«Си гум телъ IэпапIэ»

Филологие щIэныгъэхэмкIэ кандидат Къэжэр Иннэ и къалэмыпэм къыщIэкIа «Лъэпкъ балладэмрэ поэмэмрэ яIэ щхьэхуэныгъэхэр» лэжьыгъэм щызэпкърихащ ди усакIуэхэм я IэдакъэщIэкIхэр. Ар зытетхыхьахэм ящыщ зыщ ПщыукI Латмир и «Си гум телъ IэпапIэ» поэмэр.

 

«Трагизмэр ПщыукI Латмир и художественнэ дунейми хуэхамэкъым, ауэ «Си гум телъ IэпапIэ» (1997) поэмэм абы щигъуэт зыужьыкIэр щIэщыгъуэщ, гъэщIэгъуэнщи къыхэгъэщын хуейуэ къыдолъытэ. Тхыгъэр зытеухуар иджырей зэманыращ, щIалэгъуэ ныбжьыр къыхэгъэщхьэхукIауэ щытщ. ПщыукIым и лIыхъужьыр пэжым и лъыхъуакIуэ йожьэ. ЛIэщIыгъуэм и теплъэр нэхъ IупщI къыхуэзыщIыну къилъытэ Iэмалхэм усакIуэр мэлъыхъуэ. Апхуэдэхэм ящыщу абы къыхихыр сурэтхэр щагъэлъагъуэ унэм (галереем) и образырщ.

«Си гум телъ IэпапIэ» тхыгъэр зэуэ гурыIуэгъуафIэ хъухэм ящыщкъым. Ар къызыхэкIри усакIуэм и гупсысэмрэ и гурыщIэмрэ егъэлеяуэ щытыкIэ гугъу зэрызэхуаIэр арауэ къытщохъу. Поэмэм и къыщIэдзапIэр апхуэдэ щхьэхуэныгъэм и зы щапхъэу къоув: галереем щагъэлъагъуэ сурэтхэм лIыхъужьыр хэплъэн щIимыдзэ щIыкIэ, усакIуэм и гурыгъу-гурыщIэхэр япэ къощри, щхьэж и занщIэу ахэр зэбгрыкIыу къыпщохъу:

         Зы сурэт, зы IэпапIэ, зы дуней кIапэ

         ХэкIият си лIэщIыгъуэр щысIэтым си напIэр.

ПщыукIым и «галереем» щызэхуэхьэса сурэтхэр зэмылIэужьыгъуэщ. Япэ дыдэу лIыхъужьыр зыIущIэр IуэрыIуатэкIэ къаIуэтэж пасэ лъэхъэнэрщ. Псыдзэ къиуари, зэбий лъэныкъуитIыр IупщIу щыпхузэхэмыгъэкI зауэри, тхыдэм ехьэлIауэ нэхъыжьым игъэIу псалъэхэри, щIыхъей шынагъуэри – псори пщIыхь гурыIуэгъуейм хуэдэу къыщокIуэ тхыгъэм. А щIыкIэм тету поэмэм адэкIи зиужьыну къыпщохъу, ауэ а зэманыжьыр теплъэгъуэ щхьэхуэу къонэри, адэкIэ къыкIэлъыкIуэхэр (ХХ лIэщIыгъуэм ейхэр) реализмэм и хабзэхэм нэхъ пэгъунэгъуу ди нэгу къыщIегъэувэ. Пэжу жыпIэмэ, апхуэдэ «щхьэпрыпкIыныгъэ» Iэмалым усакIуэм къиIуэтэну хэт гупсысэ нэхъыщхьэр мыгурыIуэгъуащэу къегъанэ, «сурэтхэм» я зэхуакум нэмыжыIыса гуэрхэр къыдэхутэ хуэдэуи къыпщегъэхъу.         

Поэмэм нэхъ зыщызыужьыр езы усакIуэм и гурыщIэрщ, абы и гъусэу – тхыгъэм къыхигъэщхьэхукI щIыпIэм и теплъэрщ: «Къущхьэхъужьым хуэкIуэ гъуэгур / Бгъузэт./ Къущхьэхъу жьэгум хуэплъэ нэгур / Узырт». Поэмэм и кIыхьагъкIэ щIыпIэм и теплъэм мычэму зыщехъуэж. Апхуэдэу, «галерее абрагъуэр» къалэм «къыдадзауэ» тхыгъэм и щIэдзапIэм щыдолъагъу. Ауэ галереер «абрагъуэми», лIыхъужьым «и пащхьэм» деж щозагъэ, псэ зыIумытхэм пэтлъытэми, ар «мэджалэ, мэджалъэ»:

         Галерее абрагъуэр си пащхьэм щыджалэт,

         Галерее абрагъуэр си пащхьэм щыджалъэт,

         И Iэпкълъэпкъ упщIэтахуэм къежэхыу лъыкъуалэр

         Къыдадзат галереер нэхумыщым си къалэм.

«Адэжьхэм я зэIущIапIэр» – «псым щхьэщыт бжьэпэращ», абы ухуэзышэ гъуэгур лIыхъужьым и пщIантIэм, и куэбжэ «улъиям» деж къыщожьэри, къуршымкIэ кIуэцIрокI, адэкIэ – уэгум, дыгъэм хуиунэтIу. ЩIыпIэр нэхъ зэлъыIуха, нэхъ зэIубз хъуху, трагизмэм хэщIуурэ макIуэ. Мыбдежым гу зылъытапхъэращи, ижь-ижьыж лъандэрэ цIыхум къыдэгъуэгурыкIуэ трагизмэр ПщыукIым лъэныкъуэкIэ ириIуэнтIэкIыну, тригъэкIуэтыну хэтщ:

         Ныщхьэбэ думыгъэтхьэджэ,

         Ныщхьэбэ къызэрыгуэкIыу

         И гугъу дыгъэщI мо уафэм,

         Уафэм щхьэщыт мо мафIэм.

Япэ «сурэтыр» къызэригъэлъагъуэ щIыкIэр зэуэ хъуэжа зэрыхъури, Iуэхугъуэ нэхъыщхьэм и хъуэжыкIэри, щIыпIэр нэхъ зэлъыIукIуэтурэ зэрыкIуэри, къэхъункIэ хъуну узыпигъаплъэ гузэвэгъуэ мыгурыIуэгъуэр «зэрыпыудри» – псори усакIуэр трагизмэм зэрыпэщIэувэ художественнэ Iэмалщ. Тхыдэм къытхуигъэна а «дуней» нэщхъейм и хьэл нэхъыщхьэм усакIуэхэр бгъэдэкIуэт хабзэкъым. Апхуэдэ щIэкъуныгъэр зыгуэркIэ нэхъ мыхъуми, къигъэнэIуэну иужь ихьар, дызытепсэлъыхь лъэхъэнэр къапщтэмэ, ПщыукI Латмир и тхыгъэ закъуэрщ. «Си гум телъ IэпапIэр» щIэщыгъуэ зыщIри аращ».

БЕЗРЫКЪУЭ Данэ.
Поделиться:

Читать также: