Бетыгъуэн Исмэхьил «Илъэсым и усакIуэ» цIэр къыфIащЕхъулIэныгъэ КIуэкIуэ Валерэ и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал мэкъумэш университетым и агрономие факультетым и студент Бетыгъуэн Исмэхьил «2019 гъэм и усакIуэ» литературэ саугъэтыр зыхуагъэфэщахэм ящыщ хъуащ. ЩIалэщIэм и къалэмыпэм къыпыкIа усэхэр ихуащ Москва иджыблагъэ къыщыдэкIа «Илъэсым и усакIуэ» литературэ альманахым. АбыкIэ хъыбар дигъэщIащ еджапIэ нэхъыщхьэм и пресс-IэнатIэм и лэжьакIуэ КIурашын Заремэ.
Поделиться:
Читать также:
22.07.2026 - 17:35 →
Узыншагъэм теухуа щIэнIуатэ
22.07.2026 - 16:33 →
Уи бзэм ухуэсакъынри Хэкур пхъумэнри лIыгъэщ
22.07.2026 - 15:22 →
Бзэр тхыдалъэщ
22.07.2026 - 15:09 →
ЗылI хузэфIэкIын кърихьэлIащ
22.07.2026 - 14:04 →
Бзэ зэлъэбжьэгъухэр
| ||





ДЫЗЭРЫЩЫГЪУАЗЭЩИ, 2019 гъэр ди къэралым и ТхакIуэхэм я зэгухьэныгъэм игъэувауэ щытащ Ахматовэ Аннэ и илъэсу. Абы ипкъ иткIэ къызэрагъэпэща зэпеуэт Бетыгъуэныр зыхэтар икIи нэхъыфIу къалъытахэм щахэхуар. Исмэхьил и усэхэр альманахым зэрихуам къищынэмыщIауэ, ахэр «Урыс усыгъэм и антологие-2019» тхылъым итынухэми ящыщ хъуащ. Абы и усэхэр ихуакIэщ Къэзан къыщыдэкI «Идел» журналым, тэтэрыбзэкIэ зэдзэкIауэ.