Спорт

Япэ олимп дыщэр къытхуэзыхьар

Илъэс щэ ныкъуэ ипэкIэ, 1972 гъэм шыщхьэуIу мазэм и 29-нэ махуэм, Германием и Мюнхен къалэм щекIуэкIа ХХ Гъэмахуэ Олимп джэгухэм лъакъуэрыгъажэ спорт лIэужьыгъуэмкIэ дыщэ медаль къыщихьа Шыхъуэ Борис. Хэкужьым щыпсэу адыгэхэм я дежкIэ ар япэ апхуэдэ текIуэныгъэ инт.

Адыгэшым нэхърэ нэхъ бэшэчу

Бадзэуэгъуэм и 22-м Шэшэн Республикэм щекIуэкIащ «Грознэ саугъэтышхуэ» зыфIаща тыгъэм папщIэ шууейхэр щызэпеуа, «лъы къабзэ зыщIэт шы лъэпкъыр» щагъэлъэпIа махуэшхуэ. Шыгъажэм япэ дыдэу къыхашащ илъэси 3-м ит «шэшэныш» лIэужьыгъуэр.
Блэнейрэ шыхэр къыщагъэжа зэхьэзэхуэм щызэпеуащ шы щызэрахуэу Урысейм ит IуэхущIапIэ зыбжанэ. Шэшэн республикэм и цIэкIэ зэпеуэм хэтащ «Ахъмэт» шы спорт комплексым ишхэр.

Япэ президентхэм я щIыхькIэ

Мы гъэм илъэс еплIанэ хъуауэ Шэшэным и жэрдэмкIэ Налшык ипподромым щрагъэкIуэкI Къэбэрдей-Балъкъэрымрэ Шэшэнымрэ я япэ президентхэу щыта КIуэкIуэ Валерэрэ Урысейм и ЛIыхъужь Кадыров Ахъмэт-Хьэжырэ я фэеплъ къызэдэжэхэр. 
 

Ди щIалэхэр Къэзан къыщыхожаныкI

Мы махуэхэм йокIуэкI Урысей Федерацэм и щIыналъэхэм зэдай гъэмахуэ спорт лIэужьыгъуэхэм я I Спартакиадэ. Дзюдоитсхэм я зэпэщIэтыныгъэ япэ махуэм Къэбэрдей-Балъкъэрым и спортсменхэм абы медалитI къыщахьащ. Псори зэхэту саугъэт нэхъыщхьэхэм спартакиадэм щыщIобэн дзюдоист 325-рэ (цIыхухъурэ цIыхубзу).

Спартакиадэр йокIуэкI

Мы махуэхэм «ЕджакIуэхэм я XI гъэмахуэ спартакиадэ 2022». Абы и саугъэт нэхъыщхьэхэм спортсмен минипщIым нэблагъэ щIобэн. Жэпуэгъуэм и 2 пщIондэ зэхьэзэхуэм хэтынухэр щызэхьэзэхуэнущ спорт лIэужьыгъуэ 40-м.
Зэхьэзэхуэм хагъэхьа спорт лIэужьыгъуэхэр «Олимпиадэ-2024»-м къыщыгъэлъэгъуахэращ. Зэпеуэхэм я нэхъыбэр щекIуэкIынущ Мэзкуурэ Мэзкуу областымрэ, Спартакиадэм и къалэ нэхъыщхьэхэм ящыщщ Санкт-Петербургрэ Къэзанрэ.

ЛIэщIыгъуэм нэблэгъауэ Хэкум хуолажьэ

Урысейм и ДОСААФ-м и зыужьыныгъэр къыгуэхыпIэ имыIэу ди къэралым и тхыдэм епхащ. Абы игъэващ Хэкум и гукъеуэри, иIэтащ ехъулIэныгъэри. Зыхъумэжыныгъэм, авиацэмрэ химическэ ухуэныгъэмрэ и щIэгъэкъуэн зэгухьэныгъэм (ОСОАВИАХИМ) и щIэблэ ДОСААФ-р I927 гъэм щIышылэм и 23-м къызэрагъэпэщауэ щытащ. Мы гъэм абы и илъэс 95 юбилейр ягъэлъапIэ. Я къалэн нэхъыщхъэри ягъэзащIэ - щIалэгъуалэр хэкупсэу къэгъэхъунымрэ Хэкур яхъумэным хуэгъэхьэзырынымрэ.

ГъащIэ узыншэм къыхураджэу

Ислъэмей щекIуэкIащ мини-футболымкIэ къуажэ чемпионат. ЩIыпIэ администрацэм къызэригъэпэща зэхьэзэхуэм хэтащ футболист 54-рэ къызэщIэзыубыда командих. 

Урысейпсо спартакиадэ

ШыщхьэуIум и 10-м къыщыщIэдзауэ жэпуэгъуэм и 2 пщIондэ ди къэралым щекIуэкIынущ Урысей Федерацэм и щIыналъэхэм я 1 Урысейпсо спартакиадэ. Спорт лIэужьыгъуэ 39-мкIэ зэпеуэхэр щекIуэкIынущ къэралым и щIыналъэ 12-м. ГуфIэгъуэкIэ спартакиадэр шыщхьэуIум и 20-м Мэзкуу къалэ дэт «Мегаспорт» спорт комплексым къыщызэIуахынущ. Зэхьэзэхуэхэм я къызэгъэпэщакIуэщ Урысейм СпортымкIэ и министерствэр.

Спортым драгъэхьэх, япсыхь

Налшык къалэ и «Кавказ» ­санаторэм зыщызыгъэпсэху ­ныбжьыщIэхэм папщIэ, «Зарядись энергией с Росгвардией» акцэм хыхьэу, Звезднэ посёлкэм щыIэ дзэ частым щрагъэкIуэкIащ спорт Iуэхухэр.

Физкультурэр гъащIэм и мардэщ

ГъащIэ узыншэр иджыпсту гулъы­тэ нэхъыщхьэ зыгъуэтхэм ящыщ  зы унэтIыныгъэщ. Урысейм физ­куль­турэм зыщегъэужьыным 1920 гъэхэм и кIэхэм щыщIадзащ. Абы щыгъуэм екIуэкIащ япэ спартакиадэхэри. Алъандэрэ къыхаха унэтIы­ныгъэм текIакъым, лъэпкъым и узыншагъэр спортым зэрепхар ­къагурыIуэу. Уеблэмэ, Хэку зауэш­хуэм и лъэхъэнэм Мэзкуу эстафетэхэр щрагъэкIуэкIыу щытащ.

Страницы

Подписка на RSS - Спорт