ЛIыхъужьхэм я щIыхькIэ![]() Къэрал кIуэцI IуэхухэмкIэ органхэм я лэжьакIуэхэу зи къалэн зыгъэзащIэу хэкIуэдахэм я фэеплъ махуэм ирихьэлIэу Шэджэм къалэм и спорт комплексым щекIуэкIащ Шэджэм щIыналъэм сумомкIэ и зэхьэзэхуэ зэIуха. Абы щызэпеуащ спортсмен 70-м щIигъу икIи я ныбжьымрэ хьэлъагъымрэ елъытауэ зыхэта гупхэм япэ увыпIэхэр къыщахьащ Гъусэ Инал, Вэрокъуэ Темыркъан, Пщыунэ Мухьэмэд, Батыр Заурбий, Джанукуевэ Эллинэ, Бейтыгъуэн Имран, Сэбаншы Динарэ, ЖьэкIэмыхъу Дамир, Тхьэмокъуэ Хьэдис сымэ. ЕтIуанэ увыпIэхэр яубыдащ Къанкъул Ислъам, Зражаев Денис, МафIэдз Сулеймэн, Къардэн Алихъан, Мэкъуауэ Резуан, Щауей Ислъам сымэ. Дудар Дудар, ЩIанкIэ Алан, Хьэмыкъуэ Къантемыр, Тау Ибрэхьим, Мамбэт Ясин, Борэн Абдурэхьмэн, Нэзрэн Талий, Щомахуэ Къантемыр, Хьэлышх Къантемыр сымэ домбеякъ медалхэр къахьащ. Зэхьэзэхуэм къыщыхэжаныкIахэм кубокхэр, медалхэр, щIыхь тхылъхэр иратащ. Зэпеуэм япэ увыпIэр къыщихьащ «Арена» командэм, етIуанэр «ЕгъэджэныгъэмкIэ управленэ» гупырщ, ещанэр – МВД-м и лIыкIуэхэрщ. Мыбдежми зэхьэзэхуэм япэ увыпIищыр къыщызыхьахэм медалхэмрэ щIыхь тхылъхэмрэ иратащ.
Поделиться:
Читать также:
23.08.2026 - 14:40 →
Зэдэхьыгъуейщ кубокри зэпеуэри
05.07.2026 - 13:26 →
УафэхъуэпскIыу зэщIэлындащ Инал
30.05.2026 - 12:52 →
Тхум щыщу зыр дыщэу
17.05.2026 - 12:36 →
Iэдэм и япэ лъэбакъуэхэр
26.04.2026 - 12:26 →
Къэзан екIуу зыкъыщагъэлъагъуэ
| ||





