щекIуэкI зэпеуэхэм, фестивалхэм къахощ абы и лэжьыгъэхэр. Сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, абы и дэтхэнэ спекталми и псэм щыщ Iыхьэ хелъхьэ.
Андзор и диплом лэжьыгъэу щытауэ япэу утыку кърихьа «Анэр нэм хуэдэщ» («Сердце матери», Кайтов Сергей) спектаклыр цIыхухэм ягу дыхьащ, «Мыщэ и къуэ Батыр» таурыхъым къытрищIыкIар театрми къуажэхэми 100-м щIигъурэ щалъэгъуащ, «БлэкIам къэгъазэ иIэкъым» («Ретро» , Галин Александр) спектаклыр КъБР-м и Театрым и лэжьакIуэхэм я зэгухьэныгъэм нэхъыфIу къилъытахэм ящыщ зыщ, «Хьэпэщыпхэ» (IутIыж Борис) макъамэ комедиер 2017 гъэм ягъэлъэгъуа премьерэхэм ящыщщ ноби щIэупщIэ иIэу. ЕмкIужым ди къуэш республикэхэм щигъэува «ЛъыщIэж» («Кровавая свадьба», Федерико Гарсиа Лоркэ, Мейкъуапэ), «Гуащэмыдэ и нысэ хэдэкIэ» (Хъурмэ Хъусен, Мейкъуапэ), «Гу псысэ» («Гъатхэ гукъэкIыжхэр», IутIыж Борис, Черкесск) спектаклхэри ехъулIэныгъэ зиIэт, абыхэм Налшык дызэрыщеплъари Андзорщ зи фIыгъэр.
 «Театрыр лъэпкъым и напэщ, лъэпкъ хъугъуэфIыгъуэм и хъумапIэщ. Адыгэ гупсысэкIэ, адыгэ Iуэху бгъэдыхьэкIэ, адыгэбзэ – мис ахэращ Адыгэ театрым лъабжьэ хуэхъур. ЦIыхум театрым зыщигъэпсэху къудей мыхъуу, Iэмал имыIэу дерс къызыхихын гуэр щилъагъун, щызэхилъхьэн хуейщ. ГъащIэ гугъум къыхэпшу театрым къепшэлIа цIыхум спектакль купщIэншэ е езым псэхупIэ къезымыт гугъусыгъу гуэр къызыхэщ и пащхьэ къипхьэ хъунукъым. Сыт хуэдэ жанрым ит спектаклми цIыхум фIы, щхьэпэ гуэр къыхихын хуейщ, е IэщIэщIа мыхъумыщIагъэм иригъэгупсысыжу, ар зэригъэзэкIуэжыным хуиунэтIын хуейщ. Абы и лъэныкъуэкIэ театрыр IэмалыфIщ. АбыкIэ къыдэкIуэтей щIэблэри пхуэгъэсэнущ, курыт ныбжьым итхэри гъащIэм хуэбущиифынущ, зи ныбжь хэкIуэтахэми ягу жьы дебгъэхуфынущ», – жеIэ ЕмкIужым. 
Актер IэщIагъэмрэ анэдэлъхубзэмрэ зэрызэпхам щытепсэлъыхькIэ, режиссерым жеIэ бзэр пхъумэныр актер Iэзэу ущытыным нэхърэ куэдкIэ зэрынэхъыбэр: «Утыку итыкIэм и теориеу Станиславскэм и деж къыщежьамрэ актерым и къалэнхэмрэ зищIысым дапщэрэ ухуейми тепсэлъыхь, адыгэ лъэпкъым хуэлажьэм и Iуэхур абыкIэ зэфIэкIыркъым. Режиссер ахъырзэману, зэчиишхуэ зыбгъэдэлъ актеру щрети, уи анэдэлъхубзэр пIурымылъмэ, адыгэ театрым сыткIэ урисэбэп? Бзэр - псэщ! «Сэ адыгэбзэр къызгуроIуэ, сримыпсалъэ щхьэкIэ», - жызыIэр адыгэжкъым, апхуэдэр адыгэ ныкъуэу аращ. Адыгэу укъалъхуамэ, инджылызыбзэр фIы дыдэу зэбгъэщIами, урысыбзэр езы урысхэм нэхърэ нэхъ къабзэу бгъэшэрыуэми, зэи а лъэпкъхэм ящыщ ухъуфынукъым. Нэхъ Iеижращи - уи бзэр зыIэщIэбгъэкIа - уи адыгэныр къыбоух. Абы сыт къизгъэкIыр? Ди щхьэщыгум итым цIыхуу дыкъыщигъэщIакIэ, мы щIыгум дыкъыщытригъыхьэм бзэ щхьэхуэ къыщыдитакIэ, ар тхъумэн хуейуэ къызолъытэ. Унэм лъабжьэ зэриIэм ещхьу, анэдэлъхуу адыгэм къылъыса бзэр и лъэпкъым пкъощIэсэ хуохъу», – къыхегъэщхьэхукI Андзор.
Андзор, театр Iуэхум нэмыщI, Даур Аслъэн и цIэр зезыхьэ колледжым егъэджакIуэу щолажьэ. 
- Колледжым сыщолажьэ театрым и унафэщIу сызэрагъэуврэ. ЩIэблэр хузогъасэ актер IэщIагъэм, режиссурэм, сценэм узэрыщыпсэлъэным. Мы еджапIэм япэ дыдэ сыкъэкIуауэ щытащ ди бзэр зыIурылъ ныбжьыщIэхэр къэслъыхъуэу, адыгэ театрым хэсшэн си мураду. Иджы, сэ езгъаджэуи, си лэжьэгъухэм ирагъаджэуи ирехъу, адыгэ театрым игъэув спектаклхэм я роль нэхъыщхьэхэм, гугъухэм щыджэгуу, труппэм и «лъыщIэ» хъуауэ къытхэтщ къэкIуэныфI зиIэ ныбжьыщIэхэу Шыбзыхъуэ Щэмил, Хьэкъун Кемран, Мамхэгъ Наирэ, Гундэхъу Тимур, ДыщэкI Анзор сымэ. Сыхуейт ди театрым ныбжь яIэу щылажьэхэм я нэIэ щIэту абыхэм заузэщIыну. 
Актер ныбжьыщIэу адыгэ театрым некIуалIэхэм щIэныгъэ нэхъыщхьэ зрагъэгъуэтынымкIэ, я Iэзагъым хагъэхъуэнымкIэ Iэмалу сыт яIэр? Псалъэм папщIэ, Москва е Санкт-Петербург дэт театр институтхэм щеджэну абыхэм яхэт жытIэу дыщеупщIым ,мыр къыджиIащ: «ЕджапIэм къыщIах щIэныгъэмрэ сценэм щитым деж ягъуэт зэхэщIыкIымрэ ауи зэбгъапщэ хъунукъым. Сэ ди нэхъыщIэхэм яхуэгъэзауэ жысIэну сыхуейщ я адыгэбзэмкIи, я Iуэху щIэкIэмкIи сызэрагъэгуфIэр. ФIы дыдэ хъунут зэбгрыкIыу еджэу, актерышхуэ хъуауэ къагъэзэжыну, ауэ псоми ар яхузэфIэкIынукъым щхьэусыгъуэ зэхуэмыдэхэм къыхэкIыу. Абыхэм яхэтщ еджэн папщIэ къалэ жыжьэ Iэпхъуэну хуэмеи, и хэку къыщынэжыну къыхэзыхи, мылъкукIэ а Iуэхум пэмылъэщыни. Дауи, хъарзынэт щIэныгъэ куу яIэу Москва, Санкт-Петербург къикIыжа ныбжьыщIэхэр ди адыгэ театрым щынэхъыбэну. Ар дэркIэ хуабжьу ехъулIэныгъэшхуэт. Еджэну таучэл зыщIым дэ сыт щыгъуи дыдэIэпыкъуну дыхьэзырщ, къремыкIуэт закъуэ».
Илъэс хъуа къудейуэ аращ Андзор шэрджэс театрым и унафэщIу зэрылажьэрэ. А пIалъэ кIэщIым къриубыдэу ехъулIэныгъэ куэд зыIэрагъэхьащ гупым. «Нэхъыщхьэу къызолъытэ зэгурыIуэрэ зэдэIуэжу адыгэ театрыр нобэ зэрылажьэр. Театрым иджыпсту зы цIыхуи Iуткъым мынэжэгужэу, фIэмыфIу лэжьапIэм къекIуалIэу. ЕтIуанэрауэ, адыгэ театру дыщыщыткIэ, япэу тегъэщIапIэ тщIыпхъэщ ди лъэпкъым и щэнхабзэр, и тхыдэр, и цIыху пажэхэр. Пушкинымрэ Гамзатовымрэ я Iэдакъэ къыщIэкIауэ спектакль дгъэуващ, мы гъэр Чеховым и илъэсщи, абы и тхыгъэхэм ящыщи долэжь. 
Акъ Мухьэрбэч и цIэр зезыхьэ адыгэ театрым и ехъулIэныгъэ нэхъыфI дыдэхэм ящыщщ Совет Союзым и ЛIыхъужьхэу Хьэбэч Умаррэ Къардэн Муратрэ ятеухуауэ, абхъаз тхакIуэ Шинкубэ Бэгърат и «ЖылакIэ» тхыдэ романым къытещIыкIауэ дгъэува спектакль гуузхэр. ИлъэсыщIэм теухуауэ цIыкIухэм таурыхъ яхуэдгъэхьэзырри, зи узыншагъэм сэкъат иIэ, зеиншэу къэна сабийхэр зыщIэс интернатым 2025 гъэм дыгъэгъазэм и 29-30 махуэхэм щыдгъэлъэгъуащ. Театрым и дунейпсо махуэм ехъулIэу, цIыкIухэм адыгэбзэкIэ яхуэдгъэува «Иныжьым и нэ» таурыхъри иджыблагъэ утыку къитхьащ. А псом къищынэмыщIауэ, Къэбэрдей-Балъкъэрымрэ Адыгэ Республикэмрэ къытпоплъэ ди спектаклхэр яхуэтшэну».
Андзор къызэрилъытэмкIэ, театрым щылажьэ дэтхэнэ зыми къалэн пыухыкIа ипщэ дэлъщ. Езыр, унафэщIыр, режиссерыр къапщтэмэ, нэхъыжьхэм ядилъэгъуа лъэпкъ хъугъуэфIыгъуэхэр имыгъэкIуэду, ахэр щIэблэм ябгъэдилъхьэжу театрым щолажьэ. Аращ и гупсысэр зытеухуар. «ГъащIэр щIэх дыдэ тIэщIоухэ, тхуримыкъуу. Нобэ тщIа-длэжьаращ Iэужьу къэнэнур, ягу дыкъызэрагъэкIыжынур. Сэ Iуэху щысщIэ адыгэ зэрыс щIыналъэ псори си зэхуэдэщ. Си гум, си псэм фIэфIу къыхэсха IэщIагъэм си щхьэр иризгъэпсэу къудей мыхъуу, сыкъызыхэкIа лъэпкъым сыкъызэрыхуэсэбэпыным тезухуащ си гъащIэри, лъэпкъ щэнхабзэм зиужьын папщIэ си гуащIэ сыщысхьынукъым дэнэ сыщымылажьэми. Ауэ, пэжщ, укъыщалъхуа щIыпIэр нэхъ ппэблагъэщ. Къэбэрдей-Балъкъэрым сыщыпсэуну, сыщылэжьэну нэхъ сфIэфIщ, зэман дэкIмэ, абы зэрызгъэзэжынуми шэч хэлъкъым».
 

НэщIэпыджэ Замирэ.
Поделиться:

Читать также: