КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек Хэкум и хъумакIуэм и махуэм теухуа и хъуэхъу

Къэбэрдей-Балъкъэрым щыпсэухэу пщIэ зы­хуэсщI­хэ!

Сынывохъуэхъу Хэкум и хъумакIуэм и махуэмкIэ! 
Нобэрей махуэшхуэр ди къэралым и армэмрэ флотымрэ я хахуа­гъэм и тхыдэм и нэщэнэщ. А махуэм дэ гушхуэныгъэ тхэлъу, пщIэ яхуэтщIу дигу къыдогъэкIыж Хэкум и щхьэхуитыныгъэмрэ щIыналъэр зыми и унафэ щIэмытынымрэ лIэщIы­гъуэ­кIэрэ щIэзэуа ди зауэлIхэр.
ФIыщIэ мыухыж яхудощI Хэку зауэшхуэм хэтахэм. Дэ зэи тщы­гъупщэнукъым ди къэралри дуней псори бий гущIэгъуэншэм къезыгъэла ди нэхъы­жьыфIхэр. Абыхэм я лIыгъэр, лIыхъужьыгъэр, ха­хуагъэр Хэкум худиIэн хуей лъагъуныгъэ гъунэн­шэм, дэтхэнэри хэкупсэ нэсу зэрыщытыпхъэм и щапхъэ сытым дежи тхуэхъунущ.
Нобэ дзэ къулыкъур щIыхь пылъу езыхьэкIхэми пщIэшхуэ яхудощI. Си гум къыбгъэдэкIыу со­хъуэхъу дзэ Iуэху хэхам хэту Хэкум и шынагъуэншагъэр, абы и къэкIуэнур лIыхъужьыгъэ яхэлъу зыхъумэ ­за­уэлIхэм. Абыхэм яхэтщ Къэбэрдей-Балъкъэрым и къуэ хахуэхэр.
Дэ дрогушхуэ абыхэм я зэфIэкIым икIи догугъэ ТекIуэныгъэр къахьауэ зэман гъунэгъум къагъэгъэзэжыну.
Узыншагъэ быдэ, зэIузэпэщыгъэ, ехъулIэныгъэ фиIэну сыныво­хъуэхъу.

Поделиться: