ГъущIапщэ Альберт Европэм щытокIуэ![]() Босниемрэ Герцеговинэмрэ я Баня-Лука къалэм и «Борик» спорт уардэунэм иджыблагъэ щекIуэкIащ Европэм боксымкIэ пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIа 21-нэ зэхьэзэхуэр. Абы щызэпеуащ къэрал 30-м щыщ, илъэс 13 - 14 хъу щIалэхэмрэ хъыджэбзхэмрэ - псори зэхэту спортсмен 360-м щIигъу. Къэбэрдей-Балъкъэрым щыщу зэхьэзэхуэм хэтащ ГъущIапщэ Альберт икIи килограмм 50 зи хьэлъагъхэм я деж япэ увыпIэр къыщихьащ. Къызэрыхах зэпеуэхэм ящыщу ди щIалэр щым щытекIуэри, финалым ар щыIущIащ Молдовэм икIа боксёр Буханюк Алехандро-Ахиле. Мыбдежым зэпэщIэтыныгъэм ГъущIапщэр щынэхъ лъэщауэ судьяхэм къалъытэри, дыщэ медалыр абы къыхуагъэфэщащ. Чемпион ныбжьыщIэм и тренерыр Куэшмэн Аслъэнщ.
Поделиться:
Читать также:
17.03.2025 - 17:00 →
ТекIуэныгъэ Иным и щIыхькIэ
17.03.2025 - 15:40 →
МинитIым щIигъу зэхуэсат
17.03.2025 - 15:00 →
Суздаль медалищ къраш
03.03.2025 - 16:00 →
Спорт хъыбархэр
18.02.2025 - 17:00 →
Спорт хъыбархэр
|