СыткIи дэIэпыкъуэгъу хъунущ![]() Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм щылажьэ «Къуажэ ипотекэ» программэмкIэ унагъуэ 625-м республикэм и щIыналъэхэм, жылэхэм щIы къыщащэхуащ. Апхуэдэ ахъшэу сом зы мелардрэ ныкъуэрэ итащ банкым. А Iуэхум зэпкърыхауэ тепсэлъыхьащ КъБР-м экономикэ зыужьыныгъэмкIэ и министр Рахаев Борис, Россельхозбанкым Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ щIыналъэм щиIэ къудамэм и унафэщIым и чэнджэщэгъу Филимонов Георгий, Банкым и Къэбэрдей-Балъкъэр къудамэм и Iэтащхьэ Сокъур Алим сымэ щызэхуэзам. Россельхозбанкыр жыджэру иужь итщ къуажэхэм щIы, унэ, лъапсэ къыщащэхун пап- щIэ къэрал дэIэпыкъуныгъэ зи гъусэ ипотекэ ахъшэ щIыхуэ цIыхухэм етыным. 2023 гъэм а программэмкIэ банкым ахъшэ щIыхуэу итащ сом мелуан 325-рэ, абыкIэ унэу 105-рэ къащэхуащ. НэщIэпыджэ Замирэ.
Поделиться:
Читать также:
12.04.2026 - 12:26 →
Вагъуэхэм пхылъэтри…
12.04.2026 - 10:01 →
Гъуэгу захуэ тету къежьахэт...
11.04.2026 - 15:14 →
Къэпщытэныгъэр йокIуэкI
11.04.2026 - 13:41 →
Мылъкур зытрагъэкIуадэр
11.04.2026 - 13:14 →
ЕхъулIэныгъэщIэхэм хуопабгъэ
| ||






