Календарь событий

20 октября 2022

Мэзытхьэм и пхъур

Си щIалэгъуэрэ си фыз къэшэгъуэ дахэу ныбжьэгъу гуп си гъусэу, деуэри, хьэжэбажащэ дыкIуат. ДыщакIуэу мэзым дыздыщIэтым, сыкIэрахъуэри си гъусэхэр сфIэкIуэдащ. Ахэр, къэслъыхъуэжу къыздэскIухьым, сыплъэри зы бажэ ахъырзэман и гъуэм къипщарэ памэу къикIухьу солъагъу. Си фочыр къэзгъапкIэри, тезгъэпса щхьэкIэ, уакъым. «Мы игъащIэм убзэщхъу зи мыхабзэр щхьэ убзэщхъуауэ пIэрэ?» – жысIэри аргуэру къыщызгъапкIэм, си пыIэр зыгуэрым сщхьэрихащ. Сыдэплъеймэ – и анэ къызэрилъхуам хуэдэу пцIанабзэу зы хъыджэбз жыгым къытесщи:
 – Уемыуэ, – жи абы. – Ар си дэлъхущ.

Нобэ

Статистикэм и дунейпсо махуэщ
ПщафIэхэм я дунейпсо махуэщ
Авиадиспетчерым и дунейпсо махуэщ
Кредит зэгухьэныгъэхэм я дунейпсо махуэщ
ЦIыхум и къупщхьэхэр зэблэзыш узыфэм пэщIэтыным и дунейпсо махуэщ
Урысейм и дзэ связистым и махуэщ
Сербием щагъэлъапIэ Белград къалэр хуит къыщащIыжа махуэр.
1944 гъэм советыдзэхэмрэ Югославием и партизанхэмрэ Белград къалэр нэмыцэ зэрыпхъуакIуэхэм къыIэщIагъэкIыжащ.

ТхакIуэ ухъуну тыншыбзэщ

Чехов Антон 1884 - 1885 гъэхэм итхауэ хуагъэфащэ нобэ зи пычыгъуэ фи пащхьэ итлъхьэ тхыгъэр: «Тхэн щIэзыдзагъащIэхэр зыхуэсакъыпхъэ хабзэхэр». 

ГъащIэ купщIафIэ

Филологие щIэныгъэхэмкIэ доктор, профессор, къэбэрдей тхакIуэ, егъэджагъэшхуэ Къардэн Бубэ Мацыкъ и къуэр къызэралъхурэ мы махуэхэм илъэси I05-рэ ирокъу. 

Кулиев Къайсын и IэдакъэщIэкIхэр щызэхуэхьэсауэ

Котляровхэ Викторрэ Мариерэ я тхылъ тедзапIэм иджыблагъэ къыщыдэкIащ усакIуэ цIэрыIуэ Кулиев Къайсын и IэдакъэщIэкIхэр зэрыт тхылъыщIэ. 

Удз гъэгъахэм я бзэр

Iэрамэр къыщежьар

ПщIэр и гуащIэм къыпэкIуащ

Къэбэрдей-Балъкъэр АССР-м и Урожайнэ къуажэм 1939 гъэм сентябрым и 10-м къыщалъхуащ парт лэжьакIуэ, Урысей Федерацэм и Къэрал Думэм и етIуанэ, ещанэ зэхуэшэсыгъуэхэм я депутат Сэхъу Владимир Къасболэт и къуэр. 

Зэкъуэшхэм я бэрэбанэ еуэкIэр зэхуэдэтэкъым

Лъэпкъым, цIыхум уиIэтын щхьэкIэ сыт узыхуейр?! СызэригугъэмкIэ, зэчиймрэ абы цIэрыIуэ узэрищIым «уимыгъэундэрэщхъуэнымрэщ». Ар къызэхъулIэрщ гъуазджэм и лъагапIэм нэсыр. Апхуэдэ гупсысэм тетахэщ ГИТИС-р 1940 гъэм къэзыуха зэщхьэгъусэхэу Ало ЛутIэрэ Хьэжгуащэрэ.

Спорт лIэужьыгъуэр къощIэрэщIэж

Аруан районым щекIуэкIащ картингымкIэ республикэпсо зэхьэзэхуэхэр.