Ини цIыкIуи, зыужьыныгъэ хъарзынэхэр зыIэрызыгъэхьаи е къыкIэрыхупаи иджыкIэ къахутауэ щыIэ лъэпкъхэм зыри яхэткъым зи IуэрыIуатэ зэзымыгъэпэща, ар зимыIэ, пасэхэми иужькIи ар зыубгъуауэ зи гъащIэм хэмыт. Лъэпкъым, цIыхум зыхуэмей зэи къигупсысыркъым, зэдэууэ абыхэм псоми я IуэрыIуатэ щызэхалъхьакIэ, ар зыгуэрым епхащ, Iэмалыншагъэм къыхэкIащ, къалэн зэхуэмыдэхэр игъэзащIэу къэгъуэгурыкIуащ.
Тхылъ, радио, кино, телевиденэ хуэдэхэр къызэрежьам, ахэр псоми ехьэжьауэ къагъэсэбэп зэрыхъуам IуэрыIуатэм и зэфIэкIхэр куэдкIэ нэхъ мащIэ ящI, хэбгъэзыхьмэ, лъэпкъхэм я цIыхухэр абы емылIэлIэжыххэ, хуэмеижыххэ мэхъу.
IуэрыIуатэр пасэ дыдэу къожьэ, ныбжьышхуи иIэщ. Абы и зэфIэувэныр къыгуэхыпIэ имыIэу епхащ цIыхур къызэрыхъум, абы и IитIым лэжьыгъэ зэхуэмыдэхэр ирищIэу щыщIидзэм, зэгурыIуэн, ирипсэлъэн папщIэ зэрагъэпэщ лъэпкъыбзэр къыщежьэм. Лэжьыгъэмрэ бзэмрэ языхэзыр къэмыхъугъамэ, лъэпкъ IуэрыIуатэр къежьэнкIэ Iэмал иIакъым.
Лъэпкъым и цIыхухэм IуэрыIуатэр зы жэщ-махуэм зэхалъхьэркъым, пасэм зэрагъэпэщахэм щыгугъыуи ахэр тIысыжыркъым. Ар лъэпкъым лIэщIыгъуэ IэджэкIэ щIыгъущ, ирегъэфIакIуэ, зэман пыухыкIами абы щIэуэ куэд къыхохьэ, дэтхэнэ зы лIэщIыгъуэми и зэхэщIыкIыр, и гупсысэр, Iуэху еплъыкIэ зытетыр абы хелъхьэ, къыщегъэлъагъуэ. Аращ лъэпкъ щхьэхуэм и тхыдэр, къикIуа гъуэгуанэр и IуэрыIуатэм къыхэщыжу щIэныгъэлIхэм къыщIалъытэр. Ауэ абы къикIыркъым нэхъ пасэхэм зэхалъхьа IуэрыIуатэм и тхыгъэхэр зэрыщыта дыдэм хуэдэу ди деж къэсыжу. КъыкIэлъыкIуэ лIакъуэхэр нэхъ пасэм зэхалъхьа тхыгъэхэм холэжьыхьыж, я зэманым къэунэхуа гупсысэщIэхэр халъхьэ, зэхъуэкIыныгъэ инхэр щрати куэдрэ къохъу. Апхуэдэхэм деж и пасэрей IуэрыIуатэм и тхыгъэхэр езыгъэфIакIуэр, абы хэIэзэщIыхьыжыр зы цIыхукъым, ахэр куэд мэхъу. Абы и зэранкIи, жьэкIэ зэрызекIуэм щхьэкIи а тхыгъэхэм зэхъуэкIыныгъэхэр ягъуэт, лIэужьыгъуэ зэхуэмыдэ куэд яIэныр къызыхэкIыжри, лъэпкъ псом и цIыхухэм я IэдакьэщIэкI щIэхъури арагъэнущ.
Адыгэ IуэрыIуатэм ныбжьышхуэ зэриIэм щыхьэт техъуэ куэд хыболъагъуэ Iуэхум. Гугъущэ удемыхьу а тхыгъэхэм къахэбгъуэтэнущ зэман жыжьэ дыдэхэм лъэпкъым и цIыхухэм зэрахьэу щыта мажусий диным и тхьэхэр, зэхэщIыкI, Iуэху еплъыкIэ гъэщIэгъуэн яIахэр, абыхэм яку дэлъа зэхущытыкIэхэр, зэрахьа хабзэр, яхэлъа хьэл-щэнхэр, лъэпкъ тхыдэм къихъуа Iуэху нэхъ инхэр, абы и бын пажэхэм я IуэхущIафэхэр. Адыгэ IуэрыIуатэм зи гугъу щыщIа лIэщIыгъуэхэр, ди жагъуэ зэрыхъунщи, пыухыкIауэ зэщхьэщыгъэкIакъым, ахэр абы шызэхэзэрыхьащ, ауэ а тхыгъэхэм къыщыIуэтахэм я пщIэр а щыщIэныгъэ тIэкIуми яхуэгъэлъахъшэркъым. Иджырей щIэныгъэлIхэр зыхуэныкъуэ материал гъэщIэгъуэнхэр иджыкIэ къыщыбгъуэтынур лъэпкъ IуэрыIуатэрщ, ахэр ди зэманым къихьэсыжыну зыхузэфIэкIар абы и закъуэщ.
IуэрыIуатэр зищIысым, абы и къежьэкIэ хъуам, и щытыкIэ нэсыр зэхэгъэкIыным, къэхутэным щIэныгъэлIхэр куэд щIауэ яужь ихьащ. Языныкъуэхэм къызэралъытэмкIэ, абы лъэпкъ тхыдэр зэрыщыту, пэжу къыщыгъэлъэгъуэжащ, нэгъуэщIхэм къазэрыфIэщIымкIэ, ар цIыху гупсысэм и IэдакъэщIэкI къудейщ, лъабжьэ, пыщIэныгъэ щIагъуэ гъащIэм хуиIэкъым, ещанэхэм къазэрыщыхъумкIэ, ар зы лъэпкъым и закъуэ зэхилъхьэркъым, абы хэт тхыгъэхэм къыщыIуэтахэм щIыпIэ-щIыпIэхэм къыщакIухь, лъэпкъ куэдым зэхалъхьэ. IуэрыIуатэм теухуауэ щыIэ Iуэху еплъыкIэ нэхъ пэжхэр щызэфIэувар XIX лIэщIыгъуэрщ. Ар зи IэдакъэщIэкIри а зэманым IуэрыIуатэм и мыхьэнэр къэзыхута, абы лъэныкъуэ зэхуэмыдэ куэдкIэ елэжьу щIэзыдза щIэныгъэлI хьэлэмэтхэрщ.
Абыхэм ящыщ куэдыр IуэрыIуатэм пыухыкIауэ елэжьакъым, ар я IэщIагъэуи щытакъым, ауэ IуэрыIуатэм, абы и жанр щхьэхуэхэм апхуэдиз кууагърэ пэжагърэ ящIэлъти, ахэр IуэрыIуатэджхэм зэдэууэ къащтащ, гъуазэ яхуэхъуащ, ирагъэкIуэкI лэжьыгъэхэм лъабжьэ хуащIащ.
Лъэпкъ IуэрыIуатэхэм я жанр нэхъыщхьэм - эпосым - и къежьэкIэм, ар зэфIэувэным щхьэусыгъуэ хуэхъуахэм япэ дыдэ нэхъ тэмэму тепсэлъыхьар Маркс Карлщ. И тхылъхэм ящыщ зым и хэзыгъэгъуазэм абы зэрыщитхыгъамкIэ, гъуазджэм и Iыхьэ пыухыкIахэм, псалъэм папщIэ, эпосым дежкIэ, хабзэу щытщ цIыхум и зэхэщIыкIыр щылъахъшэм къежьауэ. Ар къызыхэкIри цIыхум и гупсысэр, и зэхэщIыкIыр зэрыгъэщIэгъуэнырщ. Природэм и щытыкIэр, къыщыхъу-къыщыщIэхэр, абыхэм я хэкIыпIэхэр цIыхум къыщыгурымыIуэм, къарукIэ абыхэм щапэмылъэщым, зыри щахуемымыщIэм, ар ерыщу яужь итщ акъылкIэ, гупсысэкIэ абы зэрытекIуэным, жыIэдаIуэ ар зэрищIыным. Мис апхуэдэ зэманырщ псори зыхузэфIэкI, къикIуэт, шынэ зымыщIэ лIыхъужь ин дыдэхэр - Прометей, Ахиллес, Сосрыкъуэ, Бэдынокъуэ хуэдэхэр - цIыху гупсысэм къыщигъэщIыр, апхуэдэхэр щызэхалъхьэр. Природэм и къэхъукъащIэхэм къарукIэ, IэкIэ пэмылъэщ щхьэкIэ, ар цIыхум и хъуэпсапIэщ, апхуэдэ текIуэныгъэхэм хуопабгъэ, а псом пэлъэщ лIыхъужьхэр, гъащIэм хэмыт, щимылъагъу щхьэкIэ, щIызэригъэпэщри аращ. Апхуэдэ гупсысэхэм цIыхухэм я тхыдэм мыхьэнэшхуэ щаIащ - абыхэм ахэр ягъэгушхуэрт, я къарур я фIэщ хъуным щIапIыкIырт, абыхэм зэрапэлъэщын Iэмал, Iэщэ хуэдэхэр IэмалыншагъэкIэ къаригъэхутэрт.
IуэрыIуатэр цIыху гъащIэр къэзыгъэлъэгъуэж, цIыху къызэрыгуэкIым и зэш тезыгьэу къудейуэ щыткъым. Лъэпкъым и цIыхухэр гъэсэн, хьэл-щэн нэсхэр абыхэм яхэпщэн и лъэныкъуэкIэ IуэрыIуатэм зэфIэкIышхуэхэр иIэщ. Апхуэдэ къалэн инхэр ищIэн хуейуэ IуэрыIуатэм и пщэ къызэрыдэхуэм, зэрыдэлъым щIэныгъэлI щхьэхуэхэм куэд щIауэ гу лъатащ. Абыхэм ящыщ зыщ нэмыцэ еджагъэшхуэ Энгельс Ф. «Нэмыцэ народ тхылъхэм» абы зэрыщитхыжыгъамкIэ, «лэжьыгъэм тезэша мэкъумэшыщIэм и зэш трагъэуныр, къызыпэрыкIыжа IэнатIэ хьэлъэр пIалъэкIэ щагъэгъупщэным къыдэкIуэу лъэпкъ IуэрыIуатэм и тхыгъэхэм я къалэнщ, абы и нравственнэ зэхэщIыкIыр къэгъэушыныр, езым и къарур, и щхьэхуитыныгъэр, хэкум хуиIэн хуей лъагъуныгъэр къыгуригъэIуэныр». ЛэжьакIуэм и пащхьэм апхуэдэ къалэнхэр щызымыгъэзэщIэфыну IуэрыIуатэ тхыгъэхэр къыдэгъэкIыжын хуейкъым, абы къызэрилъытэмкIэ, «народ тхылъыр а зэманым екIуу щытын хуейщ».