Спорт зэхуэсышхуэм![]() «Урысейр спорт къэралыгъуэщ» фIэщыгъэр зэрихьэу 13-нэ дунейпсо зэхуэс Самарэ къалэм щекIуэкIащ иджыблагъэ. Абы хэтащ къэрал 58-м я лIыкIуэу мини 5-м щIигъу. Зэхуэсым увыпIэ нэхъыщхьэ щызыубыдар «Спортыр къэкIуэнум и щIыхькIэ: дызэгъусэу дытокIуэ» зэIущIэрщ. Къэралхэм спортымкIэ я министрхэр, федерацэхэм я унафэщIхэр абы щытепсэлъыхьащ спортым зегъэужьынымкIэ щыIэ Iэмалхэмрэ зэрызэдэлажьэ хъуну щIыкIэхэмрэ. Ди республикэм и лIыкIуэу абы и лэжьыгъэм хэтащ КъБР-м и Парламентым и УнафэщIым и къуэдзэ Къардэн Муратрэ КъБР-м спортымкIэ и министр Хьэсанэ Ислъамрэ. Урысей Федерацэм и Президент Путин Владимир зэIущIэм къыщыщыпсалъэм къыхигъэщащ цIыху куэдым, я ныбжьымрэ узыншагъэмрэ емылъытауэ, спортым зыхуагъэсэфын хуэдэу абы и инфраструктурэм зегъэужьыныр, щIалэгъуалэмрэ сабийхэмрэ дегъэхьэхыныр къэралым и плъапIэу зэрыщытыр. «Солидарность Самара Арена» стадионным гъэлъэгъуэныгъэ хьэлэмэтхэр щекIуэкIащ а махуэхэм. Абы щагъэлъэгъуащ ди къэралым и спорт IэнатIэм и ехъулIэныгъэхэр, технологиещIэхэр, обрудованэхэр. Путин Владимир зригъэлъэгъуащ зи Iэпкълъэпкъым сэкъат иIэ цIыхухэм щхьэкIэ спорт IэмалыщIэхэр зэрылажьэр икIи абдежым Къэбэрдей-Балъкъэрым и лIыкIуэхэм ягъэлъэгъуащ паралимп джэгухэм щIэуэ хагъэхьа – шабзэкIэ нэщэнэ еуэнымкIэ (зыри зымылъагъухэр) зэрехъулIэхэр. Абы щхьэкIэ УФ-м и Паралимп комитетым зэхуэсым иригъэблэгъащ КъБР-м и спорт-адаптивнэ еджапIэм и унафэщI Кулюшин Александррэ СВО-м и ветеран, абы фэбжь щызыгъуэта Мэзло Заурбэчрэ. Заурбэч и нэхэр зэрыпхам хуэдэу шабзэ ишэщIар зытригъэпсам и курыкупсэм тригъэхуащ. Ар хьэлэмэт щыхъуащ УФ-м и Президентым икIи гуапэу ди щIалэм къехъуэхъуащ. УФ-м и ЛIыщхьэм унафэ ищIащ адаптивнэ спортымкIэ центрхэр къэралым и щIыналъэ псоми къыщызэIуахыну икIи абыкIэ УФ-м и Паралимп комитетымрэ «Хэку узыншэ» жылагъуэ зэгухьэныгъэмрэ ядэIэпыкъуну. Фигу къэдгъэкIыжынщи, иджы екIуэкIа «Урысейр спорт къэралыгъуэщ» дунейпсо зэхуэсыр УФ-м и Президентым къыхилъхьауэ щытащ 2009 гъэм икIи абы лъандэрэ къэралым и спорт гъэщIэм и Iыхьэ нэхъыщхьэхэм хабжэ.
Поделиться:
Читать также:
30.05.2026 - 12:52 →
Тхум щыщу зыр дыщэу
17.05.2026 - 12:36 →
Iэдэм и япэ лъэбакъуэхэр
26.04.2026 - 12:26 →
Къэзан екIуу зыкъыщагъэлъагъуэ
25.03.2026 - 14:55 →
Шэчэрыщхьэ къыдохутэ
25.03.2026 - 11:55 →
Спорт хъыбархэр
| ||





