Календарь событий

30 октября 2022

Семэн Жаннэ: Ди къалэн нэхъыщхьэр хэкум дыхуэсэбэпынырщ

Ди газетымкIэ хъыбар зэры­вэд­гъэщIащи, иджыблагъэ Адыгей Республикэм къыщызэрагъэпэщащ «Дохутырхэм я хасэ» щIыналъэ жылагъуэ зэгухьэныгъэ. Хасэм щылэжьэнущ сыма­джэщ­хэм, институтхэм щыIэ дохутыр лъэрызехьэхэр.

И адыгэбзэм малъхъэдису узэщIешэ

Япэ дыдэу Къармэ Iэсят и усэхэр зэуIуу, зы газет напэкIуэцI иубыду «Адыгэ псалъэм» къыщытехуам, си Iупэр зэтемыхьэу сыщыгуфIыкIыу, зы мылъкушхуэ гуэр къысхэхъуауэ къыс­фIэщIу, дамэ стетамэ сылъэтэным хуэдэу, сыкъызэщIиIэтэу седжащ, пхуэ­мыIуэтэщIыным хуэдэу гухэхъуэгъуэ ини згъуэтащ.

ПщыукI Хьэсэн и хъыбар

Зы пщэдджыжь гуэрым губ­гъуэм шууэ ситу, шыгу зэщIэщIа ису Пщы­укI Хьэсэн сыIуощIэ: 
- Уа, гъуэгужь апщий, тхьэмадэ ­махуэ! 
- Уа, дызэдежьэ апщий, шынэхъыщIэ! - сигъэгушхуэу жэуап ­къы­зетыж. ЗекIуэлI хабзэу шу дэ­гъазэри согъэзащIэ.
Хьэсэн илъэс 90-м нэблэгъат. Къулъ­къужын къуажэ кIыхьым ­шитI зыщIэщIа шыгу зыми зэри­-хуэжтэкъым Хьэсэн фIэкIа. Пщэд­джыжь­кIэрэ жьыуэ шыхэм ­шуудз яхупиупщIырти, яхуишэрт. 

ТхакIуэхэр зочэнджэщ

Иджыблагъэ Ставрополь щIыналъэм ще­кIуэкIащ Кавказ Ищхъэрэм и уса­кIуэ­хэмрэ тхакIуэхэмрэ я еплIанэ хэгъэгузэ­хуаку фес­тиваль. «Зэныбжьэгъугъэм и псы­нащхьэ» зэхыхьэм Къэбэрдей-Балъкъэр, Ингуш, Да­гъыстэн, Осетие Ищхъэрэ - Алание, Шэ­шэн республикэхэм, Ставрополь щIыналъэм я лIыкIуэхэр хэтащ абы.