Календарь событий

12 октября 2022

Полицэм и участковэ нэхъыфI

«ЦIыхубэ участковэ-2022»  Урысейпсо зэхьэзэхуэм и етIуанэ Iыхьэр Къэбэрдей-Балъкъэрым жэпуэгъуэм и 7-м щаублащ.

Япэ Iыхьэми хуэдэу,  полицэм и участковэ уполномоченнэхэм     ящыщу етIуанэ  Iыхьэм щытекIуар  наIуэ хъунущ    КъБР-м щыIэ МВД-м и сайтым    Iэ  щаIэткIэрэ.  

Фигу къэдгъэкIыжынщи, етIуанэ Iыхьэм  хэхуащ  зэпеуэм хэтхэм ящыщу II,  республикэм   къэрал кIуэцI IуэхухэмкIэ и щIыналъэ  IэнатIэ псоми къабгъэдэкIхэр.  ЕтIуанэ Iыхьэр республикэм  щекIуэкIынущ жэпуэгъуэм и I6 пщIондэ.

Адыгэ пщащэ Беслъэней Замирэ

Мейкъуапэ къалэм иджыблагъэ щекIуэкIа «Черкешенка» фестиваль-зэпеуэм етIуанэ увыпIэр къыщихьащ Къэбэрдей-Балъкъэрым и цIэкIэ абы зи зэфIэкI щеплъыжа Беслъэней Замирэ. Ар къызэригъэпэщащ Адыгэ Республикэм цIыхубэ щэнхабзэмкIэ и центрым, АР-м ЩэнхабзэмкIэ и министерствэр и дэIэпыкъуэгъуу. Урысейм ис лъэпкъхэм я щэнхабзэ хъугъуэфIыгъуэхэм я илъэсым зэфIаха Iуэхухэм язщ мы зэхыхьэ дахэр.

Налог делэхэр

 

ИгъащIэ лъандэрэ дэтхэнэ къэралми и хэхъуэ нэхъыщхьэр налогхэрщ. Налогхэм я тхыдэм ухэплъэмэ, куэд бгъэщIэгъуэнущ.

ГъущI гъуэгухэм я зэранкIэ

Куэдыр зэрыщыгъуазэщи, Урысейм и гъущI гъуэгухэм кIуэ пэтми заубгъу, къахохъуэ, зэраныгъэ щхьэхуэхэри зэрымыщIэкIэ къыщыдэкIуэ щыIэу. Апхуэдэу Ростов областым и арбитраж судым (УФ-м и «Росрыболовство» IуэхущIапIэм и КъухьэпIэ - Каспийскэ къудамэм и нэIэ тету) къилъытащ, УФ-м и «РЖД» IуэхущIапIэм иригъэкIуэкI ухуэныгъэхэм Кавказ Ищхъэрэм и псы ежэххэм хэс аргъейм хэщIыныгъэшхуэ яритауэ икIи  абыхэм яхуигъэуващ, псы ежэх къабзэхэм фIэкIа нэгъуэщI щIыпIэ щымыбагъуэ а бдзэжьей лIэужьыгъуэм  и щхьэбжыгъэр  «РЖД»-м езым и мылъкукIэ игъэбэгъуэжын хуейуэ.

ЩIымахуэр къэмыс щIыкIэ

Иджы хуэдэ зэманым Iуащхьэмахуэ лъапэ къытрилъхьэ уэсым мэзылъэхэр зэуэ щыщIиуфэ щыIэщ, мэз псэущхьэхэмрэ щIымахуэр ди щIыпIэм щизых къуалэбзухэмрэ цIыхум и гулъытэ хуэныкъуэу. Ар къызыгурыIуэ мэзхъумэхэмрэ щакIуэхэмрэ абыхэм шхынкIэ яхуосакъ; гъатхэм щыщIадзэри жыгей тхьэмпэхэр, мэкъур, шыпсыранэр, Iусыпхъэхэр ягъэтIылъ, мэз бжэнхэр, бланэхэр, кхъуэпIащэхэр щыхъуакIуэ щIыпIэхэр уэс куум щыщIихъумэкIэ абыхэм ирагъэшхын хуэдэу.

Унэр къагъэщIэрэщIэжащ

Зеикъуэ дэт ЩэнхабзэмкIэ унэм и унащхьэм жьышхуэмрэ уэшхышхуэмрэ я зэранкIэ игъуэта сэкъатхэр зэман кIэщIым къриубыдэу зэрагъэпэщыжащ, уэшх пыжыпIэхэри палъхьэжащ.

1956 гъэм яухуа унэм и пкъыр «Къэбэрдей-Балъкъэрым и щэнхабзэ» къэрал программэм хиубыдэу зэрагъэпэщыжащ: и щIыхьэпIэхэр, пэш кIуэцIхэр, къызэрагъэплъ, псыр зрикIуэ бжьамийхэр зыхуей хуагъэзащ. КъэищынэмыщIауэ, цIыху 400 зыщIэхуэ пэшышхуэм щагъэуващ киноэкран ин.

Футболыр зэштегъэу къудейкъым

Си насып къикIри, сэ сыкъыщалъхуа, сыкъыщыхъуа унагъуэмрэ спорт лIэужьыгъуэ зыбжанэм егъэщIылIа губгъуэмрэ ухуэныгъэмрэ я зэхуаку  метр  щэныкъуэ нэхъыбэ  дэлъу къыщIэкIынтэкъым. Иджыпсту,  апхуэдэ Iэмал зимыIэ ныбжьыщIэхэр  щыслъагъукIэ,  сигу ящIогъу.  Сыту жыпIэмэ, спортым пэIэщIэу къэхъуахэм узыншагъэ быдэ яIэну, гушхуэныгъэ яхэлъыну уащыгугъыныр  щхьэгъэпцIэжщ.

 Гулъытэрэ мыхьэнэшхуэрэ иратт спортымрэ  лэжьыгъэмрэ щIэблэр щIэпIыкIыным, щIэныгъэ нэс егъэгъуэтыным, и Хэкум, и лъэпкъым и тхыдэм куууэ щыгъуазэу,  хуэпэжу къэгъэхъуным.

Бзэ лIыхъужь!

Бзэ къэс дуней псощ. Лъэпкъым и нэщэнэ нэхъыщхьэр бзэщ, атIэ лъэпкъ къэс езым и хабзэ, и зыхуэпэкIэ, и къафэ, и шхыныгъуэ, и щIэныгъэ иIэжщ. Дунейпсо тхыдэм дыхэплъэмэ, бзэ куэд дыдэ зыщIэу щыта щапхъэхэр хэтщ.

Пирамидэхэм я хэку

Ухуэныгъэ ехьэжьахэмрэ дунейм и телъыджиблым хиубыдэ щIыпIэ дахэхэмрэ здэщыIэ Мысырыр цIыхухэм я кIуапIэщ куэд щIауэ. Урысей туристхэр нэхъыбэ дыдэу здэкIуэ Африкэ къэралыгъуэм илъэс псом и хъуреягъкIэ зыщыбгъэпскI, дыгъэ зыщебгъэу мэхъу, гъэщIэгъуэн куэд щыболъагъу.

Мысырыр жыжьэу зыцIыху дэтхэнэ зыми фIэгъэщIэгъуэныр, дауи, Хеопс, Хефрен, Микерин сымэ я цIэр зезыхьэ пирамидэхэрщ, абыхэм хъумакIуэ пэлъытэу я лъабжьэм кIэщIэс Сфинкс скульптурэрщ.

ХъуэпсапIэр нахуапIэ хъуащ

ЦIыхум IэщIагъэ хуэхъунур, и гъащIэр щхьэузыхь зыхуищIыну Iуэхур хэти школым щIэсу, хэти балигъыпIэ иува нэужь къыхех. Аргудан щыщ Бро зэщхьэгъусэхэм - Мухьэдинрэ Маритэрэ – япхъу Анжеллэ пасэу, иджыри сабийуэ, хьэкъ щыхъуат и гъащIэ гъуэгур зытриухуэнур.

НОБЭ

Къупщхьэ узым ебэныным и дунейпсо махуэщ

 

Испаныбзэм и махуэщ

 

 Армением тутын емыфэным и махуэу щагъэуващ

Бразилием щагъэлъапIэ сабийхэм я махуэр

УФ-м и МВД-м и медицинэ IуэхущIапIэхэм я махуэщ

 1775 гъэм США-м и дзэ-тенджыз флотыр къызэрагъэпэщащ

1822 гъэм Бразилием щхьэхуитыныгъэ игъуэтащ - ар Португалием къыхэкIащ.

1897 гъэм Урысейм щыяпэу футболымкIэ зэхьэзэхуэ щекIуэкIащ.