ЛЕНЭ ДАХЭКIЕЙ

Мы уэрэдыр цIыхубэм фIыуэ ялъэгъуахэм ящыщщ. «Зы уэрэдым и хъыбар» теленэтыным и зи чэзу къыдэкIыгъуэхэм ящыщ зыр ар дунейм къызэрытехьам триухуауэ щытащ журналист КIунтIыщ - ХьэпцIэ Аннэ.
- Зыр адрейм  егуэкIуарэ  лъагъуныгъэр жэуапыншэмэ,  Iэмалу иIэр  сыт?!  Псори зышэч тхылъымпIэмрэ  къалэмымрэ къыбощтэри,  уи  гум  бампIэу щызэтрихьар къыботхых. Нобэ  зи гугъу  тщIыну  уэрэдри  апхуэдэу  дунейм  къытехьауэ  щытащ.  ЩIалэр  хъыджэбзым  егуэкIуат, ауэ, жэуап къыщрамытым,  тIысри, губампIэдэхыу,  итхащ мы уэрэдыр, - жиIащ журналистым. - Уэрэдыр зытхахэр  къэслъыхъуэу  щIэздзащ,  и хъыбар  жезгъэIэн  мурадкIэ. Ди  жагъуэ  зэрыхъущи,  псалъэхэр  зи IэдакъэщIэкI Бахъуэ  БетIал  къытхэтытэжкъым, ауэ  макъамэр  зей композитор Къардэн  Хьэсэн  телефонкIэ  сыпсалъэу сызыхуейр  щыжесIэм,  арэзы  хъуауэ щытащ уэрэдыр  дунейм  къытехьа зэрыхъуам  щыгъуазэ  дищIыну. 
  «ДыщыщIалэм къуажэ, къалэ куэдым драгъэблагъэу, абыхэм концертхэр  щытту,  уэрэджыIакIуэхэмрэ композиторхэмрэ  дызэгъусэу цIыхубэм  даIущIэу  щытащ, - къригъэжьащ  Къардэн Хьэсэн. - Зэгуэрым апхуэдэу Тэрч къалэ  драгъэблэгъащ. Тэрч налмэс заводыр  щылъэрыхь зэманрат  ар. А заводым  и  пэшышхуэм  цIыхур  щIэмыхуэу  къызэхуэсат.  Апхуэдиз  цIыхум  Бахъуэм  зы  хъыджэбз  тхьэIухуд  къыхилъагъукIащ. И щIалэгъуэт, и  насып  къэкIуэгъуэти, «хьэуэ»  къыжраIэну  и  пщIыхьэпIэ  къэкIыххэртэкъым.  Сытми щIоупщIэ, хъыджэбзым зэризакъуэр  къещIэ, арщхьэкIэ  къидэркъым.  Бахъуэм  жей  имыIэжу  къэнащ. Зы  махуэ  гуэрым си  деж  къокIуэри,  усэ   итхам къысхуоджэ.  А махуэ  дыдэм  стхащ макъамэри. Зэман  куэд  дэкIащ  абы  лъандэрэ, хэт  ищIэн  а  тхьэIухудым  и  насып  зэрыхъуар?!      Уэрэдыр  япэ  дыдэу  зыгъэзэщIар Къэбэрдей-Балъкъэрым  и цIыхубэ  артист  Къуныжь Хьэждалщ, нэхъ  иужьыIуэкIэ  КIуж Борис.   Нобэ  утыку  къихьэ  щIалэгъуалэми  яфIэфIу  жаIэ  мы  уэрэдыр».
***
 
 
Нарзан къабзэр зи Iуплъэгъуэ,
Нэхущ вагъуэ шыр,
Шэджэмыщхьэ и пщыхьэщхьэу,
УсфIыхохьэ пкъым.
ЩIэтщ си нэгум уи нэкIу дыгъэу
Куэдрэ къысхуепсар.
КъокI, къокI, къокI,
Мэгъагъэ розэ жылэу
Си гум щыхэпсар,
Ленэ дахэкIей,
Дахэ псом я лей.
 
Уафэм уеплъмэ, сэ къысфIощIыр
Пшэхэр зэкIэщIэкI,
ПщэдджыжькIэ си лэгъунэм
СщIыгъуу укъыщIэкI,
Уэ си гъащIэм хуэхъуи гъусэ,
Нэху щIы си дунейр,
Уэрщ, уэрщ насып зыдэзгъуэтынур,
Ленэ дахэкIей,
Дахэ псом я лей.
 
Пшагъуэр губгъуэм щыгъуэлъами,
Си нэр сфIызэпхоплъ,
Уи сурэтщ щыслъагъур дэни,
Пшынэр зи плIэрыхь,
ПщIыхьу сиIэр уэ сIыпхащи,
Сэ сиIэжкъым жей,
Уэ фи къуажэм уримазэщ,
Ленэ дахэкIей,
Дахэ псом я лей.
 
Сыпхуэхъунущ гъатхэ мазэм
Дыгъэ къуэмыхьэж,
Зи дэкIуэгъуэм зэрихабзэу,
Уи жьэгу пащхьэр хъуэж,
КъызэпшэкIри уи нур уагъэр,
Си пкъыр пщIащ мыхъей,
Уэ, уэ сыхуэшэ насып лъагъуэм,
Ленэ дахэкIей,
Дахэ псом я лей.
Тхьэхущынэ Ланэ.
Поделиться:

Читать также: