Дунейм адыгэу тетыр зэрепхКъэбэрдей-Балъкъэр, Ингуш республикэхэм щIыхь зиIэ я артист, режиссер, продюсер цIэрыIуэ Хьэцей Тимур адыгэ щэнхабзэм, Урысейм и гъуазджэ IэнатIэм хэлъхьэныгъэ ин зэрыхуищIыр, лъэпкъ зэмылIэужьыгъуэхэм, къэрал зэхуэмыдэхэм я зэхуаку щэнхабзэ лъэмыж зэрыщиухуэр куэдым къащIэну хунэсащ. Абы щыхьэт техъуэ проект инщ адыгэу дунейм тет псоми Iэпэгъу яхуэхъуа «Черкес ФМ» радио гуэдзэныр. Тимур и жэрдэмкIэ къызэIуиха «Черкес ФМ» лъэпкъ радиор адыгэ дунейм Iулыдж ин щызиIэ IуэхуфIу зэфIэуващ. Уеблэмэ хамэ къэрал куэдым щикъухьа адыгэхэр нэхъри зэрипхыжу, адыгэбзэм и IэфIагъыр игъэнаIуэу, адыгэ хабзэм и купщIэр тхузэпкърихрэ лъэпкъ макъамэ дахэм дыщIигъэдэIуу ди гъащIэм щыщ Iыхьэ хъуащ. Радиом лэжьэн зэрыщIидзэрэ цIыху мин бжыгъэхэр къыдихьэхащ, къэрал куэдым къыщацIыхуащ, иджырей радиор зыхуэдэр цIыхубэм наIуэ ящищIащ. «Черкес ФМ»-м и эфирым къыщыIу уэрэдхэм нэмыщI, адыгэ хабзэм щхьэхуэу щытопсэлъыхь. Иджырей телефон зыIыгъхэр махуэ къэс йодаIуэ «Черкес ФМ»-м. Ар телефоным тет гуэдзэнщи, нэгъуэщI щIыпIэхэм адыгэ уэрэдхэр къыщыплъыхъуэу, абы зэман тебгъэкIуадэу щымыту, жэщ-махуэм и сыт хуэдэ сыхьэти къызэIухи, уи псэр игъэтыншынущ. А проектым ипкъ иткIэ, илъэс зыбжанэ хъуауэ Урысейм и къалащхьэм щокIуэкI «Черкес ФМ-м и вагъуэхэр» концерт иныр. Абы и етхуанэ зэхыхьэгъуэр иджыблагъэ Налшык къалэ, Театр щхъуантIэм щекIуэкIащ. Адыгэ щэнхабзэмрэ гъуазджэмрэ зи зэфIэкIкIэ зыгъэбей уэрэджыIакIуэхэр, къэфакIуэхэр, пшынауэхэр щызэхыхьэ мы утыкур къызэрызэрагъэпэщрэ илъэси 5 мэхъу. Ар пIалъэ кIыхькъым, а зэманым къриубыдэу «Черкес ФМ-м и вагъуэхэр» концертыр адыгэ гъуазджэм и къэхъугъэ нэхъыщхьэ хъуащ. Абы зэрешалIэ икIи зэрегъэубыд адыгэу дунейм тетыр. Гъэ къэс хамэ къэралхэм щыщ ди лъэпкъэгъу зэчиифIэхэр къыхашэ, «вагъуэщIэхэр» къытхузэIуах. Ар нэхъыжьхэм пщIэ щагъуэт, нэхъыщIэхэр щагъэгушхуэ утыкущ жыпIэмэ, ущыуэнукъым. Урысейм ис лъэпкъ зэмылIэужьыгъуэхэр гъуазджэмрэ щэнхабзэмрэ зэрызэрипхыр, зэкъуэшхэр нэхъри зэрызэкъуигъэувэр иджыри зэ наIуэ къищIащ мы пшыхьым. Концертым хэтащ адыгэ эстрадэм и вагъуэ нэхъ цIэрыIуэхэр, Кавказ Ищхъэрэм хыхьэ щIыналъэхэм я уэрэджыIакIуэхэр. Пшыхьым дунейпсо мыхьэнэ зэриIэр щIигъэбыдэу IэгуауэшхуэкIэ утыкум кърагъэблэгъащ Тыркум щыщ ди нэхъыжьыфI, уэрэджыIакIуэ, жылагъуэ лэжьакIуэ Къущхьэ Догъэн. Жу Жансурэт и уэрэдыр, Тыркум щыпсэу ди лъэпкъэгъухэм яхъумар, езы Догъэн зэхуихьэсыжахэм ящыщхэр жиIащ а пщыхьэщхьэм икIи зэкъуэшитI зэхуэныкъуар зэрыгъуэтыжам хуэдэу, ар хагъэфIыкIыу Iэгу хуеуащ. Пшыхьым хэтащ Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ щIыналъэм хыхьэ хэгъэгу псоми я цIыхубэ артист, Урысейм щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Нэхущ Чэрим, КъБР-м, Адыгейм, КъШР, Ингушым Осетие Ипщэм, Абхъазым я цIыхубэ артист Сокъур Ольгэ, Урысей Федерацэмрэ Абхъаз Республикэмрэ щIыхь зиIэ я артист, Адыгейм и цIыхубэ артист Нэхей Тамарэ, КъБР-м и цIыхубэ артист, Ингуш Республикэм щIыхь зиIэ и артист Хъыжьрокъуэ СулътIан, Къэбэрдей-Балъкъэрым, Къэрэшей-Шэрджэсым, Адыгейм щIыхь зиIэ я артист, Шэшэн Республикэм и цIыхубэ артист Апэнэс Астемыр, КъБР-м щIыхь зиIэ и артист Бэрбэч Аскэр, КъБР-м щIыхь зиIэ и артист Бэч Азэмэтрэ Ренатэрэ, КIыщхэ Ислъамрэ Каринэрэ, АР-м щIыхь зиIэ и артистхэу Теркъул Астемыррэ Иуан БетIалрэ, Нэхущ Рустам, ГъукIэ Ислъам, ТхьэкIумащIэ Аслъэн, Дау Аминэ, ГъукIэ Анатолэ, Абазэ Баринэ (Иордание), Хьэтыхъу Вадим, Шокъум Мурат, Жанкишиев Эльдар, ЦокIыл Азэмэт, Бозоркинэ Беллэ, Адыгей Республикэм щыщ «Ашэмэз» уэрэджыIакIуэ гупыр, «Кабардинка» къэрал академическэ ансамблыр, «Мэзгуащэ» къэфакIуэ гупыр, «Терские казаки» ансамблыр, Абхъазым къикIа «Гунба» гупыр. УэрэджыIакIуэхэмрэ къэфакIуэхэмрэ нэмыщI концертым хэтащ пшынауэ лъэрызехьэхэмрэ абыхэм я Iэзагъыр зыхэзылъхьэ щIалэгъуалэмрэ. Адыгэ пшынэр ягъэбзэрэбзащ Къуэдз Iэбубэчыр, Сэхъу Хьэсэн, Хьэпажэ Заудин сымэ, пшынэ макъым уафэр къигъачэу, иджырей гъэIукIэр кърагъэкIыу чэзууэ нэхъыжьхэр зэрыс утыкум къихьащ Щоджэн Алан (Сирие), Лыджыдэ Алий (КъБР), Дарокъуэ Рами (Иордание), Гырбэ Саид (Сочи) сымэ. Пшыхьыр нэфIэгуфIэу ирагъэкIуэкIащ КъБР-м щIыхь зиIэ и артист Гумэ Маринэ, УФ-м и цIыхубэ артист Березин Владимир, АР-м щIыхь зиIэ и журналист ТIэш Светланэ сымэ. Къэрал утыкур зыгъэбжьыфIэ Березиным и макъыр Театр ЩхъуантIэм щызэхэпхыну гухэхъуэт, адыгэбзэ къабзэр жьакIуэу сыт хуэдэ утыкуи изыхьэф Маринэ и макъыр гум нэсырт, лъэпкъыбзэм и къулеягъыр нэхъри зыгъэбей кIэмыргуей диалектыр игъэбзэрабзэрт ТIэш Светланэ. Концертым кърихьэлIащ Тыркум, Сирием, Иорданием, Израилым, Америкэм къикIа ди лъэпкъэгъухэр, Москва, Санкт-Петербург щыпсэууэ къэкIуэжахэр куэд хъурт. А псом къищынэмыщIауэ, Хьэцей Тимур и жэрдэмкIэ, Черкесскрэ Мейкъуапэрэ дэсхэм автобус яхухихат, жэрдэм зиIэхэр къэкIуэнуи, гупу зэрыIыгъыу къеблэгъахэри, я машинэхэмкIэ къэкIуахэри мащIэтэкъым. Краснодар, Ставрополь крайхэм, Осетие Ищхъэрэ – Аланием щыщ адыгэхэми зыкърагъэхьэлIащ. А махуэм Дунейпсо Адыгэ Хасэм и ГъэзэщIакIуэ гупым щыщхэм я зэIущIэр екIуэкIати, абы хэта псори, ДАХ-м и тхьэмадэ Сэхъурокъуэ Хьэутий я пашэу щыIащ. IуэхуфI екIуэкIым иIэ мыхьэнэр къилъытэри, ДАХ-м и ЩIыхь тхылъымрэ дамыгъэ нэхъыщхьэмрэ Сэхъурокъуэ Хьэутий яхуигъэфэщащ ди нэхъыжьыфI Къущхьэ Догъэн, Iуэхур къызэзыгъэпэща Хьэцей Тимур, илъэситху хъуауэ адыгэ концертыр езыгъэкIуэкI урыс щIалэ Березин Владимир. Хьэутий адыгэгу кIуэцIылъу къызэхуэса псоми сэлам гуапэ ярихри, жиIащ ДАХ-м и лIыкIуэу, къэрал, щIыналъэ 14-м къикIахэр къызэрыкIуар. Тхьэмадэм фIыщIэ ин хуищIащ адыгэ концерт иныр гъэ къэси къызэзыгъэпэщ Хьэцей Тимури абы къыдэIэпыкъуу къыкъуэт псоми. Къэбэрдей-Балъкъэрым щызэдэпсэу зэш лъэпкъитIым я зэхущытыкIэм наIуэ техъуэу Хьэутий и гъусэу утыку къихьа, ЦIыхум и хуитыныгъэхэр хъумэнымкIэ уполномоченнэу КъБР-м щыIэ Зумакулов Борис жиIащ нэри псэри пфIэзыхьэху адыгэ зэхыхьэшхуэр Кавказ Ищхъэрэм и курыхыу къалъытэ Къэбэрдей-Балъкъэрым къызэрыщызэрагъэпэщар гуапэ лей зэрыщыхъур, мамырыгъэмрэ зэгурыIуэныгъэмрэ щыIэнымкIэ мы Iуэхуми сэбэпынагъ къызэрыпэкIуэнур. «Черкес ФМ-м и вагъуэхэр» концертыр зэрекIуэкIа илъэситхум хабзэ хуэхъуащ «зи вагъуэр къыщIэнагъащIэ» цIэщIэ утыку къихьэныр. Ар къызэгъэпэщакIуэхэм я дежкIэ лъапIэщ, сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, проектым и гурылъ нэхъыщхьэу къежьар зэфIэкI зиIэхэр къэхутэнырщ, зи щIалэгъуэхэр тегъэгушхуэнырщ, куэдкIэ узыщыгугъ хъунухэм защIэгъэкъуэнырщ. Мы гъэм апхуэдэ пщIэр лъагъэсащ Динарт Темыркъан. Абы кIахэ диалектымкIэ жиIащ «Къызбэч» уэрэдыр. Утыкум ита дэтхэнэ зыми цIыхубэм я гукъыдэжыр къиIэту, я гум щыз ищIу, я адыгэпсэр игъэушэу уэрэд жиIащ. ЦIыхубэм фIыуэ ялъэгъуа уэрэдхэм нэмыщIи, концертым щIэуэ ятхахэр къыщыIуащ. А пщыхьэщхьэм фIыщIэ псалъэ куэд хужаIащ концертыр зыхуей хуэзэу къызэзыгъэпэща Хьэцей Тимур. Адыгэ макъамэр зигу къэкIахэми, уэрэджыIакIуэ нэхъ щIалэхэр зэзыгъэцIыхуахэми, хэгъэгу зэмылIэужьыгъуэхэм щыпсэууэ а пщыхьэщхьэм зэхуэзахэми ягу зэрыхэхъуар къыпхуэмылъытэным хуэдизщ.
Поделиться:
Читать также:
12.08.2026 - 18:53 →
Ахупс – Афыпсыпэ
10.08.2026 - 12:49 →
ЩIэныгъэм зэрызиужьым и нэщэнэу
07.08.2026 - 17:00 →
ЕджапIэ нэхъыщхьэхэм я студентхэр
24.07.2026 - 12:40 →
Чэнджэщрэ щапхъэкIэ яунэтI
21.07.2026 - 13:34 →
ЩIалэ жан
| ||




