ЗэгурыIуэныгъэр япэ ирагъэщуФызэрыщыгъуазэщи, 2025 гъэм дыгъэгъазэм и 25-м УФ-м и Президент Путин Владимир Iэ щIидзащ «Урысейм ис лъэпкъхэм я зэкъуэтыныгъэм и илъэсыр» Урысей Федерацэм щегъэкIуэкIыным и IуэхукIэ» унафэм. Жэрдэмыр къыхэзылъхьауэ щытар урысейпсо къэзакъ зэгухьэныгъэм и атаман Кузнецов Виталийщ. Ар зытраухуэр ди къэралым ис лъэпкъхэм яку дэлъ лъэпкъ зэгурыIуэныгъэр, мамырыгъэр, пщIэ зэхуэщIыныр гъэбыдэнырщ. 2026 гъэм и кIуэцIкIэ къалащхьэм, щIыналъэхэм щекIуэкIынущ цIыхубэ щэнхабзэхэм я фестивалхэр, гъэлъэгъуэныгъэхэр, концертхэр, театрхэр, лъэпкъ зэхущытыкIэхэм теухуа щIэныгъэ, жылагъуэ форумхэр. Апхуэдэуи, щIэныгъэ и лъэныкъуэкIэ, Урысейм ис лъэпкъхэм я бзэхэр джыным, бзэ куэду зэхэт егъэджэныгъэм зегъэужьыным, къэралым ис лъэпкъхэм я тхыдэмрэ щэнхабзэмрэ теухуа иджырей егъэджэныгъэ материалхэр къызэгъэпэщыным хуэунэтIа проектхэр щыIэнущ. Iуэхум и купщIэр цIыхубэм зыхащIыкIын папщIэ, медийнэ жэрдэмхэри къыхалъхьащ. Абы ипкъ иткIэ, документальнэ фильмхэр, телевизионнэ проектхэр, еджапIэхэмрэ еджапIэ нэхъыщхьэхэмрэ папщIэ спецкурсхэр екIуэкIынущ. ЩIэуэ мы гъэм къэунэхуахэм ящыщщ ди къэралым щIэуэ игъэлъэпIэну махуэшхуэхэр - Урысей Федерацэм щыпсэу лъэпкъ мащIэхэм я махуэр - мэлыжьыхьым и 30-м ягъэлъэпIэнущ, етIуанэу Урысей Федерацэм ис лъэпкъхэм я бзэхэм я махуэр - фокIадэм и 8-м, усакIуэ Гамзатов Расул къыщалъхуа махуэм ягъэлъэпIэнущ. Апхуэдэ Iуэху дахэхэм я пэублэу, мы мазэм УФ-м и щIыналъэхэм и щIыпIэ зэмылIэужьыгъуэхэм къыщызэIуах Урысейм ис лъэпкъхэм я зэкъуэтыныгъэм и илъэсыр. Къыхэгъэщыпхъэщ дэ ди щIалэгъуалэр сытми хуэIущу, жэуаплыныгъэ яхэлъу, къэралым хуэпэжу зэрыщытыр. Апхуэдэу а махуэр япэу хэзыгъэунэхукIахэм ящыщщ Налшык къалэ дэт ЩIалэгъуалэм я унэр. Республикэм ис ныбжьыщIэхэм УФ-м и Президент Путин Владимир и гупсысэхэр, еплъыкIэхэр даIыгъ, я нэхъыжьхэм я псалъэм щIэтщ. Махуэшхуэр къыщызэрагъэпэщам кърагъэблэгъащ КъБР-м щIалэгъуалэм я IуэхухэмкIэ и министр Лу Азэмэт, КъБР-м лъэпкъ Iуэхухэмрэ жылагъуэ проектхэмкIэ и министр КIурашын Анзор, Дунейпсо Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ, Урысейм ис лъэпкъхэм я ассамблеем и къудамэу КъБР-м щыIэм и унафэщI, УФ-м и Президентым деж Лъэпкъ IуэхухэмкIэ щыIэ советым хэт Сэхъурокъуэ Хьэутий, Къэрэшей-Балъкъэр щIалэгъуалэм зегъэужьынымкIэ «Эльбрусоид» фондым и Налшык къалэ къудамэм и унафэщI Анаев Марат, Урыс тхыдэмрэ щэнхабзэмкIэ «Вече» жылагъуэ зэгухьэныгъэм и унафэщI Литвинов Роман сымэ, нэгъуэщIхэри. ЩIалэгъуалэм я унэм и пэIущIэ пэшым хьэщIэхэм я пащхьэ къыщрахьащ ди республикэм ис лъэпкъхэр зылI и быну зэкъуэту, зэгурыIуэрэ зэдэIуэжу зэрыщыпсэум и теплъэр. Абдеж щегъэувэкIат лъэпкъ хьэщIэщхэр, ар зейхэр нэжэгужэт, я бзэхэмкIэ уэрэд жаIэрт, лъэпкъ къафэхэр ягъэзащIэрт. Къэбэрдей-Балъкъэрым щыпсэу лъэпкъхэм я хабзэхэр, шхыныгъуэхэр, гъащIэм къыщагъэсэбэп хьэпшыпхэр щыплъагъурт щхьэж егугъуу игъэхьэзыра «пщIантIэхэм». Лъэпкъ зэныбжьэгъугъэм, хабзэ дахэхэм, гуфIэгъуэ зэхыхьэм игъэнэжэгужахэр зыхэт гуфIэгъуэ дауэдапщэр УФ-м и ГимнымкIэ ирагъэжьащ. Япэу къэпсэлъапIэр хуит зыхуащIа Сэхъурокъуэ Хьэутий и гугъу ищIащ екIуэкI Iуэхум и мыхьэнэм. - 2026 гъэр Урысейм ис лъэпкъхэм я зэкъуэтыныгъэм и илъэсу гъэувыным теухуауэ Урысей Федерацэм и Президент Путин Владимир къищта Унафэр лъэпкъ куэду зэхэс ди къэралым и лъапIэныгъэ купщIафIэхэр дигу къэзыгъэкIыж Iуэхугъуэщ, – жиIащ Сэхъурокъуэм. - Зэкъуэтыныгъэм и махуэшхуэм псом хуэмыдэу дигу къыдогъэкIыж дзэ Iуэху хэхар щекIуэкI щIыпIэм щыIэ, ди хэкум и уэгур мамыру щытыным псэемыблэжу щIэзэу ди лIыхъужьхэр, зауэлIхэр. Абыхэм я лIыгъэр и щапхъэ наIуэщ зэкъуэтыныгъэр сыт хуэдэ мыхъумыщIагъэми зэрытекIуэм. АтIэ, адыгэхэр, балъкъэрхэр, урысхэр, ди къэралым щыпсэу псори нэхъ быдэжу дызэкъуэвгъэувэ, ди зэхуэдэ унэр - Урысейр - мамырыгъэм, щэнхабзэм, ехъулIэныгъэхэм я быдапIэу щытын икIи къэкIуэну щIэблэм гъуазэ яхуэхъун папщIэ. КъБР-м лъэпкъ Iуэхухэмрэ жылагъуэ проектхэмкIэ и министр КIурашын Анзор фIэхъус гуапэкIэ захуигъэзащ къызэхуэсахэм икIи жиIащ Зэкъуэтыныгъэм и илъэсым дэ тщыщ дэтхэнэри лъэпкъ зэгурыIуэныгъэр дгъэбыдэну, щэнхабзэ зэмылIэужьыгъуэ куэдыр тхъумэну, Урысейм ис лъэпкъ псоми я хабзэхэм пщIэ хуащIу щIалэгъуалэр дгъэсэну дыкъызэрыхуриджэр. «Щэнхабзэ зэмылIэужьыгъуэ куэд щызэхэухуэна ди Къэбэрдей-Балъкъэрым щыдолъагъу лъэпкъ зэныбжьэгъугъэм къихь дахагъэмрэ беягъэмрэ. Мы илъэсыр абы тедывгъэухуи, дэтхэнэм и псалъэри зэхэтхыу, хабзэхэр дгъэлъапIэу, зэгурыIуэрэ зэдэIуэжу дызэдэвгъэпсэу, а хъугъуэфIыгъуэ псомкIи ди республикэр щапхъэ ирехъу», – дыщIигъуащ КIурашыным. Анаев Марат къыхигъэщащ: «Нобэ фыкъыхудоджэ: зыми ямыIэу дэтхэнэ зыми фиIэ лъапIэныгъэр фхъумэ, гъунэгъухэм пщIэ яхуэфщI, зэныбжьэгъугъэм и лъэмыжхэр тефлъхьэ. Дызэгъусэу фIэкIа лъэпощхьэпохэм дапэлъэщынукъым, дэтхэнэ лъэпкъми ейуэ къыщыхъуж мамыр дуней къызэдгъэпэщыфынукъым». «Вече» жылагъуэ зэгухьэныгъэм и унафэщI Литвинов Роман къытеувыIащ ди хэкум и тхыдэр лIыхъужьыгъэмрэ зэдэIэпыкъуныгъэмрэ я тхыдэу зэрыщытым: - Дэтхэнэ лъэпкъми и хабзэм пщIэ хуэпщIыным къикIыр уи щэнхабзэм и лъабжьэр бгъэбыдэнырщ. БлэкIам и дерсхэр зыщыдывмыгъэгъупщэ, зэкъуэтыныгъэмрэ зэгурыIуэныгъэмрэ я лъабжьэ быдэм тещIыхьа Урысейм и къэкIуэнур адэкIи екIуу зетхьэфын папщIэ. - Си щхьэкIэ сропагэ сызэрыадыгэм, сыкъыщыхъуа хьэблэм, сыкъызыдэкIа къуажэм, си псэм пэсщIу слъагъу Къэбэрдей-Балъкъэрым сызэрыщыщым, Урысеишхуэм и цIыхуу сызэрыщытым. Апхуэдэ дыдэу срогушхуэ урыс, балъкъэр куэд къуэш пэлъытэ схуэхъуауэ сызэриныбжьэгъум, ди къэралым и щIыпIэ куэдым щыщ, лъэпкъ зэмылIэужьыгъуэхэм къахэкIа, сыхуей хъумэ, къэзгъуэтын хьэзыру ныбжьэгъу куэд сызэриIэм. Ахэращ цIыхуми къэралми я лъапIэныгъэхэри, дыхуэсакъыу зетхьэн хуейщ, - щыжиIащ щIалэгъуалэм я пащхьэм Лу Азэмэт. Налшык щекIуэкI зэIущIэм хэтхэм онлайну зыпащIащ а махуэм Москва «Урысей» лъэпкъ центрым щекIуэкIа, ди къэралым ис лъэпкъхэм я зэкъуэтыныгъэм и илъэсыр къыщызэIуаха утыкушхуэм. КъищынэмыщIауэ, ныбжьыщIэхэр хэтащ «ЩIэныгъэ» урысей зэгухьэныгъэм къызэригъэпэща «Урысейр унагъуэхэм я унагъуэщ» федеральнэ марафоным. Абы ипкъ иткIэ, ЩIалэгъуалэм я унэм лекцэ къыщеджащ тхыдэдж Тумэ Аскэр, ар теухуауэ щытащ лъэпкъыбэу зэхэс ди республикэр лъэхъэнэ зэхуэмыдэхэм зэрызэфIэувам. «ЩIэныгъэ» зэгухьэныгъэм и щIыпIэ къудамэм и унафэщI Ащхъуэт Алинэ щIалэгъуалэм ядэуэршэращ абыхэм Урысей къэралыгъуэм и нобэмрэ и къэкIуэнумрэ хащIыхьыфынухэм теухуауэ. Зэхыхьэм и кIэухыу лъэпкъхэм я щэнхабзэм и къулеягъыр утыку кърахьащ а IэнатIэм и лэжьакIуэхэмрэ щIалэгъуалэмрэ. Утыку щыжаIащ, щагъэлъэгъуащ урыс цIыхубэ уэрэдхэр, тыркумэн къафэхэр, къумыкъу пшыналъэхэр, къалмыкъ макъамэхэр. Пшыхьым хэта псоми махуэшхуэм и мыхьэнэр иджыри зэ щIагъэбыдэжу удж хъурей зэдащIащ. Урысейм ис лъэпкъхэм я зэкъуэтыныгъэм и илъэсыр КъБР-м и ЩIалэгъуалэм я унэм къызэрыщызэIуахар республикэм исхэм яку дэлъ зэныбжьэгъугъэмрэ зэгурыIуэныгъэмрэ наIуэ зыщI Iуэхугъуэ дахэ хъуат. Дарий Дахэнур.
Поделиться:
Читать также:
11.03.2026 - 14:13 →
Сэбэпымрэ зэранымрэ я пщалъэр
11.03.2026 - 12:26 →
Зэпеуэр ирагъажьэ
11.03.2026 - 11:07 →
Мыгъэрей къалэнхэм трагъащIэу
10.03.2026 - 16:03 →
ШэщIауэ зызыужь IэнатIэ
10.03.2026 - 16:00 →
Къуалэбзухэр
| ||




