Календарь событий

13 октября 2022

Жылэр зэтезыIыгъэ Къуиижь ЦIыкIу

Еуэрэ-еуэрэт, жи: мо Къалэжьым хуэдэ къуажэ гуэрым я Iэхъуэр Iуичри, жылэр Iэхъуэншэу къэнащ. ЩIэупщIэщ-къыщIэупщIэжри, Iэхъуэн къахэкIакъым. Гъуо ягъаджэри, Iэхъуэу хуежьэн къыкъуэкIакъым. Къуажэр унащхьэ чэзууэ щIапщытыкIри, ерэхъу жызыIэн ягъуэтакъым. Жылагъуэр зэхуэсщ аби: «Уэ жылэ махуэ хъун, тхьэм и хьэтыркIэ ди былымыр къулейсыз дывмыгъэщI» - жаIэри зэчэнджэщащ.

Псэемыблэжу хэкум хуэлэжьахэр

Беслъэней Хьэбалэ Жанхъуэт и къуэр 1886 гъэм Абей къуажэм (Урожайнэ) къыщалъхуащ. Ар пасэу къэнащ анэншэу. ЩIалэ цIыкIур, и ныбжьыр илъэсипщI фIэкIа мыхъуауэ, и адэм Павлодольскэ станицэм ишэри, и цIыхугъэ гуэрым деж къигъэнауэ щытащ, урысыбзэ иригъэщIэн папщIэ. Илъэсищ зэрыдэкIыу абы къришыжри, Екатериноградскэ станицэм дэс и ныбжьэгъу къэзакъым иритащ. Абы щыIэу Хьэбалэ школри къиухащ, ныбжьэгъу Iэджи игъуэтащ.

ДжэгукIэ шынагъуэхэм дахуэвгъэсакъ!

ГъащIэм къыхыхьэ тыншыгъуэ къэс абы ущызыгъащтэ гуэри зэригъусэр ди нэгу щIокI. Псалъэм папщIэ, телефонхэр. ЗэпыщIэныгъэ къарукIэ, хъыбар зэIэпыхын IуэхукIэ абы нэхърэ нэхъыфI гъуэтыгъуей пэтми, махуэ къэс нэхъ нэрылъагъуу, IэмэпсымэщIэхэр мурад бзаджэкIэ къэзыгъэщхьэпэхэм я бжыгъэр мэбагъуэ, я Iэмалхэми захъуэж.   

ЩIыхьэху

Пасэрей адыгэм зэдэщIыгъуу, зыр зым дэIэпыкъуу зэдэлэжьэныр фIыуэ ялъагъуу щытащ.

Афэрым, Басир.

ЩыIэу къыщIэкIынкъым и псэр хуэпабгъэу, фIыуэ илъагъу лэжьыгъэм бгъэдэтым, абы къыпэкIуа пщIэмрэ щIыхьымрэ зылъагъуж цIыхум нэхъ насыпыфIэ. Апхуэдэщ кIэухыншэу фIыщIэ зыхуэфащэ, пщIэ щIалэ дыдэу къэзылэжьауэ нобэр къыздэсым ар хэзыгъахъуэ Наурыз Басир Пщымахуэ и къуэр. Зы лъэныкъуэкIэ гуапэщ икIи тыншщ зэфIэкI зиIэ, республикэм щыпсэум и нэхъыбапIэм фIы дыдэу яцIыхум утетхыхьыныр, зэрыгурыIуэгъуэщи, ауэ гугъэзагъэу, щыщIэныгъэншу, зэщIэкъуауэ къэбгъэлъэгъуэныр егъэлеяуэ гугъущ.

Гугъуехьыр IэщIыб мэхъу

Дыгулыбгъуей щаухуэ ЦIагъуэм и цIэр зезыхьэ уэрамым псы къагъэсэбэпар зрикIуэ бжьамийм папщIэ коллектор.

2004 - 2005 гъэхэм а щIыпIэм (Бахъсэным и цIэр зезыхьэ уэрамым) щаукъуэдияуэ щытащ километри 3,7-рэ зи кIыхьагъ псы жапIэ, арщхьэкIэ

Жылагъуэдэсхэм я лъэIукIэ щIыналъэ администрацэм республикэм и унафэщIыр апхуэдэ щытыкIэм щигъэгъуэза нэужь, икIэщIыпIэкIэ Iуэхур яублащ.

Щомахуэ Каринэ: Дохутырым и псалъэм къаруушхуэ иIэщ

Узыпэрыт IэщIагъэр псэм къыдыхьэмэ, уи лэжьыгъэм гупсэхугъуи къуитынущ, абы ехъулIэныгъи ущиIэнущ. Ар щынэрылъагъущ республикэм и Сабий клиникэ сымаджэщым и пульмонологие къудамэм и дохутыр Щомахуэ Каринэ и деж. Куэдым щапхъэ яхуэхъуфын IэщIагъэлIщ ар: хьэл-щэн зэпIэзэрыт зиIэ а бзылъхугъэр и IэзагъкIи и цIыхугъэкIи дагъуэншэщ жысIэми, езгъэлейуэ къыщIэкIынукъым.

АдыгагъэкIэ хьэщIэмрэ бысымымрэ яхуэгъэза хабзэхэр

Дуней псом лъэпкъыу тетым хьэщIэм ирахыу езыхэм я хабзэ яIэжщ. Кавказ лъэпкъхэр къапщтэмэ, хьэщIэ гъэхьэщIэнкIэ цIэрыIуэщ, абыкIэ къалъэщIыхьэр мащIэу куэдым къалъытэр.

НОБЭ

Жэпуэгъуэм и 13, махуэку

♦ЩIыуэпсым къыщыхъу къэхъукъащIэ шынагъуэхэм къашэ гузэвэгъуэхэр гъэмэщIэным и дунейпсо махуэщ

♦Белоруссием и щэнхабзэ IэнатIэм и лэжьакIуэхэм я махуэщ

♦Азербайджаным и гъущI гъуэгу лэжьакIуэхэм я махуэщ

♦1883 гъэм Петербург къыщызэрагъэпэщащ Театрым и лэжьакIуэхэм я Урысейпсо зэгухьэныгъэр.

♦1904 гъэм Тэрч-Псыжь полкым хыхьэ адыгэ сотням хэтхэм зыкъаIэтащ.