Ярославль зыкъыщагъэлъагъуэ![]() Подполковник Лататуев Владимир и фэеплъ урысейпсо зэхьэзэхуэ алыдж-урым бэнэкIэмкIэ Ярославль къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ. Абы щхьэхуэу щыбэнащ я ныбжькIэ илъэс 18 иримыкъуахэмрэ нэхъыжьхэмрэ. Нэхъыжьхэр спортсмени 173-рэ хъурт. Зи ныбжьыр илъэс 18 иримыкъуахэр цIыхуи 187-рэ хъуащ. Абыхэм яхэту зыкъагъэлъэгъуащ КъБР-м и бэнакIуиплIым икIи домбеякъ медалу щы къахьащ. Ещанэ хъуащ Ачабаев Музэфар и гъэсэн Джаппуев Ислъам (кг 60). Абы нэмыщI, апхуэдэ ехъулIэныгъэхэр зыIэрагъэхьащ Елчэпэр Мурат и гъэсэнхэу Щомахуэ Муратрэ ЛыфыщI Рустамрэ. ЩIалэхэр щыбанэр килограмм 71-рэ зи хьэлъагъхэм я дежщ.
Поделиться:
Читать также:
25.03.2026 - 14:55 →
Шэчэрыщхьэ къыдохутэ
25.03.2026 - 11:55 →
Спорт хъыбархэр
05.03.2026 - 15:26 →
Бахъсэндэсхэм спортым ехъулIэныгъэфIхэр щаIэщ
03.03.2026 - 15:00 →
Щхьэлыкъуэ и хьэщIэ лъапIэхэр
24.02.2026 - 12:59 →
ТIури домбеякъыу
| ||






