2 Iыхьэ
Сежьащ Алишир и лъыхъуакIуэ. Я деж сыкIуа щхьэкIэ, унэм щIэсу згъуэтакъым. И анэм булгур игъавэу пщIантIэм дэтти, сыщеупщIым:
- А, щIалэри?! Псым кIуащ, дзэл лъабжьэм щIэс хъунщ, - жиIэри, си жыпым булгур гъэва IэмыщIэ къысхурикIутащ.
Сэ ныджэм сыдэлъэдащ, си жыпым булгурыр къимыщэщын щхьэкIэ кIэрысIыгъэу.
Алишир, пэж дыдэу, дзэл лъабжьэм щIэст, къудамэм и фэр трилъэфу. Ар апхуэдизкIэ ищIэм тегупсысыкIати, гу къыслъитакъым сыщыбгъэдэтIысхьами. Дзапэ уэрэд къришу щыст, и зы IэмкIэ дзэл къудамэр иIыгъыу, адрейм сэжьейр IэщIэлъу. ИлъэситI ипэ и адэм къыхуищэхуат абы сэр. Псоми дигъэлъэгъуат, зыкъытхуигъэщIагъуэу. Сэм щыгъэ кIэрыщIат.
Зэгуэр абыхэм я щынэхэр гуэдзым хыхьэри, яфIэкIуэдат. Сэ ахэр къэзгъуэтыжри, яхуесхулIэжащ. Абы щыгъуэ Алишир и сэжьейм Iэ дызигъэлъауэ щытащ, фIыщIэ къысхуищIу. Уеблэмэ бдзэжьей пIащIэ цIыкIум нэхъ ещхь сэжьейм кIэрыщIа щыгъэр си Iэпэм есшэкIыну хуит сищIат. Иджы, мис, а сэ дыдэр IэщIэлъу щыст си ныбжьэгъур, и дзэпкъ дэгумкIэ къудамэм теуIуэрэ, дзапэ уэрэдыр къришу.
КъызэрызгурыIуамкIэ, накъырэ къыхибзыкIыу арат. Алишир езыр сыт хуэдэу IэпщIэлъапщIэт: ар псым есыфырт, бдзэжьеящэ Iэзэт, уеблэмэ сурэт хуэщIырт. КъищынэмыщIауэ, къуажэхь джэгуфырт. АпхуэдизкIэ упщIэ гъэщIэгъуэнхэр итырти, уи щхьэр хэунэзыхьырт гупсысэхэм.
Тэлайрэ дыщысащ апхуэдэу, дызэкIэщIэсу. УвыIэгъуэ имыIэу сэжьейм ирилажьэрт, сэ абы сежьэрт. ИкIэм-икIэжым, схуэмышэчыжу, къызжьэдэхуащ:
- Джэджьейр джэдыкIэм къыкIуэцIыкIыу аращ!
Зэхимых нэпцI зещI…
- Джэджьейр джэдыкIэм къыкIуэцIыкIыу аращ, зо! – нэхъ ину.
- Зэхэтхащ, еее! – къысщIэгубжьэри, и уэрэдым пищэжащ.
Ар иджыри зыкъомрэ теуIуащ дзэл къудамэм сэм и дзэпкъ дэгумкIэ. Зэм зэ къудамэр IэтIэлъатэ, щабэ къэхъуа нэужь, Алишир абы и фэр сэкъатыншэу фIилъэфщ, арыххэу фIикъуэжри, гъуанэ цIыкIу зыбжанэ хуищIащ. ИужькIэ, и Iупэм хуихьри, накъырэм епщащ.
- Дуууу! Дуууу! ДутI!
- Си нэкIэ слъагъуу джэдыкIафэм къикIащ джэджьейр, - сытепыIэтэкъым.
- Сыт-тIэ? – къыфIэмыIуэхуу.
- ДжэдыкIэр джэдым къикIэцIу аракъым! Джэджьейр джэдыкIэм къикIыу аращ!
- Къэгъанэ иджы. Сыту уделэ уэ!
- Си анэр и пIэ Тхьэм иримыгъэкI пцIы сыупсмэ!
КъыфIэмыIуэщэу къысхуеплъэкIри, пищащ Алишир:
- Пэжкъым, зо! Ахэр зыр адрейм къокI. Уэ езыр егупсысыт: Кыналы и джэдыкIэр щымыIатэмэ, уи джэджьеижь цIыкIур дэнэт къыздикIынур?! Джэдым къимыкIэцIмэ, джэдыкIэр дэнэ къыздипхынур?
- Адакъэхэр-щэ? – согъэщIагъуэ.
- Адакъэхэр – мыхьэнэншэщ. ФIыуэ гъаIуэ, нэгъуэщI зыми ипэрмэнкъым, - жиIэри, накъырэр къысхуигъэдэлъащ: - Мис мы накъырэм хуэдэу.
И Iупэм хуихьри, макъамэ зэщымыщхэр къригъэкIащ.
- Адакъэмрэ накъырэмрэ сыт зэхуаIуэхур, атIэ?
- КъэдаIуэ мыдэ, иджыпсту къыбгурызгъэIуэнщ: джэдыр япэщIыкIэ джэдыкIэщ, итIанэщ джэд щыхъур, абы джэдыкIэ къекIэцI, ар джэд мэхъуж. Адакъэ делэр – япэщIыкIэ джэдыкIэщ, итIанэ адакъэ мэхъу, ауэ абы зэи джэдыкIэ къикIэцIыркъым. ЛIа нэужьи лIауэ къэнэжынущ. Ауэ щыхъукIэ, зыми ипэрмэнкъым. ГурыIуэгъуэ?!
- Зыри къызгурыIуакъым! – жызоIэ.
- Дауэ мыгъуэ къыбгурыIуэн! Уи щхьэр фалъэ нэщIым хуэдэщ, - мэдыхьэшх си ныбжьэгъур.
Сэ нэхърэ нэхъыжьу щымытамэ, сыт хуэдэу сезэуэнут абы! СыIэмалыншэщ. КъызэрыптекIуэнур пщIэуэ, сыт ущIэзэуэнур? УмыпIа-а-а-щIэ! Ин сыхъункъэ зэ! Деплъынщ мис итIанэ.
Зыри пэздзыжакъым.
Сызэрыхэгупсысыхьам Алишир гу къылъитэри, пыгуфIыкIащ. Хэт ищIэрэ, къыгурыIуа хъунщ си гум илъыр. Си дамэм къытеIэбэри, жыгымкIэ и щхьэр ищIащ:
- Мес, дзэлыр къащтэ, псалъэм папщIэ! Ар япэщIыкIэ жыгыщIэщ, итIанэ жыгышхуэщ. Абы и жылэр жьым зэбгримыпхъмэ, псы хуэлIэмэ – гъуэжынущ. Абы и къудамэхэр зыгуэрым пигъэжурэ, нэгъуэщI щIыпIэхэм щыхимысэмэ, зиубгъунукъым. Хуэрыджэм еплъыт… Ари апхуэдэ?
Си ныбжьэгъур зытепсэлъыхьыр къызгурыIуэртэкъым, ауэ зыгурызгъэIуэну сыхъуапсэу седаIуэрт. - НтIэ, къэдаIуэ! Хуэрэджэр дзэлым хуэдэкъым, - пещэ. – ЯпэщIыкIэ къупкъ, итIанэ жыг, а жыгым хуэрэджэ куэдыжьу къыпокIэ. Купкъыр къыпоху, ар щIым хокIэри, жыгыщIэ къокI… Ар хохъуэ, ин мэхъу, хуэрэджэ къыпокIэ, аргуэру купкъыр поху, щIым хокIэ…
Быдэу сщIэрт: зыри къызэрызгурымыIуар жысIэмэ, къысщIэгубжьэнут. Мывэ цIыкIу къасщтэри, псыщхьэм тепкIыпкIыу сутIыпщащ, адрей Iуфэм нэсын хуэдэу.
- Абырэ джэджьейхэмрэ сыт зэхуаIуэху? – жызоIэ.
Алишир нэщхъкIэ къызэплъри, жыгым къудамэщIэ къыгуищIыкIащ.
- Джэдхэр – хуэрэджэм хуэдэщ, адакъэхэр – дзэлым ещхьщ, - жи.
- Мис абдеж къысхуебгъэлеям! – жэуап сот.
- Уи фIэщ мыхъумэ, си шынэхъыжьым еупщI, - жи. – Абы имыщIэ дунейм теткъым. Тхылъ хъушэ иIэщи, увыIэгъуэ имыIэу йоджэ. ИтIанэ сэ а псори къысхуеIуэтэж. Мы ныбжесIари аращ къызжезыIар.
- Сэри апхуэдэ шынэхъыжь сиIарэт! – сыхъуапсэу. – Псори къызгуригъэIуэнт, сымыщIэу хъуар сигъэщIэнт.
Алишир пыгуфIыкIщ, си дамащхьэм къытеIэбэри, зэщIыгъуу къуажэмкIэ дунэтIащ. Унэм дынэсыжыху, увыIэгъуэ имыIэу, ар тепсэлъыхьащ и къуэшым. Нэхъапэми сымыщIа куэдым сыщигъэгъуэзащ. Псалъэм папщIэ, цIыхухэр номинхэм къатекIауэ сщIакъым! Ар щызэхэсхам сыт хуэдэу сыкъэуIэбжьат!