Адыгэ лъэпкъхэр 19-нэ лIэщIыгъуэм и пэщIэдзэхэм IэнатIэ хьэлъэ Iутащ. Урысейм и жьауэм нэхъ пасэу Къэбэрдейр щIагъэувэныр яхузэфIэкIами, адрей адыгэ, дагъыстэн, шэшэн лъэпкъхэм я бэнэныгъэр и гуащIэгъуэу екIуэкIырт. Зауэ-банэ мыухыж зэрыхэтым, нэгъуэщI къэралхэм пыщIэныгъэ щIагъуэ зэрыхуамыIам я зэранкIэ абыхэм я псэукIэм, щIэныгъэм, литературэм зрагъэужьыну хущIыхьэгъуи дэрэжэгъуи ягъуэтакъым. Ауэ сыт хуэдэ гугъуехьрэ бэлыхьрэ хэмытами, адыгэхэм я гупэр щIэныгъэм зэрыхуагъэзам и щыхьэту, ар зыIэрызыгъэхьэфа цIыху зырызхэр абыхэм къахокI, пщIэрэ щIыхьрэ иужькIэ къахуэзыхь творческэ лэжьыгъэ хьэлэмэтхэр я Iэдакъэ къыщIокI.
ЩIэныгъэм и хэкIыпIэ нэхъыщхьэу а илъэсхэм адыгэхэм яIар къуажэ къэс дэта муслъымэн еджапIэ цIыкIухэмрэ щIэныгъэ щIагъуэ къыщIамыхми, анэмэт еджапIэ закъуэтIакъуэу урысхэм къыхузэрагъэпэщахэмрэт. ЩIалэгъуалэм а тIуми щызрагъэгъуэт щIэныгъэм уздынигъэсын щымыIэми, зи насып къикIыу абы щIэхуэхэм, щеджэхэм къахэкIырт зэфIэкI гуэрхэр Тхьэм къызыбгъэдилъхьа акъылыфIэ зырызхэр. ЩIэныгъэм лъагъуныгъэ зэрыхуащIам и фIыгъэкIэ ахэр езыр-езыру еджэжырт, я щIэныгъэм хагъахъуэрт. Апхуэдэхэм гукъэкI ящI, къагурыIуэу хуожьэ нэгъуэщIхэм я деж къыщащIа, зэманыфI щIауэ къагъэсэбэп тхыбзэр я лъэпкъхэми яIэмэ зэрынэхъыфIыр, къазэрыщхьэпэнур. Абы щыгъуэ, языныкъуэхэм зэращIым ещхьу, еджапIэ щхьэхуэ къызэIуахыу езыхэр зыщыгъуазэ хьэрыпыбзэр е урысыбзэр абыхэми яхуегъэджынут. Ауэ лъэпкъ щIэныгъэр, хамэбзэ мыхъуу, нэгъуэщI гъуэгу тегъэувэн, Iэмалхэр къэгупсысын зэрыхуейр абыхэм къазэрыгурыIуарщ япэ адыгэ щIэныгъэлIхэм я пщIэр пхужымыIэну зыIэтыр, я щIыхьыр зыгъэлъагэр.
Я анэдэлъхубзэм тхыбзэ хузэхэлъхьэным лъабжьэ хуащIыр езыхэр зыщыгъуазэ бзэм и алфавитырщ. Лъэпкъыбзэм хэт макъ къэсыхукIэ щIэуэ хьэрф къыхуагупсыс нэхърэ нэхъ тэмэму абыхэм къалъытащ адрей лъэпкъхэм къадэгъуэгурыкIуэ тхыбзэхэм я хьэрфхэр къагъэсэбэпыныр, анэдэлъхубзэр абы ирагъэзэгъэныр. Абыхэм я лэжьыгъэу, Iэрытхыу ди деж къэсыжахэр щыхьэт тохъуэ зи гугъу тщIым. А бзэхэмрэ адыгэбзэмрэ макъыу яIэм и бжыгъэр зэрызэхуэмыдизым къыхэкIкIэ, абы елэжьынри тынштэкъым. Гугъу дехьами, я щхьэкIэ хьэрфыщIэ зыбжанэ къагупсысын хуей хъуами, лъэпкъ щIэныгъэлIхэм а бзитIми я алфавитым анэдэлъхубзэм и макъхэр къызыхуэтыншэу ирагъэзагъэ, езыхэми къагъэсэбэпуи, сабийхэми ар ирагъэджуи щIадзэ. А алфавитхэм нэхъыфIыр, анэдэлъхубзэм нэхъ къезэгъыр а зэманым нэсу зэхэбгъэкIынми гугъуехь куэд пыщIат, ауэ пасэрей лъэпкъ щIэныгъэлIхэм я дежкIэ нэхъыщхьэр анэдэлъхубзэм тхыбзэ хузэгъэпэщынырт, ар лъэпкъым и цIыхухэм къагъэсэбэпу щIегъэдзэнырт.
Хуэбгъэфащэ зэрыхъунумкIэ, абыхэм пасэу къагурыIуат лъэпкъ еджапIэр анэдэлъхубзэм тещIыхьын, къэхъу щIэблэщIэм абыкIэ щIэныгъэ етын зэрыхуейр, адыгэ щэнхабзэм, литературэм я зыужьыныгъэр къыгуэхыпIэ имыIэу абы зэрепхар. Я мурад лъагэхэр гъащIэм хапщэн яхузэфIэмыкIами, абыхэм тэмэму къахутат лъэпкъ щIэныгъэр Iэмал имыIэу зытеувэн хуей гъуэгу пэжыр. Сыт хуэдизу зэманыр мыхьэлъэми, езыхэр зэрымыщIэу, зэпыщIэныгъэ щIагъуэ яку дэмылъу щытами, зэгурыIуа хуэдэ, 19-нэ лIэщIыгъуэм и пэщIэдзэхэм адыгэ щIэныгъэлI зыкъом яужь йохьэ анэдэлъхубзэм тхыбзэ хузэхалъхьэну. Къалэн нэхъыщхьэуи абыхэм зыхуагъэувыжар лъэпкъым и цIыхухэр зыхэт кIыфIыгъэм къыхэшынырщ, я щэнхабзэмрэ литературэмрэ зэфIэгъэувэнырщ. А Iуэху щхьэпэм гукъэкI зыщIу япэ еувэлIахэм ящыщщ Нэгумэ Шорэ, ЩэрэлIокъуэ Нэутокъуэ, Грацилевскэр, Люлье Леонтий, Бырсей Умар, Къуэдзокъуэ Лэкъумэн сымэ.
Нэгумэм пасэу къыгуроIуэ и лъэпкъым лIэщIыгъуэкIэрэ къыдэгъуэгурыкIуэ IуэрыIуатэм цIыхубэ гъащIэм щIыпIэшхуэ зэрыщиубыдыр, егъэлеиныгъэ инхэр хэлъми, къыдалъхуахэм я псэукIэр, я гурыгъу-гурыщIэхэр, хъуэпсапIэхэр абы къызэрыщыгъэлъэгъуэжар. Езым зэритхыжыгъамкIэ, абы ар пасэу зэхуихьэсу щIедзэ, тхылъ щхьэхуэу къыдигъэкIынуи и мурадащ, ар игъэзэщIэным хунэмысами. ЩIэныгъэлIым итхыжахэм ящыщу мащIэщ ди деж къэсыжар, псори зэхэту ар зэрыхъур уэрэд пщыкIубгъу къудейщ, ауэ абыхэм я мыхьэнэр пхужымыIэну инщ. Абыхэм я пщIэр нэхъыбэуи зыIэтыр ахэр зэрызекIуэ бзэмкIэ зэрытхыжахэрщ, и зэманым ахэр зэрагъэзащIэу щытар къызэрызэтригъэнарщ, нэхъыщхьэжращи, абыхэм языныкъуэхэр иджырей IуэрыIуатэм хэту ди деж къызэрымысыжарщ.
Дэтхэнэ япэ лъэпкъ щIэныгъэлIми куэд ищIэн, Iуэху зэхуэмыдэ Iэджэ илэжьын хуей мэхъу. Нэгумэми пасэу гу лъетэ анэдэлъхубзэм и мызакъуэу, и лъэпкъым и тхыдэри зэфIэувауэ зэрыщымыIэм, IуэрыIуатэкIэ мыхъуу, ари тхыгъэкIэ зэгъэпэщыжын, лъэпкъым и цIыхухэр абыи щыгъуазэ щIын зэрыхуейр. Къигъэсэбэпын зэрыщымыIэм къыхэкIкIэ, гугъуехьышхуэхэр пылъу, и лъэпкъым и тхыдэр абы къыщегъуэт адыгэ IуэрыIуатэм, и хэкум, къыдалъхуахэм ятеухуауэ нэгъуэщI лъэпкъхэм я лIыкIуэхэм, еджагъэшхуэхэм ятхахэм. Ахэр тегъэщIапIэ ещIри, абы етх «Адыгэ народым и тхыдэ» лэжьыгъэ цIэрыIуэр.
Ар дунейм къызэрытехьэу псалъэ гуапэ абы хужаIащ урыс тхыдэтх цIэрыIуэхэм, и мыхьэнэр къалъытэри, ар нэмыцэбзэкIэ зэрадзэкIри, Германием къыщыдагъэкIыгъащ. Урыс тхыдэ щIэныгъэм и Iуэху еплъыкIэхэм тету зэхэлъхьа а лэжьыгъэ гъуэзэджэм япэу щыубзыхуащ адыгэ лъэпкъым къикIуа гъуэгуанэ хьэлъэр, ар къызытехъукIар, и гъащIэм къыщыхъуа Iуэхугъуэ нэхъыщхьэхэр, и щхьэхуитыныгъэм папщIэ иригъэкIуэкIа бэнэныгъэр, и псэукIар, хьэл-щэн хэлъа хьэлэмэтхэр.
КъызэрыдэкIрэ илъэсищэрэ ныкъуэм фIэкIа пэтми, а лэжьыгъэ гъуэзэджэм и пщIэр нобэр къыздэсым къэлъэхъшакъым, ар иджыри адыгэ щIэныгъэлIхэм къагъэсэбэп, лъэпкъым и цIыхухэм абы щымыгъуазэ куэд яхэткъым. Япэ адыгэ узэщIакIуэхэм я пщIэр зыIэтыр, лъэпкъ зыужьыныгъэм хэлъхьэныгъэ телъыджэ хуащIар зыщылъагъупхъэр абыхэм лъэпкъ тхыбзэм и мызакъуэу къыдалъхуахэм я гъащIэр, псэукIэр, гурылъ-гурыщIэхэр анэдэлъхубзэкIэ, тхыгъэ псалъэкIэ къэгъэлъэгъуэн зэрыхуейр пасэу къазэрыгурыIуарщ. Аращ абыхэм псоми художественнэ псалъэр Iэпэгъу щIащIыр, лъэпкъ гъащIэ гъуэгур, абы и щытыкIэ нэсыр зэфIагъэувэжыну яужь щIихьэр.
Апхуэдэ гурыщIэ къабзэхэр зи гум япэу къыщыуша, бгырыс лъэпкъхэм къахэкIа щIэныгъэлI щэджащэхэм ящыщ зыщ адыгэ лъэпкъым и тхыдэм щIыпIэ ин дыдэ щызыубыд Нэгумэ Шорэ.
И лъэпкъыр псэзэпылъхьэпIэм щита, и щхьэхуитыныгъэм папщIэ бэнэныгъэ ерыщ щригъэкIуэкIа илъэс шынагъуэхэм япэу абы къыгурыIуащ къыдалъхуахэр зыхэт кIыфIыгъэ хьэлъэм къыхэзышынри, дэкъузэныгъэ ткIийр щхьэщызыхынри, къулейсызыгъэр щызыгъэпсынщIэнри, къэкIуэну и псэукIэр езыгъэфIэкIуэнри щIэныгъэр арауэ зэрыщытыр. Апхуэдэ зэхэщIыкI пэжыр пасэу гъуазэ зыхуэхъуа адыгэ щIалэр и зэмани, и къаруи еблэжыркъым, мурад лъагэ ищIахэр гъэзэщIэным и гъащIэр треухуэ, ар зэрыщыту абы щIет.
Лъэпкъ щIэныгъэм и япэ лъэбакъуэу зэрыщытыр къыгуроIуэри, абы гугъуехьищэхэр пылъу, и анэдэлъхубзэм тхыбзэ хузэхелъхьэ, абы и алыфбейр, и грамматикэмрэ урыс-адыгэ псалъалъэмрэ егъэхьэзыр, лъэпкъ щIалэгъуалэм щIэныгъэ щызрагъэгъуэтын еджапIэ къызэIуихыну иужь йохьэ. И сабиигъуэм къыщыщIэдзауэ зи лъэпкъ IуэрыIуатэм итхьэкъуа щIалэм ар пасэу зэхуихьэсу щIедзэ, зэрызекIуэ бзэмкIэ етх, ахэр къыдигъэкIыну мурад ещI. IуэрыIуатэм куууэ щыгъуазэ зыхуэзыщIа Нэгумэм занщIэу гу лъетэ и лъэпкъым къыдэгъуэгурыкIуэ уэрэдыжьхэмрэ таурыхъхэмрэ адыгэхэм я гъащIэм къыщыхъуа Iуэху нэхъыщхьэхэр къызэрыхэщыжым, къыдалъхуахэм къакIуа гъуэгуанэр абыхэм, сыт хуэдиз егъэлеиныгъэхэр хэмылъми, пэжу къызэрызэтрагъэнам.
Адыгэ IуэрыIуатэмрэ и лъэпкъым теухуауэ нэгъуэщIхэм ятхахэмрэ лъабжьэ хуищIри, абы япэ дыдэ и лъэпкъым и гъащIэ гъуэгур щызэфIигъэувэжащ и тхылъым. Лъэпкъ щIэныгъэр къызэригъэпэщыным и мызакъуэу, Нэгумэр усакIуэшхуэуи щытащ. И художественнэ тхыгъэхэр ди деж къэмысыжами, къыщIэна лэжьыгъэхэр, иджыкIэ дызыщыгъуазэ и усэ закъуэр, и ныбжьэгъу-цIыхугъэхэм ятхыжахэр наIуэу щыхьэт тохъуэ ар тхакIуэуи зэрыщытам. ЩIэныгъэлI псоми зэдэарэзыуэ зэрыжаIэмкIэ, Нэгумэ Шорэщ адыгэ литературэр къежьэныр зи фIыгъэр, абы и лъабжьэр зыгъэтIылъар.