Календарь событий

01 октября 2022

ЩIэныгъэм и хъуаскIэр

Хабзэ хъуауэ, ди къэралым гъэ къэс щокIуэкI «Илъэсым и егъэджакIуэ» къэралпсо зэпеуэр. 

Захуагъэр зэтеувэжащ

Дыгъуасэ Кремлым щекIуэкIа зэIущIэшхуэр  къызэрыщыхъуам теухуауэ КъБР-м и Iэтащхьэ  КIуэкIуэ Казбек жиIащ:

Урысейм хагъэхьэж

Урысей Федерацэм и Президент Путин Владимир дыгъуасэ иригъэкIуэкIащ Урысей ­Федерацэм щIыналъэщIэхэр къызэрыхагъэхьэжым теухуа гуфIэгъуэ зэIущIэ.

Депутатхэр къызэхуосыж

КъБР-м и Парламентым и бжьыхьэ лэжьэгъуэм зэры­щIадзэ зэIущIэр фокIадэм и 29-м ирагъэкIуэкIащ. Зэрыхабзэу, ар депутатхэм къызэIуахащ Урысей Федерацэмрэ Къэбэрдей-Балъкъэр Респуб­ликэмрэ я къэрал гимнхэмкIэ. 

Зэхэгъэж хэмыту

 КIуэкIуэ Казбек лэжьыгъэ IуэхукIэ IущIащ щIэрыщIэу и къулыкъум трагъэувэжа, Къэбэрдей-Балъкъэрым и арбитраж судым и унафэщI Мельников Игорь. 

ЩIыналъэр ефIэкIуэн папщIэ

КъБР-м и Iэтащхьэр фокIадэм и 29-м видео IэмалкIэ хэтащ УФ-м и Правительствэм ЩIыналъэ зыу­жьыныгъэмкIэ и комиссэм и зэIущIэм. Зэ­хуэсыр иригъэкIуэкIащ ­УФ-м и Прави­тельствэм и УнафэщIым и ­къуэдзэ Хуснуллин Марат. Зи гугъу ящIынухэм теухуауэ къэ­псэлъащ ухуэныгъэмрэ псэу­пIэ-коммунальнэ хозяйствэмкIэ министр Файзуллин Ирек.

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм и Указ

Къэбрдей-Балъкъэр Республикэм и къэрал дамыгъэхэр тыным и IуэхукIэ
 
Узыншагъэр хъумэнымкIэ IэнатIэм зегъэужьыным, коронавирус уз зэрыцIалэр къэмыгъэхъунымрэ абы земыгъэубгъунымкIэ лэжьыгъэхэр къызэгъэпэщыным къаруушхуэ зэрырахьэлIам икIи илъэс куэд лъандэрэ хьэлэлу зэрылажьэм папщIэ
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и ЩIыхь тхылъыр етын

Зи чэзу зэхъуэкIыныгъэхэр халъхьэ

КъБР-м и Правительствэм и УнафэщI Мусуков Алий Iуэхугъуэ зэхуэмыдэхэм щыхэплъа зэIущIэ иригъэкIуэкIащ.