Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм и Унафэ

2024 гъэм Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм зи школ кIуэгъуэ мыхъуахэр еджэным хэгъэзэгъэнымкIэ программэр щызыгъэзащIэ къэрал, муниципальнэ еджапIэ IуэхущIапIэхэм сабийхэм зэрыщакIэлъыплъым икIи зэрыщызэрахьэм адэ-анэхэм щIат пщIэр зыщхьэдэх мыхъуну мардэр гъэувыным и IуэхукIэ
 Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм и Унафэ
2023 гъэм дыгъэгъазэм и 22-м Налшык къалэ №278-ПП

«Урысей Федерацэм егъэджэныгъэр зэрыщыгъэувам и IуэхукIэ Федеральнэ закон №273-ФЗ-уэ 2012 гъэм дыгъэгъазэм и 29-м къыдэкIам и 65-нэ статьям и 4-нэ Iыхьэм, «Егъэджэныгъэм и IуэхукIэ» Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Закон №23-РЗ-уэ 2014 гъэм мэлыжьыхьым и 24-м къыдэкIам и 5-нэ статьям и 17-нэ пунктым япкъ иткIэ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм унафэ ещI:
1. Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм зи школ кIуэгъуэ мыхъуахэр еджэным хэгъэзэгъэнымкIэ программэр щагъэзащIэ къэрал, муниципальнэ еджапIэ IуэхущIапIэхэм сабийхэм зэрыщакIэлъыплъым икIи ахэр зэрыщызэрахьэм адэ-анэхэм щIат пщIэр зыхуэдиз мыхъуну мардэр 2024 гъэм гъэувын мы унафэм и гуэдзэным зэрыщыгъэбелджылам тету.
2. Муниципальнэ районхэм щIыпIэ самоуправленэмкIэ я органхэм яхуэгъэлъэгъуэн зи школ кIуэгъуэ мыхъуахэр еджэным хэзыгъэзагъэ муниципальнэ еджапIэ IуэхущIапIэхэм сабийхэм зэрыщакIэлъыплъым икIи ахэр зэрыщызэрахьэм адэ-анэхэм щIат пщIэр зыхуэдизыр зы илъэсым зэ мы унафэм къыщыгъэлъэгъуа пщалъэм къитIасэу ягъэувыну.
3. Мы унафэр гъэзэщIа зэрыхъум кIэлъыплъыну пщэрылъ щыщIын Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм и УнафэщIым и къуэдзэ Хъубий М.Б.
 

2023 гъэм дыгъэгъазэм и 22-м Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм
 и Правительствэм къыдигъэкIа унафэ 278-ПП-м и гуэдзэн

 

 2024 гъэм Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм зи школ кIуэгъуэ мыхъуахэр еджэным хэгъэзэгъэным теухуа программэр щызыгъэзащIэ къэрал, муниципальнэ еджапIэ IуэхущIапIэхэм сабийхэм зэрыщакIэлъыплъым икIи ахэр зэрыщызэрахьэм адэ-анэхэм щIатыр
 

Зыщхьэдэх мыхъуну мардэхэр
№  Муниципальнэ щIыналъэр, къалэ округым зэреджэр  Адэ-анэхэм зы мазэм нэхъыбэ дыдэу щIатыр

1. Бахъсэн муниципальнэ район                                                  1300
2. Дзэлыкъуэ муниципальнэ район                                               1367
3. Лэскэн муниципальнэ район                                                      1367
4. Май муниципальнэ район                                                           1025
5. Прохладнэ муниципальнэ район                                                1025
6.Тэрч муниципальнэ район                                                            1093
7. Аруан муниципальнэ район                                                         1777
8. Шэджэм муниципальнэ район                                                     1367
9. Шэрэдж муниципальнэ район                                                     1204
10. Iуащхьэмахуэ муниципальнэ район                                          1093
11. Налшык къалэ округ                                                                    1503
12. Бахъсэн къалэ округ                                                                     1503
13. Прохладнэ къалэ округ                                                              1200
 

Чэф зыгъуэта, афиянхэр е нэгъуэщI щхъухьхэр зэзыхьэлIэу зи щхьэхэр абыхэм ягъэунэза цIыхухэм ядэIэпыкъуныр къызэгъэпэщыным хуэунэтIауэ лэжьыпхъэхэм я IуэхукIэ
 Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм и Унафэ
2023 гъэм дыгъэгъазэм и 22-м Налшык къалэ №276-ПП

«Урысей Федерацэм и щIыналъэхэм цIыхубэ властыр зэрыщызэтраухуэну хабзэ нэхъыщхьэхэм я IуэхукIэ» Федеральнэ закон №414-ФЗ-уэ 2021 гъэм дыгъэгъазэм и 21-м къыдэкIам и 44-нэ статьям и 1-нэ Iыхьэм и 47-нэ пунктым, «ЦIыхухэм я узыншагъэр хъумэныр къызэгъэпэщыным и IуэхукIэ» Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Закон №15-РЗ-уэ 2017 гъэм накъыгъэм и 17-м къыдэкIам и 2-1-нэ статьяхэм япкъ иткIэ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм унафэ ещI:
1. Чэф зыгъуэта, наркотик е нэгъуэщI щхъухьхэр зэзыхьэлIахэу зи щхьэхэр абыхэм ягъэунэза цIыхухэм ядэIэпыкъунымкIэ лэжьыпхъэхэр зэфIэзыгъэкIыну органу Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм Узыншагъэр хъумэнымкIэ и министерствэр гъэувын.
2. 2024 гъэм щIышылэм и 31-р къэсыху Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм Узыншагъэр хъумэнымкIэ и министерствэм:
а) чэф зыгъуэта, наркотик е нэгъуэщI щхъухьхэр зэзыхьэлIахэу медицинэ дэIэпыкъуныгъэ хуэмыныкъуэ цIыхухэм ядэIэпыкъуным хухаха IэнатIэхэм я къалэнхэр зыгъэзэщIэну къэрал IуэхущIапIэхэр зыхуэдэр иубзыхун хуейщ;
б) мы пунктым и «а» пункт къуэдзэм къыщыгъэлъэгъуа IуэхущIапIэхэм я уставхэм зэхъуэкIыныгъэхэр ягъэува хабзэм тету халъхьэныр къызэригъэпэщын хуейщ.
3. Мы унафэр гъэзэщIэныр Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм и УнафэщIым и къуэдзэ Хъубий М. Б. и пщэ дэлъхьэн.
 

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм 2006 гъэм щэкIуэгъуэм и 2-м къыдигъэкIа

унафэ №1092-ПП-м и 2-нэ пунктым къару имыIэжу къэлъытэным и IуэхукIэ
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм и Унафэ
2023 гъэм дыгъэгъазэм и 25-м Налшык къалэ №282-ПП

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм унафэ ещI:
1. Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм «Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Лъэпкъ музей» щэнхабзэмкIэ къэрал IуэхущIапIэр къызэгъэпэщыным и IуэхукIэ» 2006 гъэм щэкIуэгъуэм и 2-м къыдигъэкIа унафэ №292-ПП-м и 2-нэ пунктым къару имыIэжу къэлъытэн.
2. Мы унафэм къару егъуэт 2024 гъэм щIышылэм и 1-м щегъэжьауэ.
 

 

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм и УнафэщI Мусуков Алий.
Поделиться: