ЛIыгъэм и макъамэ

Дунейм ехыжамэ, тхакIуэм и пщIэр зэралъытэр и гуащIэдэкIырщ. ТхакIуэм и насыпщ абы пщIэ щIыхуащIын лэжьыгъэ къызэринэкIамэ, а и IэдакъэщIэкIыр цIыхухэм къабыл ящIамэ. Апхуэдэ тхакIуэхэм ящыщщ Къэрмокъуэ Хьэмид и тхыгъэр зытриухуа Сокъур Мусэрбий.
«Игъуэ нэмысауэ, хузэфIэкIынум хуэдиз илэжьын хущIэмыхьауэ, дунейм ехыжащ Сокъур Мусэрбий Хьисэ и къуэр. Тхылъ Iув Iэджэм я уасэ Сокъур Мусэрбий и гуащIэдэкIыр зэи щыужьыхынукъым ди литературэм и тхыдэм. 
ЗэчийкIэ Тхьэр псоми яхуоупсэ - хэт нэхъыбэкIэ, хэт нэхъ мащIэкIэ. Дауи щрети, зэрагъэунэхуащи, зыгуэрым хуэмыфI хьэдрыхэ кIуэркъым. Зэчий ин дыдэкIэ Тхьэр зэтахэм ящыщащ Сокъур Мусэрбий - абы щыхьэт техъуэфынущ адыгэлI щыпкъэм и зы тхыгъэ нэхъ мыхъуми еджа дэтхэнэри. Къалэмыр IэщIэлъыху, Сокъур Мусэрбий ди нэгу щIигъэкIащ абы и псалъэм и гуащIэр зэрыиныр, и акъылыр зэрынэхур, и нэр зэрыжаныр. Сокъур Мусэрбий и япэ тхыгъэр дунейм къыщытехьа махуэм псоми хьэкъ ящыхъуауэ щытащ зи къалэмыр жан, зи гупсысэр куу цIыху ди литературэм къызэрыщIэтэджар. Дигу къэдгъэкIыжынщ «Iуащхьэмахуэ» журналым и япэ номерым Мусэрбий тридзауэ щыта «Къэбэрдей литературэм зэрызиужьам и IуэхукIэ» тхыгъэр. Куэд къигъэуIэбжьауэ щытащ а тхыгъэм. КъимыгъэуIэбжьынкIи Iэмал иIэтэ-къым: ди литературэм и тхыдэр Сокъурым ди пащхьэ кърилъхьащ абы ипэкIэ зэрамыджауэ, зэремысауэ. Мусэрбий нэгъуэщIынэкIэ  дыхи-гъэплъащ ди литературэм и тхыдэм, а тхыгъэм иужькIэ лъэпкъ литературэм и тхыдэм нэгъуэщI «теплъэ» игъуэтауэ жыпIэ хъунущ - абы и щыщIагъэхэри, и ехъулIэныгъэхэри куэдкIэ нэхъ IупщI ищIын хузэфIэкIащ Сокъур Мусэрбий. Зи цIэ къитIуа тхыгъэм иужькIэ куэд мыщIэу Сокъурым «Iуащхьэмахуэ» журналым тридзауэ щытащ «ЛIыгъэм и макъамэ» тхыгъэр - КIыщокъуэ Алим и лирикэм и гъуэгуанэр, и хьэлэмэтагъхэр, и унэтIыпIэ-гъэзапIэхэр къыщихутар. А тхыгъэми къигъэуIэбжьар мащIэкъым, ткIыбжьыIуэ къащыхъури, иригъэлеиIуэ къафIэщIри. Абы щхьэкIэ икIуэтыжакъым Мусэрбий, и гупсысэм текIакъым, къалэмыр IэщIэлъыху езым и Iуэху еплъыкIэр иIуэтэн щигъэтакъым. 
Сокъур Мусэрбий и гуащIэдэкIым и пщIэр дэкIуэтей зэпытурэ зэрыщытынум шэч къыщIытепхьэн щыIэкъым, ауэ а пщIэр зыхуэдизымрэ и мыхьэнэмрэ иджыри къэс къэлъыта, джа, къэхута зэрымыхъуари нэрылъагъущ. Литературэм и тхыдэр щаджкIэ, хабзэ зэрыхъуащи, псом япэ зи цIэ ираIуэр, жьантIэр зылъагъэсыр, тхыдэм и «бжаблэм» иратхэр усакIуэхэмрэ тхакIуэхэмрэщ, Мусэрбий щылэжьа IэнатIэм (критикэмрэ литературнэ щIэныгъэмрэ) бгъэдэтахэм я цIэр ягу къыщыкIыжыр зэзэмызэщ - псалъэм къыдэкIуэу. Къалэмыр зыIэщIэлъа цIыхум и гуащIэр къызэрылъытэн хуейр, дауи, ар щылэжьа жанрыракъым. Нэхъыщхьэр абы и гуащIэдэкIым и мыхьэнэрщ, ар усэуи, романуи, пьесэуи, критикэуи щрырети. Дэнэ IэнатIи щрелажьэ, къалэмыр зи Iэщэм и гуащIэмкIэ литературэм зы лъэбакъуэ нэхъ мыхъуми иригъэчын хузэфIэкIамэ, апхуэдэм и пщIэр бгъэкIуэд хъунукъым. 
Бгъэдэлъ Сокъур Мусэрбий апхуэдэ пщIэ? Ди литературэм лъэбакъуэщIэ иригъэчын хузэфIэкIа абы? А упщIэхэм жэуап иритыну хуитщ дэтхэнэри. Сэ къызэрыслъытэмкIэ, Сокъур Мусэрбий ди литературэм и чэзум къыщIэтэджауэ щымытамэ, ар и пIэ Iэджэрэ иу-джыхьынт, гъэзапIэ хуэхъунумрэ зыщIэкъупхъэмрэ лъыхъуэ зэпытурэ. Зи Iэпкълъэпкъыр зэрыубыдагъащIэ литературэхэм зрачын папщIэ, Сокъурым хуэдэ цIыху къащIэтэджэн хуейщ. 60 гъэхэм щыщIэдзауэ ди литературэм лъэбакъуэщIэ ичамэ, ар куэдкIэ и фIыгъэщ Сокъур Мусэрбий. Абы и пса-лъэр, щIэныгъэ куурэ гупсысэ жанкIэ гъэнщIауэ, ди литературэм щыIуа нэужь, ар тегушхуэгъуафIэ ящIыжыфакъым, литературэр хэхъуапIэрэ шхапIэрэ зыщIауэ щыта «псынщIэрытхэ» куэди хуэм-хуэмурэ кIэрыщэщы-жащ, утыкум къихьащ нобэ абы жыджэру щылажьэ тхакIуэ, усакIуэ щIэблэ гуащIафIэ. 
Нэхъ белджылыуэ жыпIэмэ, ди литературэр гъуэгуанэщIэ теуващ, зиужьын щIидзэри, лъагапIэщIэхэм ебгъэрыкIуащ. АбыкIэ фIыщIэ зыбгъэдэлъхэм ящыщщ Сокъур Мусэрбий. Ар и щхьэ трилъхьэн дэнэ къэна, и пщIыхьэпIи къыхэхуэу щытакъым Мусэрбий - апхуэдэ фIыщIэ зэрыбгъэдэлъыр, лъэпкъ литературэм лъэбакъуэщIэ ирагъэчын зыхузэфIэкIахэм ящыщ зыуэ зэрыщытыр. 
Сокъурым псом хуэмыдэжу къаруушхуэ ирихьэлIащ адыгэ усакIуэшхуэ КIыщокъуэ Алим и лирикэр джыным. Мусэрбий щIиплъыкIащ КIыщокъуэм и лирикэм зэпича гъуэгуанэ кIыхьыр. ЩIиплъыкIа къудейкъым: усакIуэм и творческэ гъуэгуанэм мыхьэнэ щызиIа дэтхэнэ усыгъэми и гъэпсыкIэмрэ и мыхьэнэмрэ игъэбелджылын хузэфIэкIащ, а гъуэгуанэм и гъэзапIэ, ублапIэ нэхъыщхьэхэр иубзыхуащ. 
КIыщокъуэ Алим и тхыгъэхэм куэдрэ тетхыхьащ Мусэрбий - и усыгъэхэри, и романхэри къызэщIиубыдэурэ зэдиджащ, зэпкърихащ абыхэм я шыфэлIыфэмрэ я мыхьэнэмрэ. Ар куэдыIуэрэ псалъэмакъ зэрищIым щхьэкIэ, Мусэрбий гукъанэ хуэзыщIи щыIащ. Гукъанэ къыхуэ-зыщIхэм псалъэ япидзыж и хабзэтэкъым Сокъурым, КIыщокъуэм и гуащIэдэкIыр иджыни къихутэни зэпигъэуртэкъым. 
Дауи, Сокъурым абыкIэ гукъанэ къыхуэзыщIахэр КIыщокъуэ Алим «пеуэхэрагъэнт»: дэ дынэхъыкIэ, дынэхъ гуащIэмащIэ?! «НэхъыкIэмрэ» «нэхъ гуащIэмащIэмрэ» зэманым зэхигъэкIащ, щхьэж къылъыс IэнатIэм щысабырыжри. КIыщокъуэ Алим хьэIупс щащIа зэманым абы дагъэкIуэнт Сокъур Мусэрбии - «гущхьэIыгъхэм» я гур апхуэдизкIэ къыхуэплъырти. НэгъуэщI щхьэусыгъуэ къыхуагъуэтурэ, Мусэрбий мащIэрэ зэхэзехуэн ящIакъым а зэманым, и лэжьыгъэ IэнатIэм къыщыIуагъэкIаи къэхъуащ - цIыхум сыт хуэдэ щхьэусыгъуэри къыхуэбгъуэтыфынущ, уи гур хуэплъмэ. 
Зэмыныбжьми, КIыщокъуэ Алимрэ Сокъур Мусэрбийрэ яку ныбжьэгъугъэ дахэ зэрыдэлъар псоми дощIэ. ШынэхъыщIэ хуэдэу къилъагъурт ди литературэм и тхьэмадэм Мусэрбий, иригушхуэрт абы хэлъ цIыхугъэ лъагэмрэ гукъабзагъэмрэ. СощIэж Алим мыр жиIауэ зэрыщытар: «Мусэрбий хуэдэ куэдрэ къалъхуркъым, ди лъэпкъым Тхьэр къыщыхуэупсэнум деж апхуэдэ цIыху къытщIегъахъуэ. Ар езы Мусэрбий ищIэжыркъым». КIыщокъуэм абыкIэ акъылэгъу дэмыхъун гъуэтыгъуейщ: ди лъэпкъым Тхьэр къызэрыхуэупса цIыху телъыджэхэм ящыщащ Сокъур Мусэрбий - и акъылкIэ, и щIэныгъэкIэ, и цIыхугъэкIэ, и къабзагъэкIэ. Абы зы махуи ирипэгакъым Мусэрбий, цIыхум захиIэтыкIауэ, и щхьэм темылъ трилъхьауэ зылъэгъуаи щыIэкъым. «Жьым щхьэ ядешх, щIэм лъакъуэ ядешх» зыхужаIэхэм ящыщащ Мусэрбий, лэжьэгъухэми ныбжьэгъухэми яхэзагъэ, я пщIэр зылъытэф цIыхуущ дунейм зэрытетар. Езым закъыхимыгъэщми, ныбжьэгъуми лэжьэгъуми ящIэрт Мусэрбий зыхэтхэм щIэныгъэкIи, акъылкIи, цIыхугъэкIи зарефIэкIыр.  
Сокъур Мусэрбий нэхъыбэм зэрацIыхур и литературэ, критикэ лэжьыгъэхэмкIэщ. Дауи, ахэращ абы и зэчийр нэхъ щызу, IупщIу нэрылъагъу щыхъуар. А тхыгъэхэм нэмыщI, Мусэрбий къызэринэкIащ гупсысэ куукIэ гъэнщIа усыгъэ телъыджэхэри. Езы Мусэрбий зэи зыкъи-лъытэжакъым усакIуэу, а цIэм щIэбэгакъым. Утыку ихьэу е и ныбжьэгъухэм щахэтым деж и усэ къеджэу щытакъым. И щхьэ трилъхьэр-тэкъым, зы усэ къаIэщIэтхыхьамэ, утыку илъадэхэм, ар зи напщIэ телъхэм, абы ирипагэхэм ящыщтэкъыми.  
Гупсысэр зэраIуатэр бзэращ. Шэч хэлъкъым: зи гупсысэр жаным и бзэри жанщ. Апхуэдащ Мусэрбий и бзэри, и гупсысэри. Ди литературэм щыгъуэтыгъуейщ абы хуэдэу адыгэбзэр зыгъэшэрыуэфа. Сокъурым и къалэмым къыщIигъэлъэфащ адыгэбзэм и кууупIэ дыдэр, абы и дэтхэнэ тхыгъэми щызыхыбощIэ ди бзэр зэрыкъулейр, дэтхэнэ псалъэри щичэзум деж къэбгъэсэбэпмэ, щIэщыгъуэ, шэрыуэ, гукъинэ зэрыпхуэщIынур. Ар хузэфIэкIащ Мусэрбий. Сокъурым и тхыгъэхэм ущытезашэ къэхъуркъым, уеджэн щIэбдзэмэ, узыIэпишэ зэпытщ - и гупсысэр зэрыжаным, зэрыкуум нэмыщI, ар зи фIыщIэр Мусэрбий и адыгэбзэ къулейрщ. 
ЛIыгъэм и макъамэ - апхуэдэцIэ фIищыгъащ Сокъурым и тхыгъэ пасэхэм ящыщ зым. Ардыдэр хуэфащэщ езы Мусэрбий и гъащIэми, и гуащIэдэкIми - лIыгъэм и макъамэ. Дунейм тетыху, лIыгъэмрэ цIыхугъэмрэщ абы гъуазэу иIар, и тхыгъэхэми къащIэIукIыр а макъамэ бза-фIэрщ».

 

Тхьэхущынэ Ланэ.
Поделиться: