Махъсидэ Елизаветэ дрогушхуэ![]() Иджыблагъэ хъыбар къызэрытIэрыхьамкIэ, гимнасткэ ныбжьыщIэ Махъсидэ Елизаветэ зыщегъасэ тренер цIэрыIуэ Винер Иринэ и центру Мэзкуу областым и Новогорск къалэм щыIэм, ауэ зэхьэзэхуэхэм щыхэтым деж Къэбэрдей-Балъкъэрым и ныпым щIоувэ. Псалъэм къыдэкIуэу, Кавказ Ищхъэрэм художественнэ гимнастикэмкIэ пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIауэ мы гъэм екIуэкIа зэпеуэм домбеякъ медаль къыщихьащ адыгэ пщащэ цIыкIум. Абы нэмыщI, ар хэтащ фокIадэм ирагъэкIуэкIа «Клубхэм я лигэ» зэхьэзэхуэ зэIухам. Топыр иIыгъыу абы утыкум къыщигъэлъэгъуахэм щхьэкIэ етIуанэ увыпIэр къратащ.
Поделиться:
Читать также:
11.02.2026 - 12:28 →
Спорт хъыбархэр
23.01.2026 - 17:00 →
КаратемкIэ дылъэщщ
23.01.2026 - 16:00 →
Медаль 35-рэ къахь
19.01.2026 - 15:38 →
Орел зэрыкIуэнум зыхуагъэхьэзыр
12.01.2026 - 18:38 →
Тэрчым и спортсменхэр
| ||





